Document 4989780

advertisement
ФЫКЪЕДЖЭ,
УРЫСЫБЗЭК1Э ЗЭВДЗЭК1.
Лекцэм щ1эс студентхэр матхэ.
Залым щ1эс ц1ыхухэр уэрэджы1ак1уэм
йода1уэ.
Унэм щ1эт шкафым си тхылъхэр дэлъщ.
Ст1олым тет вазэр си анэм къищэхуащ.
Ростов еджап1э к1уа щ1алэр си дэлъхущ.
Пы1э плъыжь зыщхьэрыгъ хъыджэбз ц1ык1ур
си шыпхъущ.
ФЫКЪЕДЖЭ,
АДЫГЭБЗЭК1Э ЗЭВДЗЭК1.
тот, кто пишет
Как она работает?
тот, кто рисует
Как она готовит?
тот, кто поет
Как оно цветет?
Например, лажьэр –
тот, кто работает
Например, дауэ ар
зэрык1уэр? Как он идет?
Почему он идет?
Почему она бежит?
Почему он спит?
Например, сыт ар щ1элажьэр? Почему он
работает?
УПЩ1ЭХЭМ ЖЭУАП ИДОТ.
• ..., нобэ передачэм укъызэрык1уа джанэр
сыт хуэдэ? Сыт мыбы укъыщ1эк1уар?
• Дыгъуасэ еджап1эм ущы1а, ...? Сыт
университетым узэрык1уар?
• Хэт нобэ телевизорым еплъар? Сыт
узэплъар?
• Нобэ телефонымк1э упсэлъа? Хэт
узэпсэлъар?
• Дыгъуасэ хэт радиом едэ1уар? Сыт
узэдэ1уар?
• Хэт дыгъуасэ тыкуэным щы1ар? Сыт
тыкуэным ущ1эк1уар?
СТУДЕНТХЭР ГЪАТХЭМ
Астемыр: Студенткэхэм сэлам фызох. Дауэ
фыщытхэ?
Жаннэ: Упсэу, Астемыр, дыузыншэщ.
Залинэ: Ды1ейкъым! Ауэ ...
А.: Сыт ауэр, Залинэ?
З.: Гъатхэщ, дунейр хуабэщ...
А.: ... дахэщ, псори мэгъагъэ, ...
Ж.:... къуалэбзу ц1ык1ухэм уэрэд жа1э.
З.: Сыту ф1ыуэ слъагъурэ гъатхэ мазэхэр!
А.: Псом хуэмыдэу, жыгхэр щыгъагъэ зэманыр.
Пэжкъэ, Залинэ.
Ж.: Пэж дыдэщ, си ныбжьэгъу. Хэт ар ф1ыуэ
зымылъагъур?!
З.: Кхъы1э лекцэ нэужьым Налшык паркым
дывгъак1уэ.
А.: Парэ дапщэ фи1эжыр?
Ж.: Зы парэ.
А.: Арамэ, хъунущ. Ди ныбжьэгъухэми яжет1энщ.
Ж.: Хъарзынэ дыдэщ. Сыхьэтит1-щык1э паркым
къыщытк1ухьынщи, унэм дык1уэжынщ.
З.: Паркым и гъунэгъу кафе гуэрми шэджагъуашхэ
дыщышхэнщ.
А.: Тэмэмщ. Лекцэм щ1имыдзэ щ1ык1э, сэ щ1алэхэм
яжес1энщ, фэ хъыджэбзхэм яжеф1э.
Ж.: Иджыпсту псори дгъэгуф1энщ. Нак1уэ, Залинэ.
ДИАЛОГЫМ ИПКЪ ИТК1Э
УПЩ1ЭХЭМ ЖЭУАП ЕФТ.
Хэт сымэ диалогым щызэпсалъэр?
Сыт хуэдэ зэман студентхэр
зытепсэлъыхьыр (говорят, рассказывают)?
Сыт гъатхэм щхьэк1э зэныбжьэгъухэм
жа1ар?
Лекцэ нэужьым дэнэ студентхэр здэк1уэнур?
Паркым зэрык1уэнухэр хэт щ1алэхэм
яжезы1энур?
Хъыджэбзхэм-щэ?
Download