(на материалах словаря Ш.Ногмова). - Кабардино

advertisement
КАБАРДИНО-БАЛКАРСКИЙ ГОСУДАРСТВЕННЫЙ УНИВЕРСИТЕТ
им. Х.М. БЕРБЕКОВА
УНАТЛОКОВ В.Х., ЕЗАОВА М.Ю.
ЛЕКСИКОГРАФИЧЕСКИЙ ДИСКУРС
( НА МАТЕРИАЛАХ СЛОВАРЯ Ш.Б. НОГМОВА)
Учебные материалы для студентов кабардинского отделения
НАЛЬЧИК 2009
УДК 81`373(075.3)
ББК -4*81.2я73
Л 43
Рецензент:
доктор филологических наук, зав. отделом кабардинского языка
Кабардино-Балкарского института гуманитарных исследований
Б.Ч. Бижоев
В работе рассматриваются особенности словарной статьи, выявляются
структурообразующие
и
концептуальные
принципы
ввода
лексикографической информации, а также повествовательное начало
словарных статей.
Словарная статья рассматривается в диахроническом плане с элементами
этимологического анализа на основе словаря Ш.Ногмова
Предназначено для студентов,
«Кабардинский язык и литература».
обучающихся
по
специальности
Работа выполнена при поддержке методического кабинета Интитута ФилологииКБГУ
2
БЭРБЭЧ ХЬ.М. И ЦIЭР ЗЕЗЫХЬЭ КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭР
КЪЭРАЛ УНИВЕРСИТЕТ
Тау Хь.Т1.,УнэлIокъуэ В.Хь., Езауэ М.Ю.
ЛЕКСИКОГРАФИЕ ДИСКУРС
(НЭГУМЭ ШОРЭ И АДЫГЭ - УРЫС ПСАЛЪАЛЪЭМ ЕХЬЭЛ1АУЭ)
Адыгэ отделенэм щеджэ студентхэм папщ1э
Налшык 2009
3
ХЭЗЫГЪЭГЪУАЗЭ
Лексикографие жыхуиIэ гурыIуэгъуэм (е фIэщыгъэцIэм) къызэщIеубыдэ
бзэм
хэт
псалъэхэр
зэхуэхьэсыным,
абыхэм
я
лъэныкъуэ
гуэрхэм
тепсэлъыхьауэ тхылъ (псалъалъэ) щIыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр. Езы
фIэщыгъэцIэр (терминыр) алыджыбзэм къыщыхъуащ икIи IыхьитIу зэхэлъщ:
лексикэ (псалъэ) + графие (тхын). Лексикографие терминыр щыжытIэкIэ,
псом япэу абы ди нэгу къыщIигъэхьэр псалъалъэхэр аращ.
АтIэ, адыгэ лексикографиер дауэ зэрызэфIэувар икIи хэт сымэ абы
хэлэжьыхьар? А упщIэм и жэуапыр тхыдэмкIэ къыщIэбдзэ хъунущ. Тхыдэм
и гугъу щыпщIкIэ къыжыIапхъэщ адыгэ псалъэхэр зэхуэхьэсын зэрыщIадзэрэ
илъэс щищым щIигъуауэ зэрыщытыр. Япэ дыдэу адыгэ псалъэхэр тхын
щIэзыдзар тырку зекIуэлI цIэрыIуэ Эвлия Челебиуэ хуагъэфащэ. ЗэманкIэ ар
зыхуэзэр 1662-1664 гъэхэрщ. ЗекIуэлIым икIи тхыдэтхым хьэрып хьэрфхэр
къигъэсэбэпурэ итхыгъащ адыгэ псалъэ 24-рэ, псалъэ зэпхахэу 19. Челеби
зэхуихьэса псалъэхэр, Блейштайнер япэу гу зэрылъитащи, адыгеибзэм нэхъ и
гъунэгъущ.
Тхауэ къэбэрдей псалъэ дунейм нэхъ пасэ дыдэу къытехьауэ убж хъунур
нэмыцэ дохутыр Дрешер 1688-I689 гъэхэм Къэбэрдейм щызэхуихьэсахэрщ.
Имеретием и джыназ Арчил Мэзкуу къыщикIыжым, и гъусэу къыздиша
Дрешер Къэбэрдеймрэ Осетиемрэ къыщызэтеувыIэри псалъэ зыбжанэ латин
хьэрфхэмкIэ итхыгъащ. А псалъэхэр иужькIэ голланд географ Николай
Витсен Iэрохьэри «Северная и Восточная Татария» жыхуиIэ и тхылъым и
етIуанэ къыдэкIыгъуэм хэту Амстердам 1705 гъэм къыщытрегъадзэ.
АтIэ сыт хуэдэ псалъэ илъэс щищ и пэкIэ къэбэрдейхэм нэхъ
къагъэсэбэпу щытахэр? Мис абы щыщхэр нобэрей алыфбейм тету ттхыжауэ:
вы, мэл, уэс, уэшх, бжэмышх, кхъуэ, мывэ, дыгъэ, жэщ, нобэ, дыщэ, дыжьын,
гъущI, уэщ, тхьэ, уафэ, пшагъуэ, мазэ, вагъуэ, махуэ, пщыхьэщхьэ, кIыфI,
цIыху, пэ, щхьэ, куцI, натIэ, нэбжьыц, нэ, пащIэ, жьакIэ, дзэ, бзэгу, напэ,
тхьэкIумэ, Iу, пщэдыкъ, Iэ, Iэгу, Iэпхъуамбэ, дзажэ, ныбэ, быдз, кIэтIий,
бынжэ, лъэгуажьэ, лъэ, лъэгу, лы, илъэс, щIымахуэ, гъэмахуэ, гъатхэ, щIыIэ,
4
хуабэ, псынэ, мэкъу, удз, шы, шыбз, унэ, мывэ хужь (известняк), пхъэбгъу,
щхьэгъубжэ, ятIэ, жыг хадэ, Iэнэ, къупщхьэ, щтамылэ, бдзапцIэ, жэз, щIыб,
губгъуэ, бжэ, къэтал, шырыкъу, джэд, къаз, дзыдзэ, мыщэ, щыхь, махъшэ,
тхьэкъаз (лебедь), къру, бжьэ, къанжэ, мэз, тенджыз, тIы, шкIэ, гъунэгъу,
малъхъэ, пщыгъуэ, нысэ, сампIэ, щтауч, сабэ, фIамыщI, бурш, аркъэ, щIопщ,
щIакIуэ, сагъындакъ, джатэ, фоч, нэгъуэщIхэри. Псори зэхэту Дрешер и
псалъэтхылъым къызэщIеубыдэ псалъэ 233. Абы къэбэрдей псалъэу хэтщ
128, осетин псалъэу – 17, зыщыщыр мыубзыхуауэ – 23-рэ.
1730 гъэм Стокгольм нэгъуэщI зы тхылъи дунейм къыщытехьауэ
щытащ, Филипп Иоганн фон-Штраленберг и IэдакъэщIэкIыу. Абы ихуащ
адыгэ псалъэу 21-рэ. XIII лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм къэбэрдей псалъэ зыкъом
зэхуихьэсащ академик И.А. Гюльденштедт, 1770-1775 гъэхэм Кавказыр
къызэхэзыкIухьам. Ар щыIащ Къэбэрдей ЦIыкIум (Джылахъстэнейм),
Дагъыстаным, Шэшэным Мыщхъышым, Осетием, академик Бакмайстер и
лъэIукIи кавказыбзэ псалъэхэр зэхуихьэсауэ щытащ. А лъэхъэнэм Екатеринэ
ЕтIуанэм и унафэкIэ бзэмрэ литературэмрэ елэжь Урысей академием
зэхилъхьэрт, зэи щымыIауэ, бзэ псоми я псалъэтхылъ инышхуэр –
«Сравнительные словари всех языков и наречий» зыфIащар. Академик
Гюльденштедт зэхуихьэсащ къэбэрдей псалъэу 87-рэ, псалъэ зэпхауэ 23-рэ,
бжыгъэцIэхэу 1-м къыщыщIэдзауэ 1000-м нэс. ИужькIэ ахэр академик П.С.
Паллас къигъэсэбэпащ зи цIэ итIуа псалъэтхылъыр, 1787 – 1789 гъэхэм
томитIу дунейм къытехьар, щызэхалъхьэм. Абы урыс псалъэ 285-рэ бзэ 2000кIэ щызэрадзэкIащ: азиатыбзэу 149-кIэ, европеибзэу 51-кIэ. а томитIым итщ
къэбэрдей псалъэ 500-м нэс.
Къэбэрдей-шэрджэс псалъэхэм дащрохьэлIэ нэгъуэщI еджагъэшхуэхэм,
зекIуэлIхэм я тхыгъэхэми. Паллас и лэжьыгъэхэм къыхагъуэтащ шэрджэскъэбэрдей псалъэу 284-рэ, бжыгъэцIэхэр щIыгъуу. Клапрот и тхылъым,
томитIу Берлин 1812-1814 гъэхэм къыщыдэкIам, итщ адыгэ псалъэ 78-рэ,
шэрджэс грамматикэ кIэщI и гъусэу. Мыбы итщ псалъэуха 16. XIX
лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм къэбэрдей-шэрджэс псалъэ 600-м нэс итхащ
5
академик Шегрен. Адыгэ псалъэ зыбжанэ ущрохьэлIэ нэгъуэщI Европей
щIэныгъэлI куэдым я тхыгъэхэми. Абыхэм хэпхъауи зэщIэгъэуIуауи итщ
къэбэрдей-шэрджэс псалъэу щищым нэс, бжыгъэцIэхэмрэ махуэцIэхэмрэ
щхьэхуэу щIыгъуу. Адыгэ этнографизм, историзм, экзотизм – зэбдзэкI
мыхъу, урыс эквивалент зимыIэ псалъэхэу – зыкъомым ущрохьэлIэ ди
щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым проф. В.К. Гардановым и редакцэкIэ
къыдигъэкIа «Адыги, балкарцы и карачаевцы в известиях европейских
авторов XIII-XIX вв.» (Налшык, 1974) тхылъым.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зи цIэ къитIуа псоми адыгэ псалъэхэр тэмэму
къагурыIуакъым, абы къыхэкIкIи ахэр зэблэша хъуащ. Абыхэм къагъэсэбэпа
алфавитхэм хэт дамыгъэхэр адыгэбзэм макъхэм хуэдиз зэрымыхъум Iуэхур
нэхъри зэIигъэхьащ. А псом къыхэкIкIэ мы зи гугъу тщIа тхыгъэхэм мыхьэнэ
щIагъуэ яIэкъым бзэщIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ.
Мыхьэнэшхуэ ди зэманми зиIэ япэ адыгэ-урыс псалъалъэр зэхэзылъхьар
Нэгумэ Шорэщ. Ар езыр адыгэу зэрыщытри, абы нэмыщIкIэ адыгэбзэм и
макъхэр нэхъ къызэщIэзубыдэ алфавит зэриIэри сэбэп хъуащ абы зэхилъхьа
адыгэ-урыс псалъалъэм адыгэ псалъэхэр нэхъ тэмэму тха зэрыщыхъуамкIэ.
Къэбэрдей-шэрджэсыбзэр джыным, абы и псалъэхэр зэхуэхьэсыным,
псалъалъэ Iуэхум елэжьыным и лъэхъэнэщIэр епхащ Нэгумэ Шорэ. Аращи,
япэ дыдэ, дэ нобэ зэрытщIэмкIэ, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа цIыхум адыгэ
(къэбэрдей)-урыс псалъалъэ зэхилъхьауэ къэплъытэ хъунущ 1830 гъэхэм.
Нэгумэ Шорэ Бэчмырзэ и къуэр 1794 гъэм Жыцу псы Iуфэм Iуса адыгэ
къуажэ цIыкIум къыщалъхуащ. Ар къызыхэкIар уэркъ унагъуэщ. Япэ
лъэхъэнэм, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, ар къуажэ ефэндым деж щеджащ.
ЩIэныгъэм дихьэха щIалэм абы пищэну мурад ещIри Дагъыстаным щыщ
Эндери къуажэм дэт еджапIэм щIотIысхьэ. И егъэджакIуэхэм я фIыгъэми е
езым и еращыгъым къыхэкIами, и зэманым тепщIыхьмэ, щIэныгъэфI иIэу а
еджапIэр абы къеух. Нэхъ иужьыIуэкIэ Нэгумэм цIыхугъэ хуэхъуа урыс
усакIуэ С.Д. Нечаевым зэритхыжамкIэ, Шорэ абы щыгъуэ бзитху ищIэрт:
хьэрыпыбзэр, персыбзэр, тыркубзэр, абазэбзэр, урысыбзэр [17].
6
Зи хэку къэзыгъэзэжа щIалэр къуажэ ефэндыуэ ягъэув, ауэ а лэжьыгъэр
абы игу ирихьыркъым. Аращ абы и лэжьыгъэр къигъанэу урысыдзэм
къулыкъу щищIэу щIыщIидзар. «Илъэс зытIущкIэ лэжьыгъэ щхьэхуэхэр
игъэзэщIа нэужь, Нэгумэм полк тхакIуэ къалэныр къыхуагъэфащэ. А
къулыкъур щызэрихьа илъэсхэм абы урысыбзэр нэхъри нэхъ кууужу
зрегъащIэ, и лъэпкъым тхыгъэ хузэгъэпэщынымкIи дэIэпыкъуэгъу ар ищIыну
яужь йохьэ» [6]. Къыдалъхуахэм тхыбзэ хузэхилъхьэну мурадыфI ищIахэм я
гъэзэщIэным а илъэсхэрщ Нэгумэм щыщIидзар.
Абы щыхьэт тохъуэ а зэманым цIыхугъэ абы къыхуэхъуа С.Д. Нечаевым
итхыжахэр. А Iуэхум тепсэлъыхьыну абы 1826 гъэм и тхыгъэхэм ящыщ зым
мыпхуэдэу щыжиIащ: «Муслъымэн диныр къызэращтэ лъандэрэ, хьэрып
шрифтыр къагъэсэбэпурэ, шэрджэсхэр я бзэкIэ матхэ. Ауэ шэрджэсыбзэм
макъыу иIэ псори къэбгъэлъэгъуэну хьэрыпыбзэ хьэрфхэр зэрыримыкъум
къыхэкIкIэ, шэрджэсхэм (адыгэхэм) папщIэ азбукэ щхьэхуэ зэхэлъхьэн
зэрыхуейр къыгурыIуауэ, абыхэм я уэркъхэм щыщу зым, мыбы къакIуэ
псоми яцIыхуу щыт Шорэ, и мурадщ апхуэдэ азбукэ зэригъэпэщу
правительствэм и деж иригъэхьу трыригъэдзэну. Азбукэр къыдэкIа нэужь,
грамматикэм и хабзэри къихутэн мурад иIэщ» [17, 37].
Бзэ куэд зэрищIэм, лъэпкъ тхыдэм и къызэгъэпэщыным зэрелэжьым
къыхэкIкIэ, 1828 гъэм Нэгумэр Налшык къагъэкIуэж, шэсыпIэу абы щаIыгъ
бгырыс сабий цIыкIухэр иригъэджэну. Ахэр Нэгумэ Шорэ хуригъэджащ
урысыбзэмрэ тыркубзэмрэ икIи а лъэхъэнэм а еджапIэм и лэжьыгъэр
зэрекIуэкIым нэIуасэ зыхуэзыщIа щIэныгъэлI зэхуэмыдэхэм зэакъылэгъуу
зэратхыжыгъамкIэ, зэман кIэщIым къриубыдэу абы ехъулIэныгъэфIхэр
зыIэригъэхьат.
Нэгумэ Шорэ 1830 гъэм Бытырбыху макIуэ икIи абы къулыкъу щищIэу
щIедзэ Кавказ-Бгырыс эскадрон ныкъуэм. Урысей щыхьэрым къыщыса япэ
махуэхэм къыщегъэжьауэ мурад ищIахэр зэригъэзэщIэным нэхъри ерыщу ар
яужь йохьэ. Абы зыпещIэ университетым и егъэджакIуэхэм, езыми езэш
имыщIэу щIеджыкI урыс тхыдэр, нэхъ куууэ зэрегъащIэ урысыбзэр. И
7
лэжьэкIэм теухуауэ иужьыIуэкIэ Нэгумэм мыр итхыжыгъауэ щытащ:
«Бытырбыху къулыкъу щысщIэну сыкъэса нэужь, къаруушхуэкIэ си гум
къыщызэрыIэтащ грамматикэ стхыну, икIи дзэ къулыкъум сыкъыдэхуа
нэужь, урысыбзэмрэ урыс грамматикэмрэ джыным си зэман псори
тызогъэкIуадэ» [21]. Бытырбыху зэрыдэса илъэситхур Нэгумэм пщIэншэу
игъэкIуэдакъым, нэгъуэщIыбзэхэр, абыхэм я зэхэлъыкIэхэр, я литературэхэр
нэсу джыным и мызакъуэу, абы къихутащ лэжьыгъэ иригъэкIуэкIыну и
мурадхэм гъуазэ хуэхъун Iуэхугъуэхэри.
Бзэ куэд зыщIэ щIэныгъэлIыр нэхъ къыщысэбэпыну къалъытэри, Нэгумэ
Шорэ 1835 гъэм Кавказ корпус щхьэхуэм къагъэкIуэж. Тифлис къэIэпхъуа
нэужь, Шаховский джыназым и унэм, Шорэрэ бгырыс лъэпкъыбзэхэм елэжь
урыс академик цIэрыIуэ Шегренрэ япэу щызэхуозэ. БзэщIэныгъэм теухуауэ
куэд зылэжьа Шегрен Адрей Михаил и къуэр Урысейми, Финляндиеми,
Кавказми, псом хуэмыдэу адыгэхэм я деж, щыцIэрыIуэт. Ар ящыщт
дунейпсо щэнхабзэм лэжьыгъэшхуэ хэзылъхьахэм.
Шегренрэ Шорэрэ я кум ныбжьэгъугъэ гуапэ къыдохъуэ икIи
бзэщIэныгъэм теухуауэ зэдэлажьэу щIадзэ. Урыс щIэныгъэлIым Нэгумэр
егъэгушхуэ, и лэжьыгъэхэр зэрыригъэкIуэкIын хуей щIыкIэхэр къыжреIэ, и
щыуагъэхэр
ирегъэлъэгъуж.
Академикым
егъэщIагъуэ
«зи
цIыхухэр
ныкъуэлIэу» ябж Кавказым къыщалъхуа щIалэр адыгэбзэ грамматикэ
тхыным зэрыпэлъэщыр. Урыс тхэкIэм хуэIэзэ хъуа Шорэ и гупсысэкIэр
егъэщIагъуэ. Шегрен и гукъэкIыжхэм итщ мыпхуэдэу: «1835 гъэм и
жэпуэгъуэ мазэм Шаховский джыназым деж сыщыIэу срихьэлIат зы адыгэ
щIалэ, иужькIэ ныбжьэгъушхуэ схуэхъуам. Ар бзэхэм елэжь Бекмурзин
Шорэт. Акъылышхуэ зиIэт. Илъэситху хуэдизкIи Бытырбыху дэсат тхыдэмрэ
бзэхэмрэ елэжьу. Абы игъусат щIэныгъэлI барон Розен. Ар къыдэIэпыкъуурэ
щIалэм зэхилъхьат адыгэ грамматикэ, урыс азбукэр къигъэсэбэпурэ» [41] .
Кавказ лъэпкъэм я бзэм елэжьу а зэманым щыIар Шегрен Андрей
Михаил и къуэрт. Шорэ и Iэрытхыр икъукIэ гъэщIэгъуэн къыщыхъуауэ,
адыгэбзэм и фонетикэри, лексикэри, морфологиери иджт. Зи бзэ фIыуэ
8
зыщIэж цIыхущ абы и грамматикэри зэхэзылъхьэфынур. Шорэ апхуэдэт.
Адыгэ щIэныгъэлIым и грамматикэр дунейм къытригъэхьэн папщIэ, Шегрен
ечэнджэщри зригъэзэхуэжуи щIидзат.
Апхуэдэу академикыр псэм дыхьэу щIэупщIэрт – урыс-кавказ зауэ
кIыхьлIыхь хъуам къиша гузэвэгъуэр зыхуэдэм.
Шорэ щIэныгъэлIым хуеIуатэ ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм я
къекIуэкIыкIар, я гъащIэр гугъуу зэрыщытар. Хуиту псэууэ, лажьэу, шхэжу,
диныр яIыгъыжу къекIуэкIа адыгэ лъэпкъхэр – абазэхэр, шапсыгъхэр,
бжьэдыгъухэр, къэбэрдейхэр… псори, пащтыхьым и дзэм зэхэзехуэн ещI.
Ауэрэ адыгэ лъэпкъым фIокIуэд и цIыхури, и щIыналъэри, и хуитыныгъэри.
Апхуэдэ гузэвэгъуэхэр къызэрыхъунум пасэу гу лъитат адыгэ лIы губзыгъэм.
–
Ди
гъунэгъу урысхэми, къуршым адэкIэ щыпсэу сонэхэмрэ
ермэлыхэмри езыхэм я алыфбеи, я тхыбзи яIэжщ. Дэ, адыгэхэр, дызэрытхэну
алыфбей къудей диIэкъым, тхылъ дэнэ къэна. Сытым щыгъуэу пIэрэ
щIэныгъэм и нэхур ди деж щыщыблэнур?
Адыгэхэм я къекIуэкIыкIар Шегрен фIэгъэщIэгъуэн щохъу, псом
хуэмыдэу игъэщIэгъуапэр Нэгумэм куэдым зэрыхищIыкIырт. Аргуэру
къытригъэзэжурэ и грамматикэм топсэлъыхь, зэрыхузэфIэкIкIи сэбэп
къыхуохъу.
А тIур щызэхуэзэжат Псыхуабэ и гъунэгъуу щыIэ Карас колонием.
ИужькIэ Шорэ Шегрен Къармэхьэблэ ирегъэблагъэри хьэщIэ лъапIэр
лъэпкъым, Шорэ и щхьэгъусэ Сэлимэт, и къуэ Ерустам ярегъэцIыху.
1830-1840 гъэхэм Псыхуабэ и псы хущхъуэхэм куэдрэ къакIуэу щытащ
Бытырбыху
ЩIэныгъэмкIэ
и
академием
хэтхэр.
Нэгумэм
абыхэм
захуигъазэрт, ечэнджэщт бзэм и зэхэлъыкIэм, азбукэм, фонетикэм, тхыдэм
теухуауэ. Шегрен Шорэ елъэIут: «Уэ си ныбжьэгъу, щIэныгъэфI уиIэщ,
накIуэ
Бытырбыху,
бзэщIэныгъэмкIи
дыбдэIэпыкъунщ,
къалэм
и
библиотекэхэм, архивхэм ущылэжьэнщ». Шорэ щIеджыкI Урысейм и тхыдэр,
и литературэр, и щэнхабзэр. Абы фIыуэ иджат икIи гъэщIэгъуэни
къыщыхъуат тхыдэтх цIэрыIуэ Карамзин Николай «Урысей къэралыгъуэм и
9
тхыдэ» том 12 хъу тхылъыр. Абы итт адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ
къызэрекIуэкIари.
Урысеймрэ
Къэбэрдеймрэ
зэпыщIэныгъэу
яIар
зыхуэдизри, урыс пащтыхь Иван Грознэм Темрыкъуэ пщым ипхъу Гуащэнэ
къызэришауэ щытари, килограммищ зи хьэлъагъ дыщэ фалъэ тыгъэ
къызэрыхуищIари… Нэгумэм и «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм» и япэ
напэкIуэцIхэм уащрохьэлIэ Карамзин и цIэм.
Нэгумэ Шорэ Бытырбыху здэщыIэм куэдым щыгъуазэ хуохъу, абы
егъэщIагъуэ урысыбзэм и къулеягъыр. И тхыгъэхэр хьэзыр ищIа нэужь,
псори
зэщIекъуэри
ЩIэныгъэмкIэ
академием
макIуэ,
иужь
дыдэу
щIэныгъэлIхэри хигъэплъэжыну АрщхьэкIэ, 1844 гъэм мэкъуауэгъуэм и I0-м
зэуэзэпсу дунейм йохыж. ЗэрыжаIэжымкIэ, абы и дыуэщIым хэтат Кавказбгырыс полуэскадроным къулыкъу щызыщIэ адыгэ шууейхэр, Царскэ Селом
дэт Павловскэ кIэдет корпусым щеджэ уэркъ бынхэр, тэтэр-муслъымэнхэр,
щIэныгъэлI цIэрыIуэхэу, и ныбжьэгъухэу Шегрен Андрей, Адольф Берже
сымэ,
нэгъуэщIхэри.
ЗдыщIалъхьар
Бытырбыху
къалэкIэм
щыIа
муслъымэныкхъэрт.
Нэгумэ Шорэ дунейм ехыжа нэужь академикхэу Бержерэ Шегренрэ
тхыгъэкIэ зыхуагъазэ щIэныгъэ IуэхухэмкIэ Урысейм и министр Уваровым:
«Зиусхьэн граф Уваров! Адыгэ щIэныгъэлI Нэгумэ Шорэ Бэчмырзэ и къуэм
къыщIэна тхыгъэхэр псори ар зи къалэну щыт ЩIэныгъэхэмкIэ академием
имыхъумэфыну пIэрэ? Хэт ищIэрэ, зы зэман гуэр дэкIмэ, Нэгумэ Шорэ и
лэжьыгъэм пызыщэн, и ужьым ирикIуэн адыгэм къыхэкIынкIэ хъунщ» [30].
Шегрен Адрей Михаил и къуэр зэрыпсэуар илъэс 60 къудейт. А зэманым
къриубыдэу абы бзэхэм теухуауэ куэд хузэфIэкIат. Абы тхылъ щиплIым
щIигъу зэхуихьэсати, ЩIэныгъэхэмкIэ академием и библиотекэм иратыжат.
Шегрен дунейм зэрехыжрэ илъэс 200 щрикъум ар щыпсэуа Бытырбыху и
Васильевскэ хытIыгум и ебланэ линэм тет унэм и блыным фэеплъ пхъэбгъу
кIэраIулIащ.
Шегрен А.М. бзэ куэд зыщIэ щIэныгъэлIу дунейм тетащ. Адыгэхэм,
сонэхэм, къущхьэхэм, осетинхэм, куржыхэм, нэгъуэщIхэми теухуауэ тхыгъэ
10
куэд зэхуихьэсат абы. Академикым и архивым хэлъу зыкъомрэ яхъумащ
дунейм ехыжа адыгэлI Нэгумэм и тхыгъэ «Адыгэ лъэпкъым и тхыдэр», абы и
грамматикэри, алыфбейри, IуэрыIуатэ уэрэдыжьхэри дэщIыгъуу. Псэу
щIыкIэ а къомыр шведыбзэкIэ зэредзэкIри томитI хъууэ Финляндием и
архивым щахъумэну ярет. ИужькIэ а псоми елэжьын папщIэ щIэныгъэлI
Турчаниновым шведыбзэ зрегъащIэ.
ФIыщIэ ин зыхуэфащэ тхыдэтх цIэрыIуэ, филолог гъуэзэджэ Нэгумэ
Шорэ илъэс куэд лъандэрэ зэлэжьа Iэрытхыу къыщIэнахэр академикхэу
Адольф Берже, Шегрен Андрей, иужькIэ профессор Турчанинов Георгий
Федор и къуэм сымэ напэкIуэцI зырызурэ зрагъэзэхуэжурэ ямыджатэмэ,
тхылъу къыдэкIыну хуамыгъэхьэзыратэмэ, а псор лъэужьыншэ хъуну
къыщIэкIынт. Зи цIэ къитIуа еджагъэшхуэхэм абы и лъэныкъуэкIэ пщIэшхуэ
яхуэфащэщ.
Лэжьыгъэм и мыхьэнэр. Адыгэ лъэпкъыр зэрыбжьыфIэ цIыху нэхъыфI
дыдэхэм ящыщ зыщ Нэгумэ Шорэ. Дунейм зэрехыжрэ илъэсищэрэ щэ
ныкъуэм щIигъуа пэтми, гуапэу, IэфIу ноби адыгэгум илъщ а цIэ лъапIэр.
Лъэпкъ фIылъагъуныгъэр абы езым къизэужащ и къарукIэ, и псэемыблэж
лэжьыгъэкIэ. Аращ лъэпкъ тхыдэр джыным япэ яужь ихьар, анэдэлъхубзэм
тхыбзэ хузэзыгъэпэщар, абы и ухуэкIэ-гъэпсыкIэхэр къэхутэным щIэзыдзар,
адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэзыхьэсар, лъэпкъ литературэм и япэ лъэбакъуэри
лъэпкъ щIэныгъэм и къежьапIэ япэ еджапIэри зэпхар, ауэ мы лэжьыгъэ
мащIэмкIэ дэ Нэгумэм и творчествэ псор тхузэпкърыхынкъым. Ар
къэтлъытэри, методическэ лэжьыгъэм щызэпкърытхащ Нэгумэ Шорэ 18301840 гъэхэм итха «Адыгэ-урыс псалъалъэ» лэжьыгъэм и купщIэр икIи
къэдгъэлъэгъуащ адыгэ лексикографиер зэфIэувэнымкIэ абы мыхьэнэуэ иIар,
фонетикэм и тхыдэр джынымкIэ сэбэпышхуэ а псалъалъэр зэрыхъур.
Мурадымрэ къалэнымрэ. Лэжьыгъэм дыщыбгъэдыхьэм мураду диIащ
адыгэ
узэщIакIуэ
Нэгумэ
Шорэ
и
«Адыгэ-урыс
псалъалъэм»
иIэ
щхьэхуэныгъэхэм дытепсэлъыхьыну, абы адыгэ лексикографием щиубыд
увыпIэр дгъэбелджылыну. Ар нэсу гъэзэщIа хъун папщIи мыпхуэдэ
11
къалэнхэр зэхуэдгъэувыжащ: 1) Нэгумэ Шорэ и псалъалъэр зэрызэхэлъымрэ
зэрыухуамрэ къагъэлъэгъуэн; 2) Нэгумэ Шорэ итха псалъалъэм и фонетикэр
гъэбелджылын; 3) псалъалъэм къызэщIиубыдэ тематикэхэм тепсэлъыхьын; 4)
псалъалъэр зэритхрэ зэман куэд зэрыдэкIам къыхэкIыу, зи мыхьэнэр
къыбгурымыIуэж,
адыгэбзэм
хэмытыж
псалъэхэр
къыхэтхыкIын;
5)
архаизмхэр, историзмхэр, анахронизмхэр зи гугъу тщIы псалъалъэм
къызэрыщыгъэлъэгъуам кIэлъыплъын; 6) псалъалъэм къыщыгъэлъэгъуа
щыIэцIэ унейхэм я къэгъэсэбэпыкIэр къыхэтхыкIын, нэгъуэщIхэри.
Псалъалъэм дыщIытетхыхьар. ЛIэщIыгъуэ кIуам и зэман нэхъ хьэлъэ
дыдэрщ Нэгумэм и лэжьыгъэм щыщIидзар. Абы и зэранкIи щIэныгъэлI
гъуэзэджэм мураду ищIа псори гъащIэм щигъэзэщIэн щыхузэфIэкIакъым:
абы ирихьэжьа Iуэху хьэлэмэтхэм къару фIыцIэу пэщIэтащ урыс пащтыхь
залымри адыгэ пщыжь-уэркъыжь ерухэри. Апхуэдэу щытми, Нэгумэм и
лэжьыгъэфIхэр псыхэкIуадэ хъуакъым, абы и Iуэху инхэр дэзыIэтын, абыхэм
зезыгъэужьын, пызыщэн щIэныгъэлIхэр лъэпкъым къыхэкIащ, а цIыху
гъуэзэджэм иIа хъуэпсапIэ инхэр ягъэзэщIэни абыхэм яхузэфIэкIащ, ауэ
Нэгумэ Шорэ итха «Адыгэ-урыс псалъалъэ» лэжьыгъэм гулъытэ щIагъуэ
игъуэтакъым зэкIэ. Аращ нэхъыщхьэу ди лэжьыгъэри абы щIытедухуар.
Лэжьыгъэр къыщыбгъэсэбэп хъунущ Нэгумэ Шорэ и творчествэм
ехьэлIа урокхэр курыт еджапIэхэм щеджэ еджакIуэхэм щрагъэджкIэ, адыгэ
лексикографием ехьэлIа упщIэхэр студентхэм щызэпкърахкIэ, пасэрей
адыгэбзэм и фонетикэр щаджкIэ, архаизм, историзм, анахронизм псалъэхэм я
лексико-семантикэмрэ номинативнэ къэкIуэкIэхэмрэ щаубзыхукIэ, адыгэ
лексикографием
ди
щагъэбелджылыкIэ,
зэманым
игъуэта
щIэныгъэлIхэм
зэмылIэужьыгъуэхэр щызэхалъхьэкIэ.
12
когнитивнэ
бзэщIэныгъэм
зыужьыныгъэр
ехьэлIа
псалъалъэ
1. НЭГУМЭ ШОРЭ И ПСАЛЪАЛЪЭР ЗЭРЫУХУАМРЭ
ЗЭРЫЗЭХЭЛЪЫМРЭ
Нэгумэ Шорэ итха «Адыгэ-урыс псалъэлъэ» лэжьыгъэр ди пащхьэ
къизылъхьэжар
щызэхуэхьэса
Г.Ф.
Турчаниновырщ.
«Филологие
лэжьыгъэхэр»
Нэгумэ
жиIэу
Шорэ
Г.Ф.
и
Iэрытххэр
Турчаниновым
къыдигъэкIа томитIым и япэ томым ихуащ Нэгумэ Шорэ и «Адыгэ-урыс
псалъалъэ» лэжьыгъэр. Псалъэлъэм напэкIуэцIу 110-рэ еубыд (132-м
къыщыщ1эдзауэ 242-м нэс). Зи гугъу тщIы «Адыгэ-урыс псалъалъэ»
лэжьыгъэм къызэщIеубыдэ псалъэ 4253-рэ, цIэ унейуэ 211-рэ. ИщхьэкIэ
зэрыщыжытIащи, Нэгумэ Шорэ и «Адыгэ-урыс псалъалъэ» лэжьыгъэр XIX
лIэщIыгъуэм и 30-гъэхэм зэхилъхьауэ щытми, ар дунейм къыщытехьар,
тхылъеджэхэм ди деж къыщысар 1956 гъэрщ [еплъ, 19]. ИщхьэкIэ
зэрыщыжыт1ащи, тхылъыр зыгъэхьэзырар Г.Ф. Турчаниновырщ.
ЗанщIэу жытIэнщи, «Филологие лэжьыгъэхэр» жыхуиIэм и япэ томыр
зэрыщыту псалъалъэу щыткъым. Тхылъыр къызэIуех Г.Ф. Турчаниновым
итха «пэщIэдзэ» кIэщIымкIэ (нап. 5-6). АдэкIэ тхылъым къыщокIуэ Нэгумэ
Шорэ и гъащIэмрэ и лэжьыгъэмрэ теухуа тхыгъэшхуэ. Абы зыубгъуауэ
къыщыгъэлъэгъуащ Нэгумэ Шорэ и гъащIэ гъуэгуанэр, ар щIэныгъэм и
лъагъуэм зэрытехьа щIыкIэр, А. Берже, С.Д. Нечаев сымэ Шорэ теухуауэ
ятхахэр. Шегрен Андрейрэ Нэгумэ Шорэрэ я зэныбжьэгъугъэм теухуауэ куэд
къыхощ мы тхыгъэм икIи А.М. Шегрен и сурэтыр къыщыгъэлъэгъуащ
напэкIуэцI псор иубыду.
Нэгумэ Шорэ и «Адыгэ-урыс псалъалъэ» лэжьыгъэр езым зэритхауэ
щытар тематикэ и лъэныкъуэкIэ зэпыудауэт: «цIыху» гурыIуэгъуэм ехьэлIа
псалъэхэр зыщIыпIэм, «щыгъын» гурыIуэгъуэм епхахэр – нэгъуэщI щIыпIэм,
«ерыскъым» ехьалIахэр ещанэ щIыпIэм, апхуэдэурэ псалъэхэр гуп-гупурэ
темэкIэ къыщыгъэлъэгъуат. Ауэ Г.Ф. Турчаниновым иджырей тхылъеджэхэм
дежкIэ нэхъ тынш хъун щхьэкIэ, «Адыгэ-урыс псалъалъэм» ит псалъэхэр
Нэгумэм и алфавитым тету щызэкIэлъихьащ. ЗэрытщIэщи, Нэгумэ Шорэ и
алфавитыр урыс графикэм туту тхащ. Псалъалъэм и пэм къыщыгъэлъэгъуащ
13
цIэ гъэкIэщIахэмрэ къигъэсэбэпа дэмыгъэхэмрэ зыгъэбелджылы тхыгъэ
кIэщI. Апхуэдэу «Адыгэ-урыс псалъалъэ» лэжьыгъэм и япэ напэкIуэцIым и
Iэрытхым и копие къыщыгъэлъэгъуащ.
Г.Ф. Турчаниновыр зэреплъымкIэ, Нэгумэм и псалъалъэм лъабжьэ
хуищIар хьэзыру щыIэ урыс словарникырщ, ар къыздикIар иджыри къэскIэ
мыIупщIми. «Хуэбгъэфащэ хъунущ, – жеIэ Апажэ Мухьэмэд, Нэгумэм
псалъалъэр щитхым езым и ныбжьэгъу, и егъэджакIуэ А.М. Шегрен хуабжьу
къыдэIэпыкъуауэ икIи а лэжьыгъэр щигъэзащIэм куууэ къигъэсэбэпауэ
къыщIэкIынущ Н.И. Греч и орфографическэ псалъалъэмрэ, практическэ урыс
грамматикэмрэ» [4, 310].
Алфавитым
тету
псалъалъэм
къыщыхьа
псалъэхэм
мыпхуэдэ
къэгъэлъэгъуэкIэ яIэу щытщ (псалъалъэм зэрит дыдэм хуэдэу щапхъэхэр
къыдохь):
А
аддем и адер – дед. Совр. адэм и адэр – дед.
аддешибх˙у – тётка. Совр. адэшыпхъу – тётка (по отцу).
адhжина – жаворонок. Совр. адэжынэ – птица, похожая на перепелку.
Б
бабиш – утка. Совр. бабыщ – утка.
баджh – лиса. Совр. бажэ – лиса.
баджhшир – лисёнок. Совр. – бажэ шыр – лисенок., букв.: “лисадетеныш”. Ср. адыг. баджэшыр – лисёнок.
В
вапh – пашня. Совр. вапIэ – пашня, букв. “букв. пахоты место”.
васимахоh – позавчера. Совр. вэсымахуэ – позавчера, третьего дня.
ввiин – вол. Совр. вы ин – вол большой.
Г
гедугушхоh – тулуп. Совр. джэдыгушхуэ – большая шуба; тулуп.
гушiан – веселиться, развлекаться. Совр. гушыIэн – веселиться,
развлекаться.
14
гатхапемазh – март. Совр. гъатхэпэмазэ – март.
Дж
джагунде – бурак, свёкла. Совр. жэгундэ – бурак, свёкла. Срав. Жэгундэ
– бурак, свёкла. Срав. адыг. (шапс.) гыгундыр – свёкла.
джештейо – ночное нападение. Совр. жэщтеуэ – ночное нападение.
джорубху – крёстная дочь. Совр. жорыпхъу – крёстная дочь (стар).
Е
егуг๋уг๋а – старание, прилежание. Совр. егугъугъэ – старание.
ежаж ежингоh – убежать. Совр. ежэжьэжын – убежать.
ефара зиг๋аудафежин – пьянеть. Совр. ефарэ зыгъэудэфэжын –
пьянеть.
Ж
жаг๋ог๋h – ненавистный. Совр. жагъуэ – ненавистный.
жузум хаддh – виноградник. Совр. жызум хадэ – виноградник, букв.
“виноградный сад, огород”.
жилешхо – город. Совр. жылэшхуэ – большое селение.
З
забг๋узанате – четырёхугольный. Совр. зэбгъузэнатIэ – четырёхугольный.
зала – дюйм. Совр. залэ – мера в ширину пальца.
зааханиг๋а – возмущение. Совр. зэIыхьэныгъэ – путаница; возмущение.
Ср. адыг. зэIыхьэныгъ – возмущение.
И
инарал – генерал. Совр. инэрал – генерал.
инатиж – упрямый. Совр. инатыжь – упрямый; упорный, настойчивый.
иан – иметь. Совр. иIэн – иметь.
Мыбдеж къыщытхьа щапхъэхэм иджыри тынш дыдэу къыпхупыщэнущ,
Нэгумэ
Шорэ
итха
псалъалъэр
зэрызэкIэлъыкIуэ
алфавитыр
абдеж
щиухкъыми, ауэ дэ дызыхуеяр ар зэрыухуа щIыкIэр къэдгъэлъэгъуэныр
арати, ди гугъэщ щапхъэ къэтхьахэр ирикъуну.
15
Нэгумэ Шорэ диакритическэ дамыгъэхэр къызэригъэсэбэп щIыкIэм
хабзэ ткIий хэплъагъуэркъым. Г.Ф. Турчаниновым мыбдеж хабзэ гуэрхэр
хэлъу жиIэ щхьэкIэ:
Зы макъыр хьэрф зэтемыхуэкIэ тхауэ ухуозэ: а) макъ ы-р зэм и-кIэ тхауэ:
джиг – жыг, физ – фыз, л и – лIы; зэм у-кIэ тхауэ:
– цIыху, псух оh –
псыхъуэ; зэми ы-кIэ къэгъэлъэгъуауэ: хы – хы, пл ырыпл ыхеrоh –
плIырыплIыхэгуэ. Апхуэдэу макъзешэ ы къригъэкIыу зэзэмызэ ухуозэ хьэрф
Ö-м, 1840 гъэм итха грамматикэм хэплъа академик А.М. Шегрен и
чэнджэщкIэ къигъэлъэгъуауэ.
Макъзешэ э-м нэмыщI, хьэрфзешэ е-м макъ е (йэ)-р къикIыу дрохьэлIэ:
– напэ хужьыфэр, езыр – езыр,
Хьэрф
– елъэIу.
h-р псалъалъэр зэритха алфавитым хэмытами хъунут, сыту
жыпIэмэ абыкIэ къигъэлъагъуэ ы, э-хэм я хьэрфу и, ы, е-хэм тхыгъэм куэдрэ
ущыхуозэ:
– тхылъхэр,
– дыщэ,
, мыбh – мыбы.
А зы псалъэ дыдэ унэ-м хэт макъзешэ э-р напэкIуэцI 206-м h-кIэ щытхащ
(уннh), къыкIэлъыкIуэ напэкIуэцIым е-кIэ тхауэ итщ (унне).
Хьэрф и-м зэм макъзешэ и, зэм ы къикIыу етх: фи – ф1ы, миниблир –
миниблыр. А хьэрф дыдэр етх пычыгъуэ йы къикIыу:
– илъэс.
Хьэрф i-м «Къэбэрдей-урыс псалъалъэ» лэжьыгъэм дызэрыщыхуэзэмкIэ,
къикIын хуейр макъ й-щ: езым iи – езым и, ауэ макъ е, и-хэм я пIэкIи
къыщыкIуэ щыIэщ.
Хьэрфзешэ о-р апхуэдэ макъым нэмыщI, э-м и хьэрфу щытха щыIэщ:
ур – удзыр гъуэжь мэхъур, сойгер – соджэр, моу – мэIу.
Хьэрфзешэ а-м макъ а къикIыуи э къикIыуи хэтщ тхыгъэм: джыгхэр
маг аг ер – жыгхэр мэгъагъэр,
– тIощIрэ зырэ;
– тIощIрэ ныкъуэрэ.
Иджырей аффрикатэ (аффрикатэхэр лIэужьыгъуитI мэхъу, япэм бзэм
хэтауэ иджыреибзэм спирантхэм хуэкIуэжахэмрэ гь, к, кI,-хэм къатехъукIахэу зызыужьхэмрэ) дж, ч, чI-хэм я пIэкIэ Нэгумэм и лэжьыгъэм хэтыр ар
къызытекIыжа макъ дэкIуашэ къыщиуд гь, к, кI-хэрщ, щапхъэ: ганh – гъанэ
16
(джанэ), каса – кIасэ (кIасэ), гемида – джэмыдэ, фок – фок (фоч). Щапхъэ
закъуэтIакъуэм дыщыхуозэ етIуанэу къэхъуа аффрикатэхэм, псалъэм
щхьэкIэ, гате-м нэмыщI джате – джатэ; кhу-м нэмыщI чо – чо тхыкIэкъэпсэлъыкIэми дыхуозэ.
Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм куэдрэ щыболъагъу зы псалъэм тхыкIитI,
тхыкIищ (вариант) иIэу къыщыхьахэр, псалъэм папщIэ: бзажiе “рыба” –
бзежiе “рыба”, бзак๋утх “удочка” – бзhк๋ог “удочка”, блана “сильный” –
блане “сильный”, бшиз “решето” – бшыз “решето”, бшадгиж “утро” –
бшедгиж “утро”, ввh “вол” – ви “вол”, гате “сабля” – гатh “сабля” – кате
“сабля”, гопа “приятный” – гопе “приятный” – гоhпа “приятный”, гуша “о
горе!” – гуше “о горе!” г๋уса “спутник” – г๋усе “спутник” – г๋усаh
“спутник”, иги “теперь” – игги “теперь”, гиде “секира” – кида “секира”,
гедик๋е “яйцо” – кедик๋а “яйцо” нэгъуэщIхэри.
Ди къэхутэныгъэм къызэригъэлъэгъуащи, синоним, антоним, омоним
псалъэхэр къулейуэ къыщыгъэсэбэпащ Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм.
ЗэрытщIэщи, дэтхэнэ бзэми къарууэ иIэр, абы и лъащIэр зэрыкуур, зэрыиныр
фIы дыдэу зэхощIэ синонимхэм щыгъуазэ защыхуэпщIкIэ. Абы уегъэлъагъу
бзэм и лексикэм и берычэтагъыр. Синонимхэрщ бзэм и словарнэ составыр
къэзыIэтыр, абы и лъэкIыныгъэхэр зыгъэбагъуэр.
Iуэхур абы тетми, адыгэбзэм и синонимхэр джыным, щIэныгъэм и
лъабжьэм тету зэпкърыхыным хуэфащэ гулъытэ зэкIэ игъуэтакъым, ауэ
къыжыIапхъэщ адыгэ синонимхэр япэу псалъалъэм къыщызыгъэлъэгъуар
Нэгумэ Шорэу зэрыщытыр. Нэгумэ Шорэ итха псалъалъэм къыщыгъэсэбэпа
синоним сатырхэм ящыщщ мыпхуэдэ псалъэхэр:
Арк๋а (аркъэ) “водка” – фадh (фадэ) “напик (хмельной)”.
Барак๋ (бэракъ) “знамя” – нип (нып) “знамя”.
Бе (бэ) “много” – код (куэд) “много”.
Гопа (гуапэ) “приятный, теплый” – гуhко (гуакIуэ) “привлекательный”.
Гоче (гуащIэ) “сила, крепкий” – к๋ару (къару) “сила”.
Жила (жылэ) “аул” – коже (къуажэ) “аул”.
17
Кида (джыдэ) “секира” – ош (уэщ) “топор”.
Нэгумэ Шорэ итха «Адыгэ-урыс псалъалъэм» лэжьыгъэм увыпIэшхуэ
щаубыд омонимхэм (зи тхыкIэкIи зи къэпсэлъыкIэкIи зэщхьхэм, ауэ къарыкI,
къагъэлъагъуэ мыхьэнэкIэ зэщхьэщыкIхэм). Пэжщ, Нэгумэм къихьа омоним
псори иджырей къэбэрдей-шэрджэсыбзэм омониму къыщыхагъэкIкъым, я
тхыкIэхэм
зэхъуэкIыныгъэ
зэрагъуэтам
къыхэкIыу,
ауэ
абы
къихьа
омонимхэм я нэхъыбэр иджырей адыгэбзэми къыщагъэсэбэп:
Бги (бгы) “гора” – бги (бгы) “cтан”.
Бгу (бгъу) “сторона, фланг” – бгу (бгъу) “девять”.
Бжен (бжэн) “коза” – бжен (бжэн) “чирикать, петь”.
Бжh (бжьэ) “пчела” – бжh (бжьэ) “рог”.
Бзе (бзэ) “струна” – бзе (бзэ) “лук”.
Бзiй (бзий) “лист (ботан.)” – бзiй (бзий) “перо малое”.
Блане (бланэ) “джеран” – блане (бланэ) “сильный”.
Бсо (псэу) целый” – бсо (псо) “всё”.
Габа (габэ) “грыжа” – габэ (джабэ) “склон горы”.
Горан (гуэрэн) “деревушка” – горан (гуэрэн) “круг”.
Гу (гу) “сердце” – гу (гу) “телега, арба”.
Гогу (гъуэгу) “закон” – гогу (гъуэгу) “дорога”.
Гозh (гъуазэ) “цель (мишень)” – гозh (гъуазэ) “проводник”.
Дален (далъэн) “грозиться” – дален (дэлъэн) “гладить”.
Джан (жан) “бритва; перочинный нож” – джан (жан) “острый”.
Жила (жылэ) “зерно”– жила (жылэ) “аул, жители”.
Заон (зауэн) “воевать” – заон (зауэн) “бой, сражение”.
Заучен (зэIущIэн) “собирать” – заучен (зэIущIэн) “встречаться”.
Зекон (зекIуэн) “разъезжать” – зекон (зекIуэн) “поход; экспедиция”.
Икин (икIын) “переправляться” – икин (икIын) “пускать”.
Ко (къуэ) “ущелье” – ко (къуэ) “сын”.
Мыхьэнэ зэпэщIэуэ зиIэ (антоним) псалъэ куэди ущрохьэлIэ Нэгумэ
Шорэ итха «Къэбэрдей-урыс псалъалъэ» лэжьыгъэм. Антонимхэр бзэм и
18
лексикэм и къулеягъэр къэзыгъэлъагъуэщ. Мыбдежым къыщыдохь Нэгумэ
Шорэ и псалъалъэм ит антонимхэм щыщ зыбжанэ.
Гопа (гуапэ) “ласковый” – шенинша (щэныншэ) “грубый”.
Гочав (гуащIэв) “сильный” – карунше (къарууншэ) “слабый”.
Гоча (гуащIэ) “крепкий” – каруунша (къарууншэ) “слабый”.
Гоче (гуащIэ) “кислый” – аф (IэфI) “сладкий”.
Губзигага (губзыгъагъэ) “благоразумие, остроумие” – дhлагh (делагъэ)
“глупость”.
Губзигаше (губзыгъащэ) “умница, букв.: «очень умный»” – дhла дида
(делэ дыдэ) “безумный, глупец, букв.: «очень глупый»”.
Гуапаго (гуапагъэ) “радость” – гухегач (гухэгъэщI) “скорбь”.
Гуфого (гуфIэгъуэ) “радость” – гузаваго (гузавэгъуэ) “скорбь”.
Губзигh (губзыгъэ) “умный” – дhла (делэ) “глупый”.
Габцага (гъэпцIагъэ) “обман” – пажига (пэжыгъэ) “правдивость”.
Г๋ин (гъын) “плач; плакать” -
дыхьэшхын) “смеяться”.
Дахе (дахэ) “красивый” – лугое (лыгъей) “страшнейший”.
Джан (жан) “острый” -
h (дзагуэ) “тупой”.
Дженhет (жэнэт) “рай” – джиханем (жыхьэнэмэ) “ад”.
Джhш (жэщ) “ночь” – махоh (махуэ) “день; счастье”.
Е (“йэ”) “злой, зло” – фи (фIы) “удача; славный; добрый”.
Жан (жан) “остряк; острый” – загоh (дзагуэ) “тупой”.
Шенинша (щэныншэ) “грубый; невежливый” – шенифа (щэныфIэ)
“вежливый; учтивый”.
Лексикографием
зылъыптэ
ехьэлIа
Iуэхугъуэхэм
иджырей
ящыщ
лэжьыгъэхэм
псалъэ
зэпхахэр
ущриплъэкIэ
гу
псалъалъэхэм
къызэрыщамыгъэлъагъуэм. Хабзэ зэрыхъуауэ, ар адыгэбзэми и закъуэкъым,
псалъалъэм иратхэр псалъэхэр, псалъэ зэхэлъхэр, псалъэ шэрыуэхэр,
фразеологизмхэр аращ. Нэгумэ Шорэ итха «Адыгэ-урыс псалъалъэ»
лэжьыгъэм иIэ щхьэхуэныгъэхэм щыщщ абы псалъэ зэпхахэр уэру
19
къызэрыщыгъэсэбэпар.
Ахэр
псалъалъэм
мыпхуэдэ
щIыкIэу
къыщыгъэсэбэпащ:
Бхомгуцук – дощечка – пхъэбгъу цIыкIу.
Бхашхамишха хадда – фруктовый сад – пхъэщхьэмыщхьэ хадэ.
Бхонтагаладе – ящик – пхъуантэ дэгъэлъадэ.
Бхонтацук – сундучок – пхъуантэ цIыкIу.
Бхунахиж – старшая дочь – пхъу нэхъыжь.
Бшадгижус – завтрак – пщэдджыжь Iус “утренняя еда”.
Гамахо уннh цук – летний домик – гъэмахуэ унэ цIыкIу.
Дига небзихер – солнечное сияние – дыгъэ нэбзийхэр.
Уннh меджгит – домашняя мечеть – унэ мэжджыт.
Физ гане – женская сорочка – фыз джанэ.
Нэгумэ Шорэ итха «Адыгэ-урыс псалъалъэ» лэжьыгъэр иуха иужькIэ
къокIуэ щIыгъужа (дополнения) Iыхьэ кIэщI цIыкIу. НапитIрэ ныкъуэм иту
мы Iыхьэми алфавиткIэ зэкIэлъыкIуэу къыщыхьащ псалъэхэмрэ псалъэ
зэпхахэмрэ, ауэ мыгурыIуэгъуэу щытщ ахэр адрей псалъэхэм щIымыгъуу
щхьэхуэу
къэгъэлъэгъуауэ
щIыщытыр.
Апхуэдэу
къыпхуэщIэкъым
а
щIыгъужа (дополнения) Iыхьэ кIэщI цIыкIур езы Нэгумэ Шорэ псалъалъэм
гуэлъхьэн хуищIыжами е Г.Ф. Турчаниновым иужькIэ ар итхыжами.
Къызэрапщытэж упщIэхэр
1. Сыт лексикографиекIэ зэджэр?
2. Лексикологиемрэ лексикографиемрэ сыткIэ зэщхьэщыкIрэ?
3. XIX лIэщIыгъуэм адыгэ лексикографием ехьэлIауэ сыт хуэдэ
лэжьыгъэхэр къыдэкIауэ фщIэрэ?
4. Нэгумэ Шорэ итха «Адыгэ-урыс псалъэлъэ» лэжьыгъэр ди пащхьэ
къизылъхьэжа щIэныгъэлIыр хэт?
5. Нэгумэ Шорэ и «Адыгэ-урыс псалъалъэ» лэжьыгъэм псалъэ дапщэ
къызэщIиубыдэрэ? ЩыIэцIэ унейхэм я бжыгъэр сыт хуэдиз хъурэ?
6. Ди зэманым сыт хуэдэ мыхьэнэ иIэ Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм?
7. Нэгумэм и псалъалъэм теухуауэ Апажэ Мухьэмэд итхар сыт?
20
8. Г.Ф. Турчаниновым Нэгумэ Шорэ и псалъалъэр алфавиткIэ
зэкIэлъыхьауэ щIитхыжар сыт?
9. Сыт хуэдэ синоним псалъэхэр къыщыгъэлъэгъуауэ фщIэрэ Нэгумэм и
псалъалъэм?
10. Сыт хуэдэ псалъэ зэпхахэр ихуа Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм?
21
2. НЭГУМЭ ШОРЭ ИТХА ПСАЛЪАЛЪЭМ И ФОНЕТИКЭР
Къэбэрдей-шэрджэс
литературэбзэм
и
лексикографиер
зэфIаува
хъунымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ Нэгумэ Шорэ и IэдакъэщIэкIыу ди зэманым
къэса «Къэбэрдей-урыс псалъалъэм». Апхуэдэу къыжыIапхъэщ адыгэбзэхэм
я фонетикэр (макъ щхьэхуэхэм я тхыдэр) нэхъ пасэм зэрыщытар джынымкIи
Нэгумэ Шорэ итха псалъалъэр сэбэпышхуэ зэрыхъур. Урыс графикэм тету
Нэгумэ Шорэ зэхилъхьа алфавитымкIэщ псалъалъэр зэрытхар. ГурыIуэгъуэщ, куэдкIэ нэхъ мащIэ урыс хьэрфхэмкIэ адыгэбзэм иIэ фонемэ 58-р
къэгъэлъэгъуа зэрымыхъунур. Абы къыхэкIыу хьэрфхэм диакритическэ
дамыгъэ (˜), (¨), (˙)-хэр щIигъун хуей хъуащ. Апхуэдэу, макъ пIытIахэр (абруптивхэр) къигъэлъэгъуэн щхьэкIэ, абыхэм я гуэгъу макъ дэгухэм я хьэрфхэм тригъэтIысхьащ дамыгъэ (˜)-р:
I
(чI
I
I
(цI); е дамыгъэ (˙)-р: л (лI). Диакритическэ дамыгъэхэр нэгъуэщI макъхэм я
хьэрф-хэми ярет:
(гъ),
(кI
Урыс хьэрфхэм нэмыщI, псалъалъэм щыдолъагъу хьэрф h-р, зэм
макъзешэ э (макъхэм я гугъу щытщIкIэ, дэнэ дежи мы лэжьыгъэм зэрыттхыр
иджырей графикэмкIэщ), зэм ы, зэми макъ дэкIуашэ h (хьаин) къикIыу, абы
щыгъуэми
урыс
алфавитым
а
зэманым
хэта
хьэрфхэм
щыщ
къэмыгъэсэбэпауэ къэнащ (Еплъ: Ш.Б. Ногма. Филологические труды, т. I).
Зи гугъу тщIы псалъалъэр хабзэ ткIийм щытемыт, бзэм и фонемэхэр
тэмэму зэхэгъэкIа, абыхэм пыухыкIауэ хьэрф яхуэгъэува щымыхъуаи
дыхуозэ, псалъалъэр щызэпкърытхкIэ. Нэгумэм и Iэрытхым академик А.М.
Шегрен щыхэплъам щыгъуэ ар дагъуэ къыхуищIауэ щытащ икIи «сыт
щыгъуи хьэрфым а зы макъыр къикIыу гъэувын хуейуэ» авторым чэнджэщ
къритыгъащ. Абы нэмыщIкIэ, езы Нэгумэ Шорэ и бзэри къэбэрдей,
шэрджэсхэм я псэлъэкIэм техуапэу щымытагъэнкIэ хъунущ, макъхэм,
псалъэхэм
я
къэпсэлъыкIэу
абы
и
псэлъэкIэм
хэлъагъэнкIэ
хъуну
къыщхьэщыкIыныгъэ дызрихьэлIэхэри псалъалъэм и щыщIэныгъэ пфIохъу.
Апхуэдэу дагъуэ зыхуэтщIхэм дытепсэлъыхьынщ.
22
1.Адыгэбзэм ижь-ижьыж лъанэдэрэ къыщагъэсэбэп бзэгукум къыщыхъу
макъзешэ
мыукъуэдия
э-р
Нэгумэ
Шорэ
и
псалъалъэм
къыщыгъэлъэгъуакъым. Нэхъыбэм и деж иджырей къэбэрдей-шэрджэсыбзэ
псалъэхэм къыщыкIуэ макъзешэ э мыукъуэдияр Нэгумэм къигъэлъэгъуащ
макъзешэ укъуэдия а-кIэ, псалъэм папщIэ: захода (зэхуэдэ) “ровный,
гладкий”, дида (дыдэ) “самый”, гупса (гупсэ) “родство”, гулита (гулъытэ)
“разум”, нэгъуэщIхэри.
Макъзешэ мыукъуэдия э-м папщIэ Нэгумэм куэдрэ къыщигъэсэбэп
щыIэщ h дамыгъэр: бх๋h (пхъэ) “лес”, гатh (джатэ) “сабля”, губзиг๋аг๋h
(губзыгъагъэ) “ум, разумение”, даг๋h (дагъэ) “сало, масло, жир”, дамh (дамэ)
“крыло”, дhрбзер (дэрбзэр) “портной”, нэгъуэщIхэри.
Макъзешэ мыукъуэдия э-м и пIэкIэ Нэгумэм и псалъалъэм ущрихьэлIэ
щыIэщ бзэгупэм къыщыхъу макъзешэ укъуэдия е: дахе (дахэ) “красивый,
симпатичный”, дечин (дэщIын) “поддерживать”, дафтер (дэфтэр) “список;
опись”, дешен (дэшэн) “вводить”, десхер (дэсхэр) “живущие, находящиеся”,
дышек (дыщэкI) “мастер по серебру и золоту”, дhрбзер (дэрбзэр) “портной”,
джешибле (жэщыплъэ) “ночной гадальщик”, дяпе итахер (ди япэ итахэр)
“предки (нас впереди бывшие, т.е. наши предщественники)”, джем (жэм)
“корова”, нэгъуэщIхэри.
2.Ди къэхутэныгъэм къызэригъэлъэгъуащи, иджырей адыгэбзэхэм хэт
бзэгукум къыщыхъу макъзешэ ы-м Нэгумэм и псалъалъэм къыщыпохъу: ы, и,
i, е, у:
дихашхен
(дыхьэшхэн)
“cмешной”, диша (дыщэ)
“золото;
блогородный”, дишерик (дыщырыкI) “приданое”, дуг๋уж๋ (дыгъужь) “волк
(букв. вор старый)”, дышек (дыщэкI) “мастер по серебру и золоту”, дыг
(дыдж) “горький”, джилагоh (жылагъуэ) “область”, джип (жып) “ карман”,
джиханем (жыхьэнмэ) “ад”, джузум бл๋иж๋ (жызум плъыжь) “красный
виноград”, гушiан (гушыIэн) “веселиться, развлекаться”, нэгъуэщIхэри.
3.Бзэгупэ къыщыхъу макъзешэ укъуэдия и-р Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм
зэм и деж и-уэ къыщокIуэ, зэм ар дыдэр i дамыгъэмкIэ къегъэлъагъуэ: бзий
(къэбэрдей-шэрджэсыбзэм зэрыхэтыр – бзий) “пламя”, бзiй (бзий) “лист”,
23
бзiй шаба (бзий щабэ) “пух”, бiе (враг) “бий”, ввiнин (вы ин) “вол большой”,
гитар (гитарэ) “гитара”, гуих (гуих) “опасность, угроза (букв. сердце
вынимающее)”, еин (еин) “принадлежать”, зикI (зикI) “никто, ничто”,
иласишh (илъэсищэ) “век, столетие”, нэгъуэщIхэри.
4.Я бжыгъэкIэ куэд мыхъуми, къэбэрдей-шэрджэсыбзэм хэт макъзешэ ем h дамыгъэр къыщыпэхъуу урохьэлIэ Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм, псалъэм
папщIэ:
бhй
(къэбэрдей-шэрджэс
литературэбзэм
зэрыхэтыр
–
бей)
“богатый”, нэгъуэщIхэри.
5.Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм
еигъэ
къэзыгъэлъагъуэ
къыщагъэсэбэп
суффикс -ей жыхуиIэр Нэгумэм и псалъалъэм къызэрыщыгъэлъэгъуар -iе
жиIэущ, псалъэм папщIэ: джiе (жей) “сон”, жеж๋iе (жьэжьей) “почки”,
фифiе (фыфей) “ваш”, джыгiе (жыгей) “дуб”, бзежiе (бдзэжьей) “рыба”,
бзежiеху (бдзэжьеиху) “белорыбица (белая рыба)”, нэгъуэщIхэри. Ауэ
къыжыIэн хуейщ, ищхьэкIэ къыщытхьа щапхъэхэр щыплъагъур адыгэбзэм
езым къигъэщIыжа исконнэ псалъэхэм я дежу зэрыщытыр, нэгъуэщIыбзэхэм
къахэкIыу адыгэбзэм къищта лексикэхэм я деж апхуэдэ щыплъагъуу
зэрыщымытыр, псалъэм папщIэ: серей (сэрей) “ограда, забор, двор” – сэрей
псалъэр урысыбзэм къыхэкIыу адыгэбзэм къыхыхьахэм ящыщщ икIи абы и
кIэух ей жыхуиIэм еигъэ къигъэлъагъуэкъым. А Iуэхугъуэр Нэгумэ Шорэ
фIыуэ зэхигъэкIауэ къэплъытэ хъунущ.
6.Макъзешэу мащIэ дыдэ фIэкIа зимыIэ пасэрей адыгэбзэм и макъ
дэкIуашэхэр куэд хъууэ зэрыщытар нэрылъагъу ищIащ Нэгумэ Шорэ, ауэ
абы къигъэсэбэпа макъ дэкIуашэхэм ящыщ зыкъомыр къызэригъэлъагъуар
къыщхьэщокI иджырей адыгэбзэ макъ дэкIуашэхэм, псалъэм папщIэ,
иджырей къэбэрдей-шэрджэсыбзэм хэт макъ дэкIуашэ пIытIа къ-р Нэгумэм и
псалъалъэм къызэрыщыгъэлъэгъуар к๋ дамыгъэмкIэщ. Щапхъэ:
Нэгумэм и псалъалъэ
адак๋h “петух”
адакъэ “петух”
ак๋илинше “сумашедший”
акъылыншэ “безумный”
арк๋๋๋๋а “водка”
24
Иджырей адыгэбзэ
аркъэ “водка”
башмак๋ “башмак”
бэщмакъ “башмак”
вак๋h “чувяк”
вакъэ “обувь”
гук๋ана “злость”
гукъанэ “обида”
дак๋ик๋а “минута”
жиг л๋адак๋ъа “дерева пень”
дакъикъэ “минута”
жыг лъэдакъэ “древесный
пень”
к๋абтал “кафтан”
къэптал “кафтан, бешмет”
к๋๋абуста “капуста”
къэбыстэ “капуста”
к๋азак๋ “казак”
къэзакъ “казак”
7.Нэгумэм итха «Адыгэ-урыс псалъалъэм» ущриплъэкIэ, гу лъумытэу
къанэркъым к๋๋๋ дамыгъэмкIэ къэгъэлъэгъуа хъуар макъ дэкIуашэ пIытIа
къ-м и закъуэкъым, атIэ макъ дэкIуашэ пIытIа кI-ри апхуэдэущ авторым
языныкъуэхэм деж къызэригъэлъагъуэр, псалъэм папщIэ:
Нэгумэм и псалъалъэ
к๋๋а “хвост”
Иджырей адыгэбзэ
кIэ “хвост”
к๋апса “бичева, верёвка”
кIапсэ “бичева, верёвка”
к๋аса “поздний”
кIасэ “поздний”
к๋hбх “белка”
кIэпхъ “белка”
зыламык๋ “немогущий”
зылъэмыкI “немогущий”
8.Ижь лъандэрэ пасэрей адыгэбзэм хэтщ макъ дэкIуашэ къыщиуд гь, к,
кI, абыхэм я гуэгъу лабиализованнэ макъ дэкIуашэ къыщиуд гу, ку, кIу.
Щыгъуазэ дызэрыхъуащи, Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм хэтыр гь, к, кI-щ: ганh
(гьанэ) – джанэ, гате (гьатэ) – джатэ, гиде (гьыдэ) – джыдэ, кы (кы) – чы, киц
(кыцI) – чыцI, капса – кIапсэ, нэгъуэщIхэри.
Макъ дэкIуашэ къыщиуд гь, к, кI-хэр япэ нэхъ щабэ (палатализацэ)
хъури итIанэ шипящэ аффрикатэ дж, ч, чI-хэм хуэкIуэ хъуащ. Ар щыщIидзар
пасэрей аффрикатэхэр спирантым щыхуэкIуэ процессыр зэфIэкIа нэужькIэу
къэплъытэ хъунущ. Иджырей адыгэбзэм макъ къыщиуд гь, к, кI-хэр
аффрикатэ макъым хуэкIуауэ (гь < дж, к < ч, кI < чI) къыщалъытар, адыгэ
25
алфавитым ахэр къыщыхыхьар адыгэбзэр урыс графикэм щытеувам
щыгъуэщ, 1936 гъэрщ: гьанэ – джанэ, гьыдэ – джыдэ, гьэду – джэду, егьэн –
еджэн; кэ – чэ, кэнгьэщ – чэнджэщ, кы – чы, фок – фоч, кIэ – чIэ, кIапсэ –
чIапсэ, башкIэ – башчIэ (аффрикатэри алфавитым ипкъ иткIэ зэратхыр кIуэщ).
Нэгумэ Шорэ и зэманым къапсэлъу щыта гь, к, кI-хэр аффрикатэ дж, ч,
чI-хэм хуэкIуэныр зэфIэкIауэ къэплъытэ хъунукъым иджыри: тхыгъэм хэмыт
щхьэкIэ, жьэрыIуатэбзэм (дэтхэнэ диалектми) куэдрэ къыщапсэлъ гь, к, кIхэр, псом хуэмыдэу ныбжь нэхъ зиIэхэм. А зы псалъэм а зы цIыхум зэм макъ
дэкIуашэ къыщиудыр, зэм аффрикатэр къигъэсэбэпынкIэ хъунущ. Уеблэмэ,
езы Нэгумэ Шорэ и лэжьыгъэм зэм макъ дэкIуашэ къыщиуд, зэм аффрикатэ
къыщихь къохъур.
9.Макъ пIытIахэм щыщу кI, лI-хэм хьэрф щахуигъэувкIэ, к, л-хэм
дамыгъэ (˙) трегъэувэ, адрей макъ пIытIахэм деж къигъэсэбэпыр (˜)-щ. Макъ
гъ, хъ-хэр къигъэлъэгъуэн щхьэкIи дамыгъэ (˙)-р къегъэсэбэп. Дамыгъэ (˜)-р
макъ пIытIахэм нэмыщI, нэгъуэщI макъхэми я хьэрфхэм трегъэувэ:
Нэгумэм диакритическэ дамыгъэхэр къыщигъэсэбэпым хьэрып-перс
графикэм зыкъомкIэ тетауэ, макъ дз-м и хьэрф з-м нэгъуэщI мыхъуу дамыгъэ
(˜)-р щIытригъэувар мыбы ещхь хьэрып макъ са-ми точкищ () тетти арауэ,
(˜)-р дамыгъэ ()-м (псынщIэу тхам) къытещIыкIауэ [Еплъ: 19, т. II, 24] Г.Ф.
Турчаниновым къелъытэ; абы ещхьу пI, чI, жь-хэм яхуигъэува хьэрфхэм (˜)р щIритар абыхэм екIуалIэ «пс», «чим», «же» перс макъхэми дамыгъэ ()
ятелъти арауэ; щ-м и хьэрф ш -ми (˜)-р щIытригъэувар хьэрып макъ «шин»м, щ-м ещхьым, ()-р телъти арауэ Г.Ф. Турчаниновым жыхуиIэр фIэщ
щIыгъуейми, къыумылъытэу ублэкI хъункъым.
Макъ дэкIуашэ укъуэдия г-м макъ дэкIуашэ къыщиуд гъ-ми а зы
хьэрфырщ иритар, а тIур фонемэ зырызу щыт пэтрэ, щапхъэхэр: дыгызе –
дэгызэ, жиг – жыг, гегун – гьэгун / джэгун, гиде – гьыдэ / джыдэ.
26
10.Макъ дэкIуашэ жьгъыжьгъымрэ дэгумрэ зэхэзэрыхьауэ щытха
дрохьэлIэ: гедик е – кедик а – джэдыкIэ, гиде – кыде – джыдэ, кh
–
гершиз – джэшыдз.
Абы нэмыщIкIэ, иджыреибзэм макъ дэкIуашэ дэгуитIу зэбгъэдэтхэм япэ
ит макъыр жьгъыжьгъым и хьэрфкIэ тхауэ куэд дыдэрэ дрохьэлIэ. ФIэщ
хъугъуейщ Нэгумэм и зэманым жьгъыжькIэ, дэгукIэ зэхуэмыдэ макъитI
зэбгъэдэту адыгэбзэм къыщыкIуэу щытауэ. Ар алфавитым и щыуагъэщыщIэныгъэуи къыщIэкIынущ, е авторым и псэлъэкIэм хэлъа щхьэхуагъэу
щытынкIи хъунущ: бсо – псо – псо,
пх и – пхъы, бх
h, а заh – пх
–
,
– псалъэр, бх и –
– пщIы, бшык убг у –
пщыкIубгъу.
11.Макъ дэкIуашэ укъуэдия ж-м и пIэкIэ ар къызытекIыжа пасэрей
аффрикатэ дж хэту псалъэ зыбжанэ хыдолъагъуэ Нэгумэ Шорэ и лэжьыгъэм,
щапхъэхэр: баджh – бажэ, джагунде – жэгундэ, джан – жан,
– жэщ.
Мыпхуэдэ псалъэхэр адыгеибзэм щыщу, Нэгумэм и псэлъэкIэм адыгей
щытыкIэ хэлъу жыпIэ хъунут, ауэ адыгеибзэм хэмыт псалъэхэми (джагунде)
щыдолъагъу аффрикатэр, абы нэмыщIкIэ, Нэгумэм дж къыщигъэсэбэпым
деж адыгеибзэм къыщыкIуэр абы и гуэгъу дэгурщ: джан – чан, джеш –
чэщы, бджih – пчы, бджег у – пчэгъу.
12.Иджырей адыгэбзэ макъ щI-р Нэгумэм и тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуащ
нэхъыбэм хьэрф ч -кIэ, иныкъуэми ш-кIэ. Нэгумэ Шорэ и лэжьыгъэхэр
къыщыдигъэкIым Iэрытхым зрихьэлIа макъ дэкIуашэ щI-м, хьэрф ш-кIэ
къэгъэлъэгъуам, езы Г.Ф. Турчаниновым хьэрф ш
хуигъэуващ, авторым
къигъэсэбэп диакритическэ дамыгъэ (˙)-р хьэрф ш-м тригъэувэри.
Адыгэ фонетикэр XIX лIэщIыгъуэм и япэ плIанэм щыгъуэ зыхуэдар
Нэгумэ Шорэ и тхыгъэхэмкIэ зэпкърихыурэ, Г.Ф. Турчаниновым жеIэ
иджырей спирант щI-м и пIэкIэ а зэманым, абы и пэкIэ (1773 гъэм) акад.
Гюльденштедт
итхахэми
Нэгумэм
и
ужькIэ
(1864-1867
гъгъ.)
ХьэтIохъущокъуэ Къ. итхахэми бзэм хэтар аффрикатэ чI-уэ (Нэгумэм и
алфавитымкIэ ч ). Пасэрей аффрикатэ чI-м спирант щI-р къытехъукIауэ
27
щыжыIащ литературэм. Ауэ Г.Ф. Турчаниновым къызэрилъытэм хуэдэу, XIX
лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм къэсыхукIэ шипящэ-свистящэ щI-р бзэм
къыхэхъукIауэ щымытауэ пIэрэ?
Езы Г.Ф. Турчаниновым къызэрилъытэмкIэ, А.А. Гюльденштедт и
тхыгъэхэм, мыкуэд дыдэми, ущыхуозэ спирантым аффрикатэр щыпэмыув
(еплъ: нап. 22). Абы къокI XVIII лI. и 70 гъэхэм аффрикатэм спирантыр
къытекIыу хуежьауэ. Апхуэдэу щыт пэтрэ, лIэщIыгъуэ дэкIа нэужьи спирант
щI-м и пIэкIэ аффрикатэ чI-щ бзэм хэту жыхуиIэр Г.Ф. Турчаниновым,
псалъэм щхьэкIэ, ХьэтIохъущокъуэм и тхыгъэм хьэрф K-р зейр аффрикатэу
щыжеIэ, ауэ хьэрф К-кIэ къигъэлъагъуэр макъ дэкIуашэ чI-уэ къыщIэкIынущ.
Арамэ спирант щI хэтыххэкъым абы и алфавитми тхыгъэ-ми, а макъми еин
хьэрфи хэтлъагъуэркъым. Гу лъытапхъэщ мыбы: япэрауэ, ХьэтIохъущокъуэм
бжыгъэцIэ 10-19-хэм (16 хэмыту) щитхыр хьэрф К-щ пКrкутху (Хь., 85) –
пщыкIутху, пКrкубл (Хь., 85) – пщыкIубл. тоКiт (тIо-щIитI)-м хьэрф К щетх,
бжыгъэцIэ 21, 24, 27, 30-хэм тIощI-м щитхыр к-щ, макъ кI къригъэкIыу:
токrа (Хь., 85) – тIокIрэ пщIырэ.
БжыгъэцIэ 11-19-хэм Нэгумэм щитх хьэрф ш-м къригъэкIыр макъ щI-ми
тщIэркъым бшык๋убл – бщIыкIубл – пщыкIубл. А бжыгъэцIэхэм Нэгумэм
и зэманым спирант щI къыщапсэлъ хъуауэ щытауэ ХьэтIохъущокъуэм
щитхам
щыгъуэ
къагъэзэжу
аффрикатэм
къытехьэжакъым,
дауикI.
НэгъуэщIу жыпIэмэ, бжыгъэцIэхэм деж хьэрф К-кIэ ХьэтIохъущокъуэм
къигъэлъагъуэр макъ щI-щ. БжыгъэцIэ пщыкIух-м ХьэтIохъущокъуэм
щитхыр хьэрф К-къым, ς-щ, макъ дэкIуашэ щ къикIыу. Иджыреибзэм
бжыгъэцIэ 11-19-хэм Iыхьэ пщIым щыщ щI-р щ-м щыхуэкIуащ.
Аффрикатэ ч-кIэ къыщIидзэу Нэгумэм и псалъалъэм ит псалъи 140-м
псалъэ лъабжьэу къызэщIиубыдэр 15-м щIигъуркъым. Абы щыщу псалъи 6-м
Нэгумэм ч-р зэрыщитхам хуэдэу ш-ри (Г.Ф. Турчаниновым зэригъэзэхуэжа
нэужь ш๋) щитхащ:
(229) – щIы,
28
[19, т. I, 218 ] – ш๋е (229) – щIэ, чи (220) – ш๋ (и)
(220) – ш๋
(229) – щIылъэ, нэгъуэщIхэри.
Езы Нэгумэм и бзэм аффрикатэ
-мрэ спирант щI(щ๋)-мрэ
зэрыщызэхэзэрыхьым, Нэгумэ Шорэ иужькIэ илъэс 20 нэхъ дэмыкIыу
ХьэтIохъущокъуэм
итхахэм
закъуэтIакъуэххэ
мыхъумэ
аффрикатэхэм
дызэрыщыхуэмызэм къегъэлъагъуэ XIX лI. и етIуанэ плIанэм пасэрей
аффрикатэ чI-р спирант щI-м хуэкIуауэ зэрыщытар, ар щызэфIэмыкIа
щапхъэ щыIахэми. Апхуэдэ щапхъэ псоми аффрикатэр къыщапсэлъынри
адыгэбзэм щыIа Iуэхугъуэу къыщIэкIынкъым, атIэ езы авторым и псэлъэкIэм
и къыщхьэщыкIыныгъэу ара хъунщ.
Г.Ф. Турчаниновым зэрыжиIэм хуэдэу, Каменномост, Сэрмакъ дэсхэу зи
ныбжь хэкIуэтахэм я псэлъэкIэм щI-м и пIэкIэ чI-р къыщыкIуэмэ, Нэгумэр
Каменномост куэдрэ щыпсэуамэ, абы и псэлъэкIэми хэлъагъэнущ а къуажэм
дэс нэхъыжьхэм я бзэм иджыри дызрихьэлIэм хуэдэ къыщхьэщыкIыныгъэ.
Ауэ шэч къызытумыхьэжынур мыращ: Нэгумэр зэрытха псэлъэкIэмрэ
ХьэтIохъущокъуэм и тхылъхэм къитх бзэмрэ зэщхьэщокI, диалект щхьэхуэщхьэхуэу къэплъытэ хъуну: ХьэтIохъущокъуэр зэрытхар Къэбэрдеишхуэр (е
Бахъсэн диалектыр) зэрыпсалъэр, иужькIэ адыгэ литературэбзэм лъабжьэ
хуэхъуар, аращ.
13.Нэгумэ Шорэ макъ дэкIуашэ I-м хьэрф щхьэхуэ иримыту абы
къыкIэлъыкIуэ хьэрфзешэм диакритическэ дамыгъэ (´) трегъэувэри абыкIэ
зэфIегъэкI: моу́ – мэIу, а́бж
h – Iэбжьанэ, о́хунша – Iуэхуншэ.
14.Макъзешэ у-мрэ макъзешэ ныкъуэ (сонорнэ) – у-мрэ псалъалъэм
хьэрфкIэ къыщыхэгъэщхьэхукIакъым. Нэхъ ищхьэкIэ зэрыщыжытIащи,
тхыгъэм ущыхуэзэрейщ хьэрф у-р тхауэ иджы ы къыщытпсэлъым деж. Абы
аргуэру къыбжеIэ Нэгумэм и бзэр диалект гуэру, сыту жыпIэмэ, адыгэбзэм
макъзешэ ы, у-хэр щызэхъуажэ щыIэкъым, историческэкIи зэпхакъым.
15.Лабиализованнэ макъхэм хьэрф щхьэхуэ щаIэкъым псалъалъэм, ахэр
орфографическэкIэ – лабиализованнэм и гуэгъу мылабиализованнэм и
хьэрфым у-р кIэлъыкIуэу, макъитIым я хьэрфитI зэбгъэдэува хуэдэу – тхащ,
щапхъэ: цухуфхеме ядедж фуго зибгасенкере хунш – цIыхуфIхэм я дэдж
фIыгуэ зыбгъэсэнкIэрэ хъунщ. Лабиализованнэхэм, макъзешэ ныкъуэ у-м я
29
ужькIэ ы щитхыркъым, къапсэлъми, бшык๋убг๋у – бшыкIубгъу –
пщыкIубгъу. Лабиализованнэхэм, макъзешэ ныкъуэ у-м я ужькIэ макъзешэ э
къыкIэлъыкIуэмэ, у-мрэ э-мрэ окIэ тхащ, псалъэм щхьэкIэ: Сэ фыго солагур
– Сэ фIыгуэ солъагъур, пшаго – пшагъуэ.
Къеджэнухэм дежкIэ нэхъ тынш хъун щхьэкIэ, Нэгумэм и лэжьыгъэхэр
къыщыдагъэкIым щыгъуэ (1956, 1959 гъэхэм) урыс графикэм тету Нэгумэм
зэхигъэува алыфбеймкIэ традзащ адыгэ псалъэхэр. Нэгумэ Шорэ и
алфавитым щыщIэныгъэ иIэнкIэ зыри хуэIуакъым, сыту жыпIэмэ абы и пэкIэ
е и зэманым ятхауэ адыгэбзэм и азбукэ е и фонетикэр зэпкърызых лэжьыгъэ
гуэр, иригъуэзэн хуэдэу, щыIакъым. (Грацилевскэм зэхилъхьэгъар мыхъумэ,
ар зыхуэдэр тщIэркъым).
Авторым щапхъэу урысыбзэм и грамматикэр зэриIам и щыхьэтщ
«Начальные правила кабардинской грамматики» жыхуиIэ лэжьыгъэм и
хабзэхэр урыс грамматикэм зыкъомкIэ егъэщхьауэ зэрыщызэпкърыхар. И
зэманым елъытауэ Нэгумэм мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэ ищIащ. Адыгэ
бзэщIэныгъэм и япэ лъэбакъуэр езыгъэчар Нэгумэ Шорэщ. Абы зэпкърихащ
бзэм и морфологическэ хабзэ нэхъыщхьэхэр. Пэжщ, «Начальные правила
кабардинской грамматики» жыхуиIэм адыгэхэр къеджэфын, ар къагурыIуэн
папщIэ, абыхэм урысыбзэкIи щIэныгъэ яIэн хуейт, ар зэрытхар урысыбзэщи.
Ауэ Нэгумэм и лэжьыгъэр щIитхар адыгэхэм я закъуэтэкъым, ар хуейт «ди
бзэм – бзэ къулейм, пасэрейм, Европэм щыпсэухэр зыщымыгъуазэм,
филологиемрэ историемрэ дежкIэ щIэныгъэ хэкIыпIэ къулейуэ щытым –
урысхэм гулъытэ хуащIыну».
Адыгэхэм
еджэкIэрэ
тхэкIэрэ
иризэрагъэщIэн
щхьэкIэ,
Нэгумэм
зэхилъхьэгъащ адыгэбзэ букварь кIэщI, хьэрып-перс графикэм тет алфавиткIэ
тхауэ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, ар ди махуэм къэсакъым. Абы и
грамматикэр
авторым
и
мыягъэ
щхьэусыгъуэкIэ
практическэкIэ
къэгъэсэбэпауэ щымытами, езым и азбукэмкIэ итхыу нобэ къэса адыгэ
тхыгъэхэм
(уэрэдыжьхэм,
пшыналъэхэм,
грамматикэм,
псалъалъэм)
историческэ мыхьэнэ яIэщ, адыгэбзэм и лексикэм и зыужьыкIэм, абы хэхужа
30
архаизмэхэм, грамматикэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэм уакIэлъыплъынымкIэ (хьэрф зыбжанэм къагъэлъагъуэ макъхэр зэрымыIупщIым къыхэкIкIэ
фонетикэм и тхыдэр ирибджыну дагъуэншэу щымытми).
Къызэрапщытэж упщIэхэр
1. Сыт фонетикэм иджыр?
2. Фонемэм сыт хуэдэ мыхьэнэ щигъэзащIэрэ бзэм? Адыгэбзэ
фонемэхэм сыт хуэдэ вариантхэр яIэ?
3. Адыгэбзэ фонологием ехьэлIауэ XIX лIэщIыгъуэм сыт хуэдэ
лэжьыгъэхэр ятхауэ фщIэрэ?
4. Нэгумэ Шорэ и псалъалъэр зэрытха графикэр сыт хуэдэ?
5. Адыгэбзэ фонологиемрэ диахроннэ фонемэхэмрэ я тхыдэр джынымкIэ
сыт хуэдэ мыхьэнэ иIэ Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм.
6. Адыгэбзэм нэхъ пасэу къыхэхъукIа макъзешэ мыукъуэдия э-р Нэгумэ
Шорэ и псалъалъэм сыт хуэдэ дамыгъэхэмкIэ къыщыгъэлъэгъуа?
7.
Пасэрей
аффрикатэ
чI-мрэ
спирант
щI-мрэ
зэхэзэрыхьауэ
къыщIэкIуэр сыт Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм?
8. Макъ дэкIуашэ укъуэдия ж-м и пIэкIэ ар къызытекIыжа пасэрей
аффрикатэ дж хэту
сыт хуэдэ псалъэхэр хэплъагъуэрэ Нэгумэм и
псалъалъэм?
3. ПСАЛЪАЛЪЭМ КЪЫЗЭЩIИУБЫДЭ ТЕМАТИКЭХЭР
Нэгумэ Шорэ и IэдакъэщIэкI «Къэбэрдей-урыс псалъалъэ» лэжьыгъэр
зэритхауэ щытар тематикэ и лъэныкъуэкIэ зэщхьэщыхауэт, ауэ 1956 гъэм ар
къыщыдагъэкIым алфавит зэкIэлъыкIуэкIэм трагъэуващ. Абы теухуауэ Г.Ф.
Турчаниновым мыпхуэдэу етх: «Словарь Ш.Б. Ногма, расположенный в
рукописи тематически, перестроен мной для удобства пользования в
алфавитном порядке букв кабардинского ногмовского алфавита на русской
графической основе» [19, т. I, I29].
Г.Ф. Турчаниновым зы лъэныкъуэкIэ псалъалъэм и къэгъэсэбэпыныр
нэхъ
31
тынш
ищIауэ
щытми,
нэгъуэщI
лъэныкъуэкIэ
убгъэдыхьэмэ,
дызытепсэлъыхь псалъалъэм ит псалъэхэр нэхъ къэгъуэтыгъуей хъуащ, сыту
жыпIэмэ иджырей адыгэбзэ алфавитымрэ орфографиемрэ я тхыкIэм
техуэркъым Нэгумэ Шорэ и лэжьыгъэм къыщыхьа лексикэ куэдыр.
Къэбгъэлъагъуамэ, иджырей адыгэбзэм къыщагъэсэбэп псалъэхэу уэс, уэсэпс,
уэшх, уэгъу, уафэ жыхуиIэхэр Нэгумэ Шорэ и псалъэм зэритыр осс, осепс,
ошх, оhгу, оhфh тхыкIэхэр яIэущ. Зи гугъу тщIа псалъэхэр (уэс, уэсэпс, уэшх,
уэгъу, уафэ) Нэгумэм и псалъалъэмкIэ къэзылъыхъуэхэр, шэч хэмылъу,
зэплъыр хьэрф у-кIэ къыщIидзэ псалъэхэрщ икIи ямыгъуэту къонэ, ауэ ахэр
Нэгумэм
зэритха
тематикэм
тету
щытамэ,
куэдкIэ
нэхъ
тыншу
къэбгъуэтыфынут. Апхуэдэу гурыIуэгъуэу щыткъым орэд (уэрэд) псалъэр
хьэрф о-кIэ къригъажьэхэм яхэту,
уоред к๋ейг๋аж๋ (уэрэд къегъажьэ)
жыхуиIэр хьэрф у-кIэ къыщIидзэхэм щIыхэтыр.
Ди къэхутэныгъэм къызэригъэлъэгъуащи, Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм
псалъих итщ бзэгупэм къыщыхъу макъ дэкIуашэ сонорнэ р-кIэ къыщIидзэу,
псалъэм папщIэ: рибсалангоh – рассуждать, ригегун – забавляться,
риг๋ах๋онгоh – налить, рик๋ун – хватать, рил๋х๋ан – закладывать, рипсал๋ан
датхена зимик๋ – разговаривать, апхуэдэу псалъалъэм щIыгъужа Iыхьэми
къыщокIуэ разы жиIэу, иджырей адыгэбзэм хэт арэзы мыхьэнэр иIэу. АтIэ,
дауэ ар тхылъеджэхэм къызэрагъуэтынур, алфавит зэкIэлъыкIуэкIэм тету?
Щапхъэ къэтхьахэр щыхьэт зэрытехъуэщи, Нэгумэ Шорэ и псалъалъэр,
езым зэритхам хуэдэу, тематикэ и лъэныкъуэкIэ гуэшауэ щытыжамэ, псалъэ
куэдыр нэхъ тыншу къэбгъуэтынут, апхуэдэ псалъэхэм я лексикосемантикэри нэхъ гурыIуэгъуафIэ хъунут, ауэ тематикэ щхьэхуэхэм хэта
псалъэхэр Г.Ф. Турчаниновым алфавит зэкIэлъыкIуэкIэм тригъэуващ. Нобэ
ди тхыгъэ мащIэмкIэ, Нэгумэм и псалъалъэр зэрыгуэшауэ щыта тематикэ
псори
къытхуэгъэлъэгъуэнкъым,
ауэ
абыхэм
ящыщ
зыбжанэ
тхылъеджэхэм я пащхьэ итлъхьэнщ.
МАЗЭЦIЭХЭР
Ч๋имахоhкумазh – январь. Совр. щIымахуэкумазэ – январь.
Ч๋имахоhк๋емазе – февраль. Совр. ЩIымахуэкIэмазэ – февраль.
32
ди
Г๋атхапемазh – март. Совр. гъатхэпэмазэ – март.
Г๋атхекумазh – апрель. Совр. гъатхэкумазэ – апрель.
Г๋атхек๋емазh – май. Совр. гъатхэкIэмазэ – май.
Г๋амахопемазh – июнь. Совр. гъэмахуэпэмазэ – июнь.
Г๋амахокумазh – июль. – Совр. гъэмахуэкумазэ – июль.
Г๋амахок๋емазh – август. Совр. ГъэмахуэкIэмазэ – август.
Бж๋их๋hпемазh – сентябрь. Совр. бжьыхьэпэмазэ – сентябрь.
Бж๋их๋акумазе – октябрь. Совр. бжьыхьэкумазэ – октябрь.
Бж๋их๋ак๋емазе – ноябрь. Совр. бхьыхьэкIэмазэ – ноябрь.
Ч๋имахопемазе – декабрь. Совр. щIымахуэпэмазэ – декабрь.
МазэцIэхэм ехьэлIауэ адыгэбзэхэм апхуэдизкIэ фIэщыгъэцIэ куэд
къыщагъэсэбэпурэ къекIуэкIащи, нобэ ахэр псори зэфIэбгъэувэжыну яужь
уихьэныр дзыхьщIыгъуэджэщ. Зэлъэпсэгъуу щыт адыгэбзэмрэ адыгеибзэмрэ
яIэ щхьэхуэныгъэхэм я гугъу умыщIыххи, къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и
диалектхэмрэ говорхэмрэ яIэ зэщхьэщыкIыныгъэхэр тIощIым ноблагъэ.
ГъэщIэгъуэныр аракъэ, езы Нэгумэ Шорэ и лэжьыгъэхэм къыщихь
мазэцIэхэр щызэщхьэщыкI щыIэщ, псалъэм папщIэ, абы и псалъалъэм август
мазэцIэр къыщыгъэлъэгъуащ г๋амахок๋емазh (гъэмахуэкIэмазэ) жиIэу, ауэ
абы и IэдакъэщIэкI «История адыхейского народа» тхылъым а мазэ дыдэм и
фIэщыгъэцIэу къыщегъэлъагъуэ – мак๋оог๋омазе (мэкъуэуэгъуэмазэ) –
август, букв. “сенокосный месяц” [18, 35]. Нэгумэм и лэжьыгъэхэм
ущыпхырыплъкIэ, урохьэлIэ и псалъалъэм имыхуа нэгъуэщI мазэцIэхэми:
сентябрь – г๋огиго๋мазе (гъуэгыгъуэмазэ) “месяц рева зверей”, октябрь –
Iог๋омазе
(Iуэгъуэмазэ)
“месяц
молотьбы
хлеба”,
ноябрь
–
мак๋шежуг๋омазе (мэкъушэжыгъуэмазэ), нэгъуэщIхэри [еплъ, 18; I9].
Иджырей
адыгэбзэхэми
нэхъыбэу
къыщагъэсэбэпыр
дунейпсо
фIэщыгъэцIэу щыт мазэцIэхэрщ: январь, февраль, март, апрель, май, июнь,
июль, август, сентябрь, октябрь, ноябрь, декабрь [еплъ, 42; 43; 44; 48].
Адыгэбзэм и япэ псалъэгъэнахуэми къедбжэкIа мазэцIэхэр ихуащ, январь
33
мазэцIэм къищынэмыщIа [42]. ДызэригугъэмкIэ, январь мазэцIэр псалъалъэр
щызэхалъхьэм
щхьэусыгъуэ
гуэркIэ
дэхуащ,
армыхъумэ
ар
къыдэзыгъэкIахэм ирамытхэну щытакъым.
Иужьрей
илъэсхэм,
«Адыгэ
псалъэ»
газетым
и
лэжьакIуэхэм
къыхалъхьауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу адыгэхэм къыщагъэсэбэп
щыIэщ мыпхуэдэ мазэцIэхэри: щIышылэ – январь, мазае – февраль, гъатхэпэ
– март, мэлыжьыхь – апрель, накъыгъэ – май, мэкъуауэгъуэ – июнь,
бадзэуэгъуэ – июль, шыщхьэIу – август, фокIадэ – сентябрь, жэпуэгъуэ –
октябрь, щэкIуэгъуэ – ноябрь, дыгъэгъазэ – декабрь.
(дыгъэгъазэмрэ
щIышылымрэ)
къищынэмыщIа
Мы мазэцIэхэри
къыщыгъэлъэгъуащ
иджыблагъэ Апажэ М.Л., КIуэкIуэ Ж.Н. къыдагъэкIа псалъалъэми [44].
Декабрь, январь мазэцIэхэм я синониму дыгъэгъазэ, щIышылэ псалъэхэр
зэрыщыIэр зи гугъу тщIа псалъалъэм итщ, ауэ, адрей мазэцIэхэр
къызэрыгъэлъэгъуам хуэдэу, щхьэхуэу къыщыхьакъым.
МахуэцIэхэр
Блиш๋х๋аh – понедельник. Совр. блыщхьэ – понедельник.
Г๋убж – вторник. Совр. гъубж – вторник.
Бараж๋iе – среда. Совр. бэрэжьей – среда.
Махок – четверг. Совр. махуэку – четверг.
Марейм / мерем – пятница. Совр. мэрем – пятница.
Тх๋амахо / тх๋аумахо – неделя. Совр. тхьэмахуэ – воскресенье, неделя.
Ш๋абет – суббота. Совр. щэбэт – суббота.
МахуэцIэхэм ехьэлIауэ Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм ихуахэр къанэ
щымыIэу
иджырей
къэбэрдей-шэрджэсыбзэми
къыщагъэсэбэп.
Пэжщ,
тхьэмахуэ псалъэр Нэгумэм и псалъалъэм къызэрыщыгъэлъэгъуар “неделя”
мыхьэнэр иIэущ, иджырей адыгэбзэм абы и мыхьэнитI щиIэ хъуащ: “неделя –
воскресенье”. Тхьэмахуэ “воскресенье” псалъэм и синониму ди зэманым
къагъэсэбэп хъуащ бэзэр махуэ “базарный день” псалъэ зэпхар.
УЗЫФЭХЭР
34
Нэгумэ Шорэ и псалъэлъэм къызэщIиубыдэ тематикэ нэхъ инхэм
ящыщщ узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехьэлIа псалъэхэри. Абы теухуауэ Г.Ф.
Турчаниновым
мыпхуэдэу
итхащ:
«Терминологические
вопросы
интересовали Ш. Ногма в широком плане. Можно изумляться, например, с
какой исключительной подробностью он записывает в словарь названия
самых
разнообразных
болезней,
встречающиеся
в
народной
речи,
подыскивает и создает новые слова для названия отсутствующих, как будто в
Кабарде
его
времени
существуют
уже
многочисленные
знахари
и
костоправы.
Им
созданы
в
этой
области,
например,
такие
термины,
как:
щхьэчIылъэныкъуэуз – мигрень; гъуэжьуз – желтуха, фэншэуз, къуэгъууз –
бледная немочь, щхьэкIэрахъуэуз – головокружение, мывэуз – каменная
болезнь.
Богато представлена синонимика общего термина “нездоровый”: сымагэ
– больной, немощный; къарууншэ – бессильный, слабый; узылэ –
болезненный; хуэдагъэ, хуэдэ – вялый, сырой; Iыхь-шыхь – слабый,
нездоровый.
Исключительно полно даны семасиологические дериваты понятия
“припадок; обморок”: мэх – обморок (вообще), мэхуз – припадок (вообще);
къытехьэ уз – падучая, эпелепсия; алуз – припадок сумасшествия;
гужьейгъуэ – припадок (от испуга); щхьэкIуэ – припадок» [19, т. I, 39].
Бг๋ауз – хрипота; сипота. Совр. бгъэуз – букв. “грудная болезнь”.
Бджентейбк๋h – ямень (болезнь). Совр. бжэнтепкIэ – болезнь глаз.
Берсийуз – сумасшествие. Совр. берсийуз – сумасшествие.
Г๋ож๋уз / г๋ож๋ипеуз – желтуха. Совр. гъуэжьуз / гъуэжьыпэуз –
желтуха.
Дамашх๋ауз – болезнь плеч. Совр. дамащхьэуз – болезнь плеч.
Джiеуз – сонная болезнь. Совр. жейуз – сонная болезнь.
Емина – чума. Совр. емынэ – чума.
Еминатало – эпидемия, падёж. Совр. емынэтало – чума.
35
Ж๋енуз – чахотка. Совр. жьэнуз – туберкулез.
З๋ауз – зубная боль. Совр. дзэуз – зубная боль.
К๋ог๋ууз – худощавость. Совр. къуэгъууз – худощавость.
К๋упш๋х๋ауз – костная болезнь. Совр. къупщхьэуз – костная болезнь.
Махуз – припадок. Совр. мэхыуз – припадок.
Мех – обморок. Совр. мэх – обмарок; припадок.
Мехуз – падучая; эпилепсия. Совр. мэхыуз – припадок.
Пухсух – насморк. Совр. пыхусыху – насморк.
Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм ит узыфэ псалъэхэр абдеж щиухыркъым,
къэтхьа щапхъэхэм я бжыгъэм иджыри тынш дыдэу пхухэгъэхъуэнущ, ауэ дэ
къалэн зыщытщIыжауэ щыткъым ахэр псори мыбдеж къыщыдгъэлъэгъуэну.
Щапхъэ къэтхьахэмкIэ, дэ жытIэну дызыхуеяр Нэгумэм и псалъалъэм
медицинэм епха терминхэри зэрыхэтырщ, езы авторым абыхэм я нэхъыбэм
номинативнэ щытыкIэ яритауэ, когнитвнэ бгъэдыхьэкIэр къигъэсэбэпурэ.
БЗЭЩIЭНЫГЪЭМ ЕХЬЭЛIА ТЕРМИНХЭР
Бк๋иiг๋охер – глагол. Совр. пкъыгъуэхэр – букв. «основы времени».
Бзh iим- ш๋им – междометие. Совр. бзэ йым-щым – может быть понято
как междометие весьма условно, ибо “йым-щым” представляет одно из
восклицаний, призывающих к тишине.
Бзh к๋оз๋h – союз. Совр. бзэ къуэдзэ – букв. «речь скрепляющее».
Бзh нал๋ехер – наречие; деепричастие. Совр. бзэ налъэхэр – букв.
«языковая струйка».
Бсал๋епиз๋h – предлог. Совр. псалъэпыдзэ – букв. «слово приставка».
Нохт๋а – точка. Совр. нохътэ – точка.
Нохт๋ит๋у – двоеточие. Совр. нохътитI – двоеточие.
Пл๋ифац๋ехер – имена прилагательные. Совр. плъыфэцIэхэр – имена
прилагательные, букв: «качественные имена».
Ц๋а зи фаш๋аго ш๋iар – имя существительное. Совр. цIэ зи фащэуэ
щыIэр – букв. «имя, которое существует как форма».
36
Ц๋ам ип๋аитхер – местоимение. Совр. цIэм и пIэ итхэр – букв. «имени
его место занимающее».
Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм къыщыгъэсэбэпа бзэщIэныгъэ терминхэр
гъэщIэгъуэну
щытми,
плъыфэцIэм
къищынэмыщIа,
адрей
псалъэхэр
иджырей адыгэбзэм къыщагъэсэбэпкъым. Зи гугъу тщIахэм щыщу, иджырей
къэбэрдей-шэрджэсыбзэм хэт терминхэр урысыбзэм къыхахащ, псалъэм
папщIэ: глагол, междометие, союз, наречие, деепричастие, точкэ, точкитI, н.
Иджырей адыгэбзэм къыщагъэсэбэп щыIэцIэ,
цIэпапщIэ терминхэри
(Нэгумэм къихьа терминхэм пэгъунэгъу дыдэщ) урысыбзэм къыхахащ,
калькэ щIыкIэм тету. КъыжыIэн хуейщ Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм хигъэхьа
нохт๋а “точка” терминыр хьэрыпыбзэм къызэрыхихар икIи иджырей
адыгэбзэм хэт точкэ урыс псалъэм нэхърэ ар адыгэбзэ фонетикэм нэхъ
зэригъунэгъур.
Нэгумэм и псалъалъэм къызэщIиубыдэ тематикэ нэхъ инхэм ящыщу
къэбгъэлъагъуэ хъунущ псэущхьэцIэхэр: адак๋h – петух, алабг๋о – щука
(совр. алабгъуэ – карась), арг๋ей – лосось, арг๋ой – комар, бабиш๋ – утка,
паш๋ек๋абса – дельфин (совр. пащIэкIапсэ – усач рыба), хак๋о – жеребец;
къэкIыгъэцIэхэр: фонаш๋а (фонащэ) – дыня, х๋арбуз (хъарбыз) – арбуз,
х๋аун (хъэуан) – дыня, х๋апц๋iй (хьэпцIий) – рожь, ч๋игинух (щIыгыныху) –
белая капуста, ч๋iауз๋ (щIыIэудз) – мята; зауэм епха псалъэхэр: салет (сэлэт)
– солдат, тадж (таж) – шлем, фокао (фочауэ) – стрелок, фокише (фочышэ) –
пуля, фок гин (фоч гын) – ружейный порох; шхыныгъуэхэр: х๋антх๋убс
(хьэнтхъупс) – суп, лепс (лэпс) – бульон, лih г๋ава (лы гъэва) – варёное мясо,
лih г๋аж๋а (лы гъэжьа) – жареное мясо, мах๋асимh (махъсымэ) – буза,
пастh (пIастэ) – каша (крутая пшенная, без соли); Iэпкълъэпкъым щыщ
псалъэхэр: благу (блэгу) – плечо, блаh (блэ) – рука (от плеча до локтя), гу (гу)
– сердце, к๋hт๋ий
(кIэтIий) – кишка, набз๋h (набдзэ) – бровь, нагиг
(нэджыдж) – зрачок, наппh (напэ) – лицо, нат๋е (натIэ) – лоб, наh (нэ) глаз,
глаза, ппh (пэ) – нос; нэгъуэщIхэри.
37
Къызэрапщытэж упщIэхэр
1. АдыгэбзэкIэ сыт хуэдэ тематическэ псалъалъэхэр къыдэкIауэ фщIэрэ?
2. Сыт хуэдэ тематикэхэр къызэщIиубыдэрэ Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм?
3. Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм къыщихьа махуэцIэхэр иджырей
адыгэбзэм къыщагъэсэбэпхэм техуэрэ?
4. Сыт хуэдэ мазэцIэхэр къыщыгъэлъэгъуа Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм?
5. «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэхэм къыхалъхьауэ къагъэсэбэп
мазэцIэхэр къебжэкIын. Абыхэм щыщу сыт хуэдэ мазэ фIэщыгъэцIэра
Нэгумэ Шорэ къихьа мазэцIэхэм техуэр?
6. Иджырей адыгэбзэм нэхъыбэу къыщагъэсэбэп мазэцIэхэр сыт хуэдэ?
Ахэр нэгъуэщIыбзэхэми щхьэ къыщагъэсэбэпрэ?
7. Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм хигъэхьа нохт๋а “точка” терминыр сыт
хуэдэ бзэра къызыхихар?
8. БзэщIэныгъэм ехьэлIауэ сыт хуэдэ терминхэр къыщыкIуэрэ Нэгумэ
Шорэ и псалъалъэм. Абыхэм щыщу иджырей адыгэбзэм къыщагъэсэбэпыр
дэтхэнара?
9. Медицинэм ехьэлIауэ Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм хэтщ термин куэд.
Ахэр сыт хуэдэ?
10. Медицинэм теухуауэ Нэгумэ Шорэ къигъэсэбэпа терминхэм теухуауэ
Г.Ф. Турчаниновым сыт итхар?
38
4. ЗИ МЫХЬЭНЭР КЪЫБГУРЫМЫIУЭЖ, АДЫГЭБЗЭМ
ХЭМЫТЫЖ ПСАЛЪЭХЭР
Нэгумэ Шорэ и «Адыгэ-урыс псалъалъэ» лэжьыгъэр зэритхрэ 150-м
щIигъуащ. Апхуэдиз зэман зэрыдэкIам къыхэкIыу, Нэгумэ Шорэ и
псалъалъэм къыщихьа псалъэ куэдым я мыхьэнэр къыбгурымыIуэж хъуащ,
уеблэмэ
иджырей
къэбэрдей-шэрджэсыбзэм
къэмысу
бзэм
хэкIуэдыкIыжахэри щыIэщ. ЗанщIэу жытIэнщи, дэ зи гугъу тщIыр жьы
(архаизм, историзм) хъуа лексикэхэр аракъым, атIэ иджырей адыгэбзэм
хэмытыхэ псалъэхэрщ. Нэгумэ Шорэ итха «Адыгэ-урыс псалъалъэ»
лэжьыгъэм зи мыхьэнэр къыбгурымыIуэж, иджырей адыгэбзэм хэмытыж
лексикэхэр зэритым гу лъитащ Г.Ф. Турчаниновым икIи апхуэдэ псалъэхэм я
деж «не употребляется; не употребляют», «не знают» жиIэу щитхащ. Дэри
лэжьыгъэм хэдгъэхьащ апхуэдэ зыбжанэ.
Апешабз (апэщIэбз) – врач. Г.Ф. Турчаниновым зэрыжиIэмкIэ, лексикэр
ди зэманым къэсакъым, абы къыхэкIыу псалъэм и семантикэр белджылы
пхуэщIыжкъым.
Березг – праздник. Г.Ф. Турчаниновым къегъэлъагъуэ иджырей
адыгэбзэм
и
щытыкIэу
“бэрэзг”
псалъэр
икIи
апхуэдэ
лексикэ
къызэрамыгъэсэбэпыр къыжеIэ. Дэ дызэригугъэмкIэ, Нэгумэ Шорэ и
псалъалъэм къыщихь березг псалъэр епхауэ къыщIэкIынущ адыгеибзэм
къыщагъэсэбэп бэрэскэ “пост” жыхуиIэм. Нэгумэм къигъэлъагъуэ псалъэм
пыщIауэ къыщIэкIынущ Бэрэздж адыгэ унэцIэри.
Березгишхо – великий пост. Г.Ф. Турчаниновым къигъэлъагъуэ
“бэрэзгышхуэ” жыхуиIэри иджырей адыгэбзэм къыщагъэсэбэпкъым. Шэч
хэмылъу, мы псалъэр епхащ адыгеибзэм хэт бэрэскэшху “пятница”
жыхуиIэм.
Булбул – соловей. Нэгумэм и псалъалъэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ,
булбул жыхуиIэ фIэщыгъэцIэр персыбзэм къыхэкIыу адыгэбзэм къыхыхьахэм
ящыщщ.
Иджырей
къэбэрдей-шэрджэсыбзэми
адыгеибзэми
къыщагъэсэбэпкъым апхуэдэ лексикэ. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, пасэрей
39
адыгэбзэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ Нэгумэ Шорэ и зэманым адыгэбзэм хэтауэ
къыщIэкIынущ апхуэдэ псалъэ, ауэ ди нобэм къэмысауэ.
Бхазакогуфа
–
дышло.
КъызэрыбгурыIуэнумкIэ,
мы
псалъэм
пхъэзакъуэгуфэ жиIэу аращ. Псалъэм и мыхьэнэр гурыIуэгъуэщ езыр
псалъищу зэхэтщ: пхъэ + закъуэ + гуфэ, ауэ апхуэдэ лексикэ иджырей
адыгэбзэхэм къыщагъэсэбэпкъым. “Дышло” мыхьэнэр къэзыгъэлъагъуэр
шыгукъу псалъэрщ.
Вентхула – поле дикое. Турчаниновым зэритхымкIэ, вэнтхъулъэ “поле
дикое (поле, поросшее непроходимым бурьяном)” жиIэу аращ, ауэ апхуэдэ
псалъэ адыгэбзэхэм къыщагъэсэбэпкъым.
Гарнет – корнет. Апхуэдэ псалъэ иджырей адыгэбзэхэм къыщагъэсэбэпу
дыщыгъуазэкъым.
Гинем тейт – аптекарь. Турчаниновым гу зэрылъитащи, апхуэдэ псалъэ
адыгэбзэхэм хэткъым.
Гынеш
–
аптека;
пороховой
погреб.
Ди
къэхутэныгъэм
къызэригъэлъэгъуащи, апхуэдэ лексикэ дэ дыщрихьэлIакъым адыгэбзэхэм
ехьэлIауэ къыдэкIа лексикографие лэжьыгъэхэм. Дэ къызэрытщыхъумкIэ,
Нэгумэ Шорэ и зэманым щыIауэ къыщIэкIынущ апхуэдэ псалъэ, ауэ ди
зэманым къэмысауэ.
Гошакопшерих – официант. Турчаниновым зэритхымкIэ, иджырей
адыгэбзэмкIэ Нэгумэм и псалъалъэм ит мы лексикэр зэрыжыпIэнур
гуащэкIуэпшэрыхь “официант” жиIэущ, ауэ апхуэдэ псалъэ адыгэбзэм
къыщагъэсэбэпкъым.
Гоншегкапсе – ремень для штанов. Ди зэманым гъуэншэджкIапсэ
“ремень для штанов” псалъэр къагъэсэбэпыжкъым. Иджырей адыгэбзэхэм
щыжаIэр бгырыпх “ремень” лексикэрщ.
Даджиг – купец. Иджырей къэбэрдей-шэрджэсыбзэм хэткъым дэжыг
псалъэ “купец” мыхьэнэ иIэу, ауэ адыгеибзэм ущрохьэлIэ дэчыг – купец
жиIэу. Пэжщ, а щыIэцIэри адыгеибзэм жьы щыхъуащ, ди зэманми
къагъэсэбэпыжкъым.
40
Дирхам
–
дырхэм.
Мыпхуэдэ
лексикэ
иджырей
адыгэбзэхэм
къыщагъэсэбэпкъым. Нэгумэм и псалъалъэм къыщихь дирхэм псалъэм и
мыхьэнэр гурыIуэгъуэу щыткъым, нэгъуэщIу жыпIэмэ лексикэр ди зэманым
къызэрымысам къыхэкIыу и мыхьэнэр пхуэгъэбелджылыжкъым.
Елирк๋аш мер зiа – елыркъэш мэ зиIэ. Мы псалъэр урысыбзэкIэ Г.Ф.
Турчаниновым зэридзэкIащ мыпхуэдэу “рак запах (вонь) который имеет”, ауэ
къыжыIэн хуейщ Нэгумэ Шорэ
лIэужьыгъуэ
гуэру
мыбдеж къыщигъэлъагъуэр елыркъэш
зэрыщытыр.
Ар
зыхуэдэр
нобэ
белджылы
пхуэщIыжкъым. Адыгэбзэхэм ехьэлIауэ щыIэ лексикографие лэжьыгъэхэм
дриплъати, елыркъэш мэ зиIэ жиIэу зыри идгъуэтакъым. Аращ мы псалъэр зи
мыхьэр къыбгурымыIуэж лексикэхэм яхэту къыщIэтхьыр.
Еулахер
–
обои.
къызэрыбгурыIуэнур
Нэгумэм
еIулIахэр
и
псалъалъэм
жиIэущ.
къыщыхьа
Апхуэдэ
лексикэр
псалъэ
иджырей
адыгэбзэхэм хэту дыщыгъуазэкъым.
Заоз – единоборство. Г.Ф. Турчаниновым зэритхымкIэ, Нэгумэм и
псалъалъэм
ит
шэрджэсыбзэм
зэоз
“единоборство”
зэрыхэтын
хуейр
жыхуиIэр
зэуэз
иджырей
жиIэущ.
Ди
къэбэрдей-
къэхутэныгъэм
къызэригъэлъэгъуащи, зэуэз псалъэ адыгэбзэхэм хэткъым. Фонетикэ и
лъэныкъуэкIэ Нэгумэм и псалъалъэм къыщыхьа заоз лексикэм пэгъунэгъущ
иджырей адыгэбзэм хэт зауэжь жыхуиIэм, ауэ семантикэ и лъэныкъуэкIэ
ахэр зэкIуалIэркъым.
Захозеко – посланец. Иджырей къэбэрдей-шэрджэсыбзэм
и псалъэу
Турчаниновым къегъэлъагъуэ – зэхьэзэкIуэ “посланец”, ауэ апхуэдэ щыIэцIэ
адыгэбзэхэм къыщагъэсэбэпу дыщыгъуазэкъым, дызэплъа псалъалъэхэми
идгъуэтакъым.
Захозич (захуэ зыщI) – линейка. Г.Ф. Турчаниновым гу зэрылъитащи,
иджырей адыгэбзэхэм хэткъым захуэ зыщI жиIэу псалъэ, “линейка” мыхьэнэ
иIэу.
Адыгэбзэхэм
щыIэцIэрщ.
41
къыщагъэсэбэпыр
урысыбзэм
къыхаха
линейка
Зегазахоаго зауо – строевая баталия. Зэгъэзэхуэгъуэ зауэ жиIэу
къэбэрдей-шэрджэсыбзэми адыгеибзэми дэ дыщрихьэлIакъым.
Зи физипха (зи фызыпхъэ) – невеста, букв. “которая в жены
подходящая” иджырей адыгэбзэхэм къыщагъэсэбэпкъым.
Зохшуг (дзэхушыгъу) – нашатырь, букв. “оловянная соль” апхуэдэ
псалъэ адыгэбзэхэм хэткъым, ауэ дзэху, шыгъу лексикэхэр зи щхьэ хущыт
псалъэ щхьэхуэу къыщагъэсэбэп.
Зhдан
–
зыдан,
здан.
Псалъэм
и
мыхьэнэр
гурыIуэгъуэ
пхуэщIыжыркъым нобэ. Г.Ф. Турчаниновым зэрыхуигъэфащэмкIэ, ар епхауэ
къыщIэкIынущ урысыбзэм хэт “здание” жыхуиIэ псалъэм.
Коцгун – кIуэцIгъун (болезнь). Псалъэм и мыхьэнэр гурыIуэгъуэу
щытми, ар зэхьэлIа узыфэр къыпхуэщIэкъым.
Коциже либадже – кровотечение. Иджырей адыгэбзэмкIэ Нэгумэм итха
псалъэр зэрыжыпIэнур кIуэцIыжэ лъыбажэ жиIэущ. Апхуэдэ лексикэ
адыгэбзэхэм хэту дыщыгъуазэкъым.
Кабтал бзинше (къэпталыбдзыншэ) – халат. ЩыIэцIэм и мыхьэнэр
урысыбзэкIэ “халат” жиIэу Нэгумэм зэридзэкIами адыгэбзэкIэ абы къикIыр
гурыIуэгъуащэу щыткъым. Пэжщ, къэптал лексикэр иджырей адыгэбзэми
къыщагъэсэбэп “кафтан, бешмет” мыхьэнэр иIэу, ауэ бдзыншэ псалъэм
къикIыр гурыIуэгъуэкъым.
Инглиз
аршин
–
аглицкий
аршин.
Турчаниновым
мыпхуэдэу
щIигъужащ: «Совр. инглыз / инджылыз арщын – английский аршин – не
употребляют» (нап. 167). Пэж дыдэу, апхуэдэ псалъэ зэпха адыгэбзэхэм
къыщагъэсэбэпкъым,
ауэ
ахэр
зи
щхьэ
хущыт
псалъэ
щхьэхуэхэу
къагъэсэбэп.
Кандил (къандыл) – светильник. Апхуэдэ псалъэ адыгэбзэм хэткъым,
Нэгумэ Шорэ и зэманым къагъэсэбэпу щытами, ди деж къэсакъым. Нэгумэм
лексикэр “светильник” жиIэу зэридзэкIами, щыIэцIэм и мыхьэнэри и
этимологиери гурыIуэгъуэу щыткъым.
42
Капил – лист бумажный. Г.Ф. Турчаниновым зэрыхуигъэфащэмкIэ,
иджырей къэбэрдей-шэрджэсыбзэм мы псалъэр къызэрыщапсэлъынкIэ
хъунур къыпылъ “лист бумажный” фонетическэ теплъэр иIэущ, ауэ апхуэдэ
псалъэ адыгэбзэхэм хэтыжкъым, бзэм хэхужащ, цIыхухэм ящIэжкъым.
Капнауру
–
(къэпнауру)
–
припадок.
Нэгумэм
и
псалъалъэр
къыдэзыгъэкIа Г.Ф. Турчаниновым мы псалъэм теухуауэ мыпхуэдэу етх:
“неизвестно”. Апхуэдэ лексикэ адыгэбзэхэм хэту дэри къытхуэгъуэтакъым.
Кухин (къухын) “слава, честь”. Г.Ф. Турчаниновым иджырей адыгэбзэм
и варианту къегъэлъагъуэ къухын псалъэр, ауэ жыIапхъэщ апхуэдэ лексикэ
“слава, честь” мыхьэнэ иIэу адыгэбзэхэм зэрыхэмытыр.
Кошин к๋оту (кхъуэщын къуэт) “судно”. Г.Ф. Турчаниновым и
комментарием
къыщыхигъэщащ
адыгэхэм
апхуэдэ
псалъэ
къапсэлъу
зэрыщымытыр, Нэгумэм къихьа лексикэм и семантикэри гурыIуэгъуэу
зэрыщымытыр.
Марзаiе / мазаiе – бурмет. Г.Ф. Турчаниновым а псалъэр ирепх марзей
шекI “род грубой, плотной хлопчато-бумажной ткани; бьяз” жыхуиIэм икIи
къегъэлъагъуэ
ар
персыбзэм
къыхэкIыу
адыгэбзэм
къызэрыхыхьар.
КъыжытIэну дыхуейт, марзей псалъэр щэкIым епхауэ иджырей адыгэбзэхэм
къызэрыщамыгъэсэбэпыр.
Апхуэдэу
къыхэгъэщыпхъэщ,
Турчаниновым
къихьа шекI псалъэм хуэдэ иджырей къэбэрдей-шэрджэсыбзэм зэрыхэмытыр.
ЩIэныгъэлIым итхыну зыхуеяр щэкI псалъэр арагъэнущ.
Мах๋ше джеду – леопард. Нэгумэ Шорэ и псалъэм къыщихь махъшэ
джэду
псалъэм
“леопард”
мыхьэнэ
иIэу
къэбэрдей-шэрджэсыбзэми
адыгеибзэми хэткъым. Пэжщ, псалъитIри адыгэбзэхэм къыщагъэсэбэп
мыхьэнэ зырыз яIэу, псалъэм папщIэ: махъшэ “верблюд”, джэду “кошка”.
ГъэщIэгъуэн
къыпщымыхъуу
псалъалъэм
“леопард”
къызэрыщыгъэлъэгъуар,
къанэркъым,
псэущхьэм
сыту
и
жыпIэмэ
Нэгумэ
Шорэ
фIэщыгъэцIэр
иджырей
зэхилъхьа
адыгэбзэкIэ
адыгэбзэм
лексикографиехэм а псалъэр итыххэкъым, урысыбзэкIи адыгэбзэкIи.
43
и
Маадан (мэIэдэн) – руда. Г.Ф. Турчаниновым гу зэрылъитащи, апхуэдэ
лексикэ къыщагъэсэбэпкъым адыгэбзэхэм. ЩыIэцIэр адыгэбзэм и исконнэ
лексикэхэм зэрыщымыщыр, атIэ персыбзэм хэт маIдан псалъэм зэрепхар
къигъэлъэгъуащ Нэгумэ Шорэ.
Меадан типh (мэIэдан тIыпIэ) – рудник (букв. “место копки руды”).
ИщхьэкIэ къэтхьа псалъэм епхащ, ауэ къыжыIапхъэщ Нэгумэм а зы псалъэ
дыдэр зэтемыхуэу къызэрихьыр, псалъэм папщIэ, япэ итыр маадан жиIэу
къегъэлъагъуэ, а лексикэ дыдэр нэгъуэщIыпIэ и деж меадан жиIэу къыщехь.
ГурыIуэгъуэу щыткъым, Нэгумэм а зы псалъэр зэтемыхуэу къигъэлъэгъуауэ
щытми, е тхылъыр щытрадзэм макъзешэ а-р макъзешэ е-уэ тедза хъуами.
Палас (палас) – псалъэм и мыхьэнэр урысыбзэкIэ “мешок” жиIэу Нэгумэ
Шорэ зэридзэкIами, Г.Ф. Турчаниновым къигъэлъэгъуащ апхуэдэ псалъэ
адыгэхэм зэрамыщIэр икIи иригъэпщащ персыбзэм хэт palac “род ковра без
ворса” лексикэм.
Пердаh – апхуэдэ псалъэ итщ Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм (еплъ: нап.
I92), ауэ абы и мыхьэнэр гурыIуэгъуэу щыткъым. Г.Ф. Турчаниновым
зэритхымкIэ, иджырей адыгэбзэм ар къызэрыщапсэлъын хуейр пэрдэ
жиIэущ, ауэ апхуэдэ лексикэ адыгэхэм ящIэркъым. АдэкIэ Нэгумэм и
псалъалъэм ит пэрдэ псалъэр Турчаниновым ирегъапщэ, персыбзэм хэт парда
“штора” жыхуиIэм. Пэж дыдэу, перс лексикэр Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм
къыщихьа пердаh псалъэм фонетикэ и лъэныкъуэкIэ пэгъунэгъущ, ауэ ахэр
зэпхарэ зэмыпхарэ жыпIэну гугъущ.
Плине – мы псалъэр Нэгумэ Шорэ урысыбзэкIэ зэридзакIащ “блин”
жиIэу, ауэ апхуэдэ псалъэ адыгэбзэхэм хэткъым. Г.Ф. Турчаниновым псалъэр
къехь плъынэ тхыкIэр иIэу икIи “не говорят” жиIэу щIегъуж. АдэкIэ
Турчаниновым хуегъэфащэ, Нэгумэм къихьа псалъэр урысыбзэм хэт блин
лексикэм епхауэ.
Псаушхатх (псэущхьэтх) – художник (букв. “c живого пишущий”). Г.Ф.
Турчаниновым зэритхымкIэ, Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм псэущхьэтх
лексикэр къыщихьми апхуэдэ псалъэ адыгэхэм ящIэркъым. Мы псалъэм и
44
синоними дызытепсэлъыхь псалъалъэм итщ: суратитх (сурэтытх) –
художник; живописец.
Псынхьэ
щыткъым,
(псынхьэ) – ключ. Псалъэм и мыхьэнэр гурыIуэгъуэу
апхуэдэ
адыгэ
литературэбзэм
хэткъым.
Хуэбгъэфащэ
зэрыхъунумкIэ, ар диалект гуэрым хэт псалъэу къыщIэкIынущ.
Психолафаh
(псыхуэлъафэ)
–
наводнение.
Иджырей
къэбэрдей-
шэрджэсыбзэм апхуэдэ псалъэ хэтыжкъым.
Пх๋ашхапох๋ (пхъащхьэ пэхъу) – тетерев. Г.Ф. Турчаниновым
зэритхымкIэ, Нэгумэ Шорэ къихьа пхъащхьэ пэхъу лексикэм хуэдэ
къэбэрдей-шэрджэсыбзэм ирипсалъэхэм ящIэркъым.
Нэгумэ Шорэ итха «Къэбэрдей-урыс псалъалъэ» лэжьыгъэр зэритхрэ
илъэс куэд зэрыдэкIам къыхэкIыу зи мыхьэнэр къыбгурымыIуэж, иджырей
адыгэбзэм хэхужа псалъэ куэд къыщыгъэлъэгъуащ. Ауэ дэ дызэригугъэмкIэ,
щIэныгъэлIым «Къэбэрдей-урыс псалъалъэ» лэжьыгъэр щитхым хигъэхьауэ
къыщIэкIынущ адыгэхэм псоми къагъэсэбэпу щымытахэри, урысыбзэм
щыщу езым къищта псалъэхэри. Псалъэм папщIэ, псалъалъэм итщ
мыпхуэдэхэр: нhг๋иш๋е зич๋๋хер зиг๋асh – учитель рисования – нагъыщэ
зыщIхэр зыгъасэ “учитель рисования (букв. “знаков (рисунков) кто делают
(их) обучающий”)”; нhг๋ишехемh я устаз – нагъыщэхэм я Iустаз – учитель
рисования (букв. “знаков (рисунков) учитель”; хакуметх (хэкумэтх)
“география (букв. “страноописание”)”, нэгъуэщIхэри. Мы щапхъэ къэтхьам
хуэдэхэр адыгэбзэм къыщагъэсэбэпу щытауэ фIэщ хъугъуейщ. Хуэбгъэфащэ
зэрыхъунумкIэ, апхуэдэ лексикэ зыкъом Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм
хигъэхьащ урыс псалъэхэм я мыхьэнэр калькэ щIыкIэм тету итхыурэ,
адыгэбзэм къыщамыгъэсэбэпми.
Къызэрапщытэж упщIэхэр
1. Сыт хуэдэ лIэщIыгъуэра Нэгумэ Шорэ и «Адыгэ-урыс псалъалъэ»
лэжьыгъэр щитхар?
2. Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм зи мыхьэнэр мыгурыIуэгъуэ лексикэ
зыбжанэ итщ. Ахэр дауэ псалъалъэм къыщигъэлъэгъуа Г.Ф. Турчаниновым?
45
3. Зи мыхьэнэр мыгурыIуэгъуэу, Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм ит
лексикэхэр Г.Ф. Турчаниновым къызэригъэлъэгъуам арэзы фытехъуэрэ?
4. Урысыбзэм къыхахауэ, иджырей адыгэбзэм къыщагъэсэбэп «аптека»
псалъэм пэхъуу Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм итщ «гынэщ» жиIэу. Дауэ
феплърэ а псалъэр адыгэбзэм къыхэдгъэхьэж хъуну?
5. Иджырей адыгэбзэм къыхэбгъэхьэж хъуну (Нэгумэм и зэманым
къагъэсэбэпу щытауэ) сыт хуэдэ псалъэхэр щыфлъэгъуа Нэгумэм и
лэжьыгъэм?
6. Дауэ феплърэ Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм ит псалъэ псори иджырей
адыгэбзэм (ди зэманым) къыщIэмысар сыт?
46
5. АРХАИЗМХЭР, ИСТОРИЗМХЭР, АНАХРОНИЗМХЭР
ПСАЛЪАЛЪЭМ КЪЫЗЭРЫЩЫГЪЭЛЪЭГЪУАР
Бзэм и псалъэхэм сыт щыгъуи заужь, захъуэж. Абы
гу лъызыта
бзэщIэныгъэлI В.И. Абаевым мыпхуэдэу итхащ: «Бзэм и культурэр нэхъ
лъагэху, езы бзэм и пщIэр нэхъ лъагэ зэрыхъур хэт дежкIи гурыIуэгъуэщ.
Бзэр и пIэ зэримытыр, ар зэрефIакIуэр, бзэм епха «ухуэныгъэхэр» къэрал
Iуэхуу зэрыщытри къэлъытапхъэщ. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэрщ цIыхум и
гупсысэм, и IэщIагъэм, нэгъуэщIхэми щIыгъуу бзэм псалъэщIэ къыхыхьэныр
е фIэщыгъэцIэ гуэрхэр къамыгъэсэбэпыжу жьы хъуныр къызыхэкIыр» [еплъ,
32, 126]. ЕдгъэкIуэкIа къэхутэныгъэм къызэригъэлъэгъуащи, Нэгумэ Шорэ и
IэдакъэщIэкIхэм къыщыгъэсэбэпа жьы хъуа лексикэхэр зэхуэдэкъым.
Абыхэм яхэтщ архаизм хъуахэри, историзм фIэщыгъэцIэр зыгъуэтахэри, жьы
зэрыхъурэ
псалъалъэ»
куэд
щIахэри,
лэжьыгъэм
иджыри
жьы
къыщыгъэлъэгъуа
мыхъупахэри.
«Адыгэ-урыс
архаизмхэр,
историзмхэр,
анахронизмхэр къэхутэжыным, джыным адыгэбзэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ
иIэщ.
Абыхэм
ящыщ
зыбжанэ
мыбдеж
къыщыдохь,
алфавит
зэкIэлъыкIуэкIэм тету.
Башмак๋ (бэщмакъ) – башмак.
Псалъэр кавказыбзэ псоми хэтщ. Абы ущрохьэлIэ славяныбзэхэми,
ираныбзэхэми,
тюркыбзэхэми.
Адыгэбзэ
лексикэр
и
къэпсэлъыкIэкIэ
къумыкъубзэмрэ къэрэшей-балъкъэрыбзэмрэ хэт башмакъ псалъэм нэхъ и
гъунэгъущ. Урысыбзэ башмак щыIэцIэри тюркыбзэхэм къыхэкIауэ хуагъэфащэ (Фасмер, 1996). Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм зэритымкIэ, адыгэ
лексикэр тэтэрыбзэм къыхэкIащ.
Бегоhл (бейгуэл) – экзекутор.
Тюркыбзэм къыхэкIащ, IыхитIу зэхэтщ: бей «господин» + кол «раб».
Лексикэр кавказыбзэ куэдым хыхьащ. Адыгэбзэм и лъапсэгъу абазэбзэм
зэрыщыжаIэр пайгуал «управляющий усадьбой князя», «советник» жиIэущ.
Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм фонетикэ и лъэныкъуэкIэ нэхъ и гъунэгъущ
нэгъуеибзэм хэт байкол псалъэ зэхэлъыр.
47
Гух๋иринеш (гухъыринэщ) – сарай для колясок.
Нэгумэм и псалъалъэм къыщыхощ гухъыринэщ псалъэр иджырей
адыгэбзэм жьы зэрыщыхъуар. Лексикэр IыхьитIу зэхэлъщ: гу “арба, повозка”
+ хъыринэ “качели”. ЩыIэцIитIри иджырей адыгэбзэм зи щхьэ хущыт
псалъэу къыщагъэсэбэп, жьы мыхъуауэ. Псалъэзэхэлъым пыту къэкIуа -щ-р
суффиксщ, ар къыщокIуэ мыпхуэдэ псалъэхэм я деж: гуэщ, джэдэщ, шэщ,
мэкъуэщ.
Г๋озапих๋а гегун (гъуэзэпыхьэ джэгун) – биться об заклад; держать
пари.
Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм Г.Ф.Турчаниновым щIигъужащ мыпхуэдэ
псалъэ зэпха иджырей адыгэбзэхэм зэрыхэмытыр жьы зэрыхъуам къыхэкIыу.
Гъуэзэпыхьэ джэгун псалъэ зэпхар адыгэ IуэрыIуатэми къыхощ, ауэ ар ди
нобэм къэсакъым, ар архаизм хъуныр къыхэкIащ баз зэпихьэн псалъэ зэпхар
къэбэрдей-шэрджэс литературэбзэм къызэрищтам къыхэкIыу.
Г๋уш๋ич๋е (гъущIыщIэ) – железник.
Мы псалъэри жьы (архаизм) зэрыхъуар къыщыгъэлъэгъуащ Нэгумэ
Шорэ и псалъалъэм. Пэж дыдэу апхуэдэ псалъэ иджырей къэбэрдейшэрджэсыбзэми адыгеибзэми къыщагъэсэбэпкъым, ауэ Нэгумэ Шорэ и
зэманым щыIауэ къыщIэкIынщ. ГъэщIэгъуэн къыпщымыхъуу къанэркъым,
Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм гъукIэ лексикэр зэримытыр, ауэ нарт эпосым ар
зыубгъуауэ къызэрыщагъэсэбэпыр.
Дафтер (дэфтэр) – список; опись.
Нэгумэм и псалъалъэм къыщихь дэфтэр лексикэр революцэм и пэкIэ
адыгэбзэхэм къыщагъэсэбэпу щытащ, ауэ ди зэманым ар архаизм хъуащ.
Иджырей къэбэрдей-шэрджэсыбзэми адыгеибзэми щыжаIэр урысыбзэм
къыхэкIа список псалъэрщ.
Дигизаh (дэгызэ) – кормилица, мамка, бабка. – Дэгызэ щIыпIэр былымщ
“Кормилица из-за чего воспитывает плата есть” (псалъэжь). Иджырей
адыгэбзэм архаизм щыхъуащ.
Джорубх๋у (жорыпхъу) – крёстная дочь.
48
Дызытепсэлъыхь псалъалъэм къыщыгъэлъэгъуащ лексикэр жьы хъуауэ
зэрыщытыр (еплъ: нап. 153). Мыбдеж къыщыхощ жор псалъэм къытекIа
нэгъуэщI лексикэхэри: жорыгъуэ “крещения пора”, жорыкъуэ “крёстный
сын”, жор адэ “крестный отец”.
К๋алемсеh (къэлэмсэ) – перочинный нож. Псалъалъэм мы щыIэцIэр
архаизм зэрыхъуар къыщыгъэлъэгъуащ. Лексикэр къызытекIа къэлэм
“тростниковое перо; перо писчее; ручка с пером” жыхуиIэри жьы хъуащ.
Калемтер (къэлэмтэрэ) – чернильный прибор. Нэгумэ Шорэ и
псалъалъэм къыщыкIуа мы псалъэр жьы зэрыхъуар, иджырей адыгэбзэм
зэрыхэмытыр къигъэлъэгъуащ Г.Ф. Турчаниновым.
Матэжiе – корзинка. ЩыIэцIэм и этимологиер, ар зэрызэхэт Iыхьэхэр
IупщIу, гурыIуэгъуэу щытми, матэжьей “корзинка” псалъэр къэбэрдейшэрджэсыбзэми,
адыгеибзэми
жьы
щыхъуащ.
Адыгеибзэм
лексикэр
зэрыхэтыр – мэтэжъый жиIэущ.
Мудираса – школа. Г.Ф. Турчаниновым зэритхымкIэ, иджырей
къэбэрдей-шэрджэсыбзэм псалъэр зэрыщыжаIэр мыдырысэ “школа, медресе”
жиIэущ, ауэ диным и лэжьакIуэхэр щагъэхьэзыр еджапIэр иджырей адыгэ
литературэбзэм зэрыщыжаIэр мыдрисэ къэпсэлъыкIэр иIэущ. ЩыIэцIэм хэт
макъзешэ мыукъуэдия ы-р Нэгумэ Шорэ къызэригъэлъэгъуар макъзешэ укIэщ.
Муазин (муIэзин) – соборный; лицо, собирающее на молитву верующих
мусульман. Мы псалъэр иджырей къэбэрдей-шэрджэсыбзэм щыIэцIэ унейуэ
къыщагъэсэбэп ноби, ауэ щыIэцIэ зэдайуэ ар щIагъуэрэ къагъэсэбэпыжкъым.
ЩыIэцIэр адыгэбзэм и исконнэ лексикэхэм зэрыщымыщыр, атIэ а псалъэр
хьэрыпыбзэм къызэрыщежьар къигъэлъэгъуащ Нэгумэ Шорэ.
Нох๋та (нохътэ) – точка. Ди къэхутэныгъэм къызэригъэлъэгъуащи,
Нэгумэ Шорэ и «Къэбэрдей-урыс псалъалъэ» лэжьыгъэм увыпIэшхуэ
щеубыд
бзэщIэныгъэм
дызытепсэлъыхь
ехьэлIа
псалъэри.
терминхэм.
Иджырей
Апхуэдэщ
иджыпсту
къэбэрдей-шэрджэсыбзэм
къыщагъэсэбэпыр урысыбзэм къыхэкIа точкэ псалъэрщ икIи зыщIэж куэд
49
щыIэкъым нэхъапэм а мыхьэнэр нохътэ псалъэм къигъэлъагъуэу щытауэ.
Нохътэ псалъэр ди бзэм къыщамыгъэсэбэпыжыныр, ар архаизм хъуныр
къыхэкIащ точкэ псалъэр псоми къызэрагъэсэбэп хъуам. Пэжщ, езы Нэгумэ
Шорэ гу зэрылъитащи, нохътэ лексикэри адыгэбзэм и псалъэкъым,
хьэрыбзэм къыхэкIауэ аращ.
Нох๋тит๋у (нохътитI) – двоеточие. Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм ит
бзэщIэныгъэ терминхэм щыщщ мы псалъэр. Урысыбзэм къыхэкIа двоеточие
терминыр
псоми
къызэрагъэсэбэпым
къыхэкIыу
нохътитI
лексикэр
къэбэрдей-шэрджэсыбзэм архаизм щыхъуащ.
Оздиг๋h пики (уэздыгъэ пыч) – щипцы для свечей. Лексикэр иджырей
адыгэбзэм къыщагъэсэбэпыжкъым. Предметыр къызэрамыгъэсэбэпыжым
къыхэкIыу лексикэр жьы хъуащ.
Оздиг๋h пикиле (уэздыгъэ пычылъэ) – футляр для свечных щипцов.
ИщхьэкIэ къэтхьа псалъэм къытекIащ. Предметыр къызэрамыгъэсэбэпыжым
къыхэкIыу жьы хъуащ.
Оредг๋оу
(уэрэдгъуо)
–
певец
(букв.“песню
кричащий”).
Г.Ф.
Турчаниновым и комментарием къыхощ лексикэр жьы хъуауэ зэрыщытыр.
Псалъэр адыгэбзэм и исконнэ лексикэхэм щыщщ, IыхьитIу зэхэлъщ: уэрэд +
гъуо. ЩыIэцIитIри зи щхьэ хущыт псалъэу къэбэрдей-шэрджэсыбзэм
къыщагъэсэбэп.
Орк๋ тин (уэркъ тын) – дар. Ижь-ижьыж лъандэрэ хабзэу къекIуэкIыу
щытащ
зекIуэ
къикIыжа
уэркъым
къихуа
былымхэм
щыщ
(зекIуэ
мыкIуэжыфу) къуажэм дэс нэхъыжьхэм, пщIэ зыхуащI цIыхухэм яхуигуэшу,
псалъэм папщIэ, мэл, танэ, шы, сыт хуэдэхэр тыгъэ яхуищIу. А хэбзэр ди
зэманым кIуэдыжащ, зекIуэ кIуэи, Iэщ къзыхуи, уэркъи нобэ щыIэжкъым, ауэ
апхуэдэ хабзэ дахэ щыIэу зэрыщытар тхыдэм къыхэнащ. Аращ Нэгумэ Шорэ
и псалъалъэм ит уэркъ тын псалъэ зэпхари къыздежьар.
Оссiи (уэсий) – опекун. Нэгумэ Шорэ гу зэрылъитащи, уэсий лексикэр
хьэрыпыбзэм къыщежьащ, ауэ иджырей къэбэрдей-шэрджэсыбзэм ар
50
къыщагъэсэбэпыжкъым жьы зэрыхъуам къыхэкIыу. Псалъэр жьы зэрыхъуар
Г.Ф. Турчаниновым и комментариеми къыщигъэлъэгъуащ.
Ош (уэщ) – топор. НэхъапэкIэ джыдэ псалъэм и пIэкIэ адыгэбзэм
къыщагъэсэбэпу щытар уэщ жыхуиIэ щыIэцIэрщ. Абы и этимологиер
адыгэбзэмкIэ тэмэм дыдэу къэIуэта мэхъур, уэ-н глагол лъабжьэм къытокI,
ауэ иджырей адыгэбзэм ар щIагъуэрэ къыщамыгъэсэбэпыж ищIащ джыдэ
псалъэм. ГъэщIэгъуэныр аракъэ, адыгэхэм езым къагъэщIыжа уэщ лексикэр
къагъанэри нэгъуэщIыбзэм къыхаха джыдэ псалъэр къагъэсэбэп хъуащ. Ди
къэхутэныгъэм къызэригъэлъэгъуащи, Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм джыдэ
щыIэцIэри уэщ псалъэри къыщыгъэлъэгъуащ. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ,
Нэгумэ Шорэ и зэманым псалъитIри зэхуэдэу адыгэбзэм къыщагъэсэбэпу
щытауэ къыщIэкIынущ.
Пилипк๋ (пылыпкъ) – слоновая кость. Нэгумэ Шорэ итха «Къэбэрдейурыс псалъалъэ» лэжьыгъэм Г.Ф. Турчаниновым хуитха комментарием
къыхощ
пылыпкъ
псалъэр
жьы
зэрыхъуар.
Иджырей
къэбэрдей-
шэрджэсыбзэм “слоновая кость” гурыIуэгъуэр къызэраIуатэр пыл къупщхьэ
жиIэущ.
Пошт гу х๋ирина (пощт гухъыринэ) – почтовая карета. Псалъэ зэпхар
архаизм къэбэрдей-шэрджэсыбзэм щыхъуащ. Пощт псалъэр урысыбзэм
къыхэкIащ.
Псатха (псатхьэ) – святой дух. Псэм, гъащIэм и тхьэу ябжу щытащ.
«Псатхьэ и ней къыпщыхуэ» жыхуиIэ гыбзэр зэрыщыIар нэхъыжьхэм ящIэж.
Тхьэ нэхъыщхьэIуэхэм хабжэу щытащ. Псалъэм папщIэ, абы и хэщIапIэр
здэщыIэр Iуащхьэмахуэт, тхьэхэм я санэхуафэр абы дежт щащIыр. Абы
щыхьэт тохъуэ нарт эпосым мыпхуэдэу зэрыхэтыр: Iуащхьэмахуэ и щыгум
Мэзытхьэ, Амыщ, Тхьэгъэлэдж, Созрэщ, Лъэпщ сымэ Псатхьэ деж
щызэхуэсахэу санэхуафэ яIэт.
Къызэрапщытэж упщIэхэр
1. Сыт архаизмкIэ, историзмкIэ, анахронизмкIэ зэджэр?
51
2. Псалъэхэр жьы хъуныр, бзэм щIагъуэрэ къимыгъэсэбэпыжыныр
къызыхэкI щхьэусыгъуэр сыт?
3. Псалъэхэр жьы щIэхъум и щхьэусыгъуэу бзэщIэныгъэлI цIэрыIуэ,
лексикограф Iэзэ, этимолог гъуэзэджэ В.И. Абаевым жиIар сыт?
4. Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм жьы хъуа псалъэхэр (архаизмхэр,
историзмхэр, анахронизмхэр) щхьэхуэу къыщыгъэлъэгъуа хьэмэрэ адрей
псалъэхэм яхэту къакIуэрэ?
5.Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм жьы хъуауэ ит псалъэхэр исконнэ
лексикэхэра зыщыщыр хьэмэ нэгъуэщIыбзэхэм къахэкIауэ псалъалъэм
ихуахэми яхэт апхуэдэ?
6. Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм жьы щыхъуахэу итым я нэхъыбэр
историзм хьэмэ архаизм?
52
6. ПСАЛЪАЛЪЭМ КЪЫЩЫГЪЭЛЪЭГЪУА ЩЫIЭЦIЭ УНЕЙХЭР
Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм Iыхьэ щхьэхуэу къыщыхегъэкI щыIэцIэ
унейхэм я псалъалъэ. Нэгумэм абдеж къыщигъэлъэгъуа щыIэцIэ унейхэм я
бжыгъэр 211-рэ мэхъу. Абыхэм яхэтщ антропонимхэр, топонимхэр,
гидронимхэр, теонимхэр, этнонимхэр. ЩыIэцIэ унейхэм я псалъалъэр
напэкIуэцI 237-м
къыщыщIэдзауэ
243-м
нос.
Мы
псалъалъэм
къыщыгъэлъэгъуа щыIэцIэ унейхэри алфавиткIэ зэкIэлъокIуэ:
Адилук๋о – Адылюко – Адылыкъуэ (цIыхъуцIэ).
Айдар – Идар – Идар (цIыхухъуцIэ).
Айдемир – Айдемир – Адеймыр (цIыхухъуцIэ).
Айдемирк๋ан – Адемиркан – Адеймыркъан (цIыхухъуцIэ).
Ак๋сак๋ал – Аксакаль – Акъсакъал (цIыхухъуцIэ).
Али – Али – Алий (цIыхухъуцIэ).
Алимирзик๋о – Алимирзуко – Алимырзыкъуэ (цIыхухъуцIэ).
Алк๋аш – Алькаш – Алъкъэш (цIыхухъуцIэ).
Алтай – Альтай – Алътей (цIыхухъуцIэ).
Алхусар – Альхусар – Алъхъусэр (цIыхухъуцIэ).
Алгик๋о – Алигико – Алыгыкъуэ / Алыджыкъуэ (цIыхухъуцIэ).
Алеж – Алеж – Алэжь (цIыхухъуцIэ).
Алигик๋о – Алигико – Алигыкъуэ / Алыджыкъуэ (цIыхухъуцIэ).
Арип – Аравия – Хьэрып (къэралыцIэ).
Аршаве – Варшава – Варшавэ (къалэцIэ).
Аск๋ала – Азов – Аскъалэ (къалэцIэ).
Ауш-Герге – Ауш-Герги – Аущ-Джэрджий (божество языческое).
Ахупс – Ахупс – Ахупс (псыцIэ).
Ах๋ох๋у – Ахох – Ахъуэхъу (цIэ икIи унэцIэ).
Аштирх๋ан – Астрахань – Ащтырхъан (топоним).
Бабуг – Бабуг – Бабыгу (цIэ икIи унэцIэ).
Баг๋ирса – Багирсов – Багъырсэ (къуажэцIэ).
53
Байк๋ан – Байкан – Байкъан (цIэ икIи унэцIэ).
Барук๋о – Баруко – Бэрыкъуэ (цIэ икIи унэцIэ).
Безрик๋о – Безруко – Безырыкъуэ (цIэ икIи унэцIэ).
Берд – Берд – Берд (цIыхухъуцIэ).
Бесланiишхо – Бесланея большая – Беслъэнеишхуэ (щIыпIэцIэ).
Бжедуг๋у – Бжедуги – Бжьэдыгъу (этноним).
Бжех๋укохе – Бжехуковы – Бжэхъукъуэхэ (унэцIэ).
Биток๋о – Битоко – Бытокъуэ (цIэ икIи унэцIэ).
Бог๋ундир – Богундыр – Богъундыр (цIыхухъуцIэ).
Дигулибг๋ой – Дигулюбгой – Дыгулыбгъуей (къуажэцIэ).
Дижинук๋о – Дижинуко – Дыжьыныкъуэ (цIыхухъуцIэ).
Дох๋ушикое – Дохшукино – Дохъушыкъуей (къуажэцIэ).
Джезил – Алжир – Джэзыл (къэралыцIэ).
Емиш – Емиш – Емыш (шыцIэ).
Ержиб – Ержиб – Ержыб (цIыхухъуцIэ).
Елмурза – Ельмурза – Елмырзэ (цIыхухъуцIэ).
Ечанок๋о – Ешеноко – ЕщIэнокъуэ (цIыхухъуцIэ икIи унэцIэ).
Жанборимас – Жанборимас – Жанборымэс (IуэрыIуатэм хэт лIыхъужь).
Жаник๋ил – Жанкиль – Жанкъыл (цIыхухъуцIэ).
Жебк๋и – Жепк – Жьэпкъ (щIыпIэцIэ).
Ингилизiй – Англия – Инглыз / Инджылыз (къэралыцIэ).
Исибхан – Испагань / Исфаган – Исыпхьэн (Ираным щыIэ къалэцIэ).
Истанбул – Стамбул (Константинополь) – Истамбыл (Тырку къалэцIэ).
Исубх๋анiй – Испания – Исыбухьэн (адыгэхэр Испаниям зэреджэу
щыта).
Кинти – Кинты – Кынт / Чынт (лъэпкъыцIэ).
К๋ург๋око – Кургоко – Кургъуокъуэ (цIыхухъуцIэ).
К๋абардеишхо – Большая Кабарда – Къэбэрдеишхуэ (топоним).
К๋абардiе – Кабарда – Къэбэрдей (топоним).
54
К๋анок๋о – Канако – Къанокъуэ (цIэ икIи унэцIэ).
К๋๋аншок๋о – Каншоко – Къанщокъуэ (цIыхухъуцIэ).
К๋๋араба – Караба – Къэрабэ (цIыхухъуцIэ).
К๋атей – Китай – Китай (къэралыцIэ).
К๋ашк๋атау – Кашкатау – Къэщкъэтау (топоним).
К๋идиршок๋о – Кидиршоко – Къыдырщокъуэ (цIыхухъуцIэ).
К๋избурун – Кызбурун – Къызбырун (топоним).
К๋изилбаш – Кизилбаш – Къызылбаш (топоним)
К๋илчук๋о – Кильчуко – Къылъчыкъуэ (цIыхухъуцIэ).
К๋илшук๋о – Кильшуко – Къылъшыкъуэ (цIыхухъуцIэ).
К๋иримiй – Крым – Къырым (топоним).
К๋ог๋ол๋ико – Коготлуко – КъуэгъэуэлIыкъуэ (цIэ икIи унэцIэ).
К๋уденет – Куденет – Къундет (цIыхухъуцIэ).
К๋улк๋ужин – Кулькужин – Къулъкъужин (топоним, гидроним).
Лехджилер – Польша – Лэхьжылэ (топоним).
Лабш – Тлепш – Лъэпщ (языческое божество).
Лах๋одуг – Тляходуг ๋ – Лъахъуэдыгъу (цIэ икIи унэцIэ).
Лостан – Лостан – Лъостэн (цIэ икIи унэцIэ).
Маджарiй– Венгрия – Мажэрей (топоним).
Мак๋iе – Макей – Макей (цIэ икIи унэцIэ).
Маршенк๋ул – Маршанкуль – Маршэнкъул (цIэ икIи унэцIэ).
Мертазе – Мертаза – Мэртазэ (цIэ икIи унэцIэ).
Мирзабек – Мурзабек – Мырзэбэк (цIыхухъуцIэ).
Мисир – Египет – Мысыр (топоним).
Мисост – Мисост – Мысост (цIэ икIи унэцIэ).
Мих๋ост – Мухост – Мыхъуэст (топоним).
Мок๋о – Мокко – Мокъуэ (цIэ икIи унэцIэ).
Моску – Москва – Мэзкуу (топоним).
Муса – Муса – Муса (цIыхухъуцIэ).
55
Наг๋ой – Нагай – Нэгъуей (цIэ икIи унэцIэ).
Намицiи – Германия – Нэмыцей (топоним).
Озирмас – Озермес – Уэзырмэс (цIыхухъуцIэ).
Ордашао – Ордашао – Уэрджэщауэ (цIыхухъуцIэ).
Отбанок๋о – Отбаноко – Уэтбанокъуэ (цIыхухъуцIэ).
Паго – Паго – Пагуэ (цIыхухъуцIэ).
Педис – Падис – Пэдыс (цIыхухъуцIэ).
Петербух – Петербург – Бытырбыху (топоним).
Пшизадинок๋о – Пшизадиноко – Пщызэдынокъуэ (цIыхухъуцIэ).
Пшицук – Пшицук(ов) – ПщыцIыкIу (цIэ икIи унэцIэ).
Румлiй – Византия –Рум (топоним).
Санок๋о – Саноко – Санокъуэ (цIыхухъуцIэ).
Саральп – Саралп – Саральп (цIэ икIи унэцIэ).
Сатей – Сатей – Сэтей (щIыпIэцIэ).
Сейтк๋ул – Сейткуль – Сейткъул (цIыхухъуцIэ).
Семагу – Самог – Сэмэгу (цIыхухъуцIэ).
Сид – Сид(ов) – Сыд (цIэ икIи унэцIэ).
Созариха – Созериха – Созэрыхьэ (цIыхухъуцIэ).
Сосирик๋о – Сосруко – Сосырыкъуэ (цIыхухъуцIэ).
Сочасоко – Сочесоко– СощIэсокъуэ (цIыхухъуцIэ).
Сошасоко – Сочесоко – СощIэсокъуэ (цIыхухъуцIэ).
Талостан – Талостан – Талъостэн (цIэ икIи унэцIэ).
Таматаркай – Тмутаракань – Тамэтэркъай (топоним).
Тамбiй – Тамби – Тамбий (цIэ икIи унэцIэ).
Тамир-к๋ала – Дербент – “Темир-къалэ - Дербент” (топоним).
Тамирк๋ан – Темиркан – Темыркъан (цIыхухъуцIэ).
Танбiик๋о – Тамбиико – Тамбиикъуэ (цIэ икIи унэцIэ).
Тарк๋๋๋๋๋๋๋๋๋๋๋๋ан – Таркан – Тэркъан (цIыхухъуцIэ).
Татарк๋ан – Татаркан – Тэтэркъан (цIэ икIи унэцIэ).
56
Татартуп – Татартуп – Тэтэртуп (топоним).
Татершао – Татаршао – Тэтэрщауэ (цIэ икIи унэцIэ).
Тебсарук๋о – Тепсаруко – Тепсэрыкъуэ (цIыхухъуцIэ).
Темрюк๋о – Темрюк – Темрыкъуэ (цIыхухъуцIэ).
Тох [у] табий – Тохтаби – Тохъутабий (цIыхухъуцIэ).
Триндэ – Тринда – Триндэ (цIыхухъуцIэ).
Тузар – Тузар – Тузар (цIэ икIи унэцIэ).
Туркуй – Турция – Тырку (топоним).
Увжук๋о – Увжуко – Увжыкъуэ (цIыхухъуцIэ).
Умах๋а – Умаха – Умахъэ (цIыхухъуцIэ).
Урди – Урди – Урды (щыпIэцIэ).
Урусiй – Россия – Урысей (Арысей) (топоним).
Фарсий – Персия – Фарсей (топоним).
Хоз – Ходзь – Хуэдз (псыцIэ).
Хошiе – Хошей – Хуэшей (щIыпIэцIэ).
Химиш – Химиш – Хъымыщ (цIыхухъуцIэ).
Хош – Хош – Хъуэш (цIыхухъуцIэ).
Хумарик๋о – Хумаруко – Хъумарыкъуэ (цIыхухъуцIэ).
Хутай – Китай – Хъутей (топоним).
Хабеш – Эфиопия – Хьабэш (топоним).
Хамирза – Хамирза – Хьэмырзэ (цIэ икIи унэцIэ).
Хапце – Хапце (в) – ХьэпцIэ (цIэ икIи унэцIэ).
Хасан – Хасан – Хьэсэн (цIыхухъуцIэ).
Хатажук๋о – Хатажуко – Хьэтэжыкъуэ (цIэ икIи унэцIэ).
Хатик๋о – Хатко – Хьэтыкъуэ (цIэ икIи унэцIэ).
Хашок๋о – Хашоко – Хьэщокъуэ (цIэ икIи унэцIэ).
Хеджаз – Аравийская пустыня – Хьэджэз – Аравия (топоним).
Чегем – Чегем – Шэгэм // Шэджэм (щIыпIэцIэ).
Шарманок๋о – Шарманоко – Шарманоко (цIыхухъуцIэ).
Шегем – Чегем – Шэгэм // Шэджэм (щIыпIэцIэ).
57
Шипш – Шипш (ев) – Шыпщ (цIэ икIи унэцIэ).
Шам – Сирия – Щам (топоним).
Шамух๋у – Шамух – Щамыхъу (цIыхубзыцIэ).
Шерелик๋о – Шеретлуко – ЩэрэлIыкъуэ (цIэ икIи унэцIэ).
Шоген – Шоген – Щогэн // Щоджэн (цIэ икIи унэцIэ).
Щолох๋у – Шолох – Щолэхъу (цIэ икIи унэцIэ).
Шхаг๋ум – Шхагум – Щхьэгъум (щIыпIэцIэ икIи псыцIэ).
О๋шхаца – Ошхаца – Iуащхьэцэ – (щIыпIэцIэ).
Щапхъэ
къэтхьахэм
къызэрагъэлъагъуэщи,
адыгэ
лъэпкъыр
зэрыбжьыфIэ цIыху нэхъыфI дыдэхэм ящыщ Нэгумэ Шорэ итха «Къэбэрдейурыс псалъалъэ» лэжьыгъэм увыпIэшхуэ щиубыдащ щыIэцIэ унейхэм. Абы
къыхэкIыу, къэплъытэ хъуну къытфIощI, XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм
адыгэм тхыгъэ хузэгъэпэщыным ехъулIэныгъэфIхэр иIэу елэжьа Нэгумэ
Шорэ и псалъалъэр бзитIкIэ зэрызэхэгъэувам имызакъуэу, къэбэрдейшэрджэсыбзэм
и
тхыдэм
япэу
щызэхалъхьа
антропонимическэ,
топонимическэ псалъалъэуи щыту. А зыращ революцэм и пэкIэ ятхауэ щыIэ
антропонимическэ, топонимическэ псалъалъэри.
Къызэрапщытэж упщIэхэр
1. ЩыIэцIэ унейхэр зыдж щIэныгъэм зэреджэр сыт?
2.Адыгэбзэм
и
тхыдэм
япэу
щызэхалъхьа
антропонимическэ,
топонимическэ псалъалъэм и авторыр хэт?
3. Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм щыIэцIэ унейуэ итым и бжыгъэр сыт
хуэдиз хъурэ?
4. Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм сыт хуэдэ топонимхэр иту фщIэжрэ?
5. Нэгумэм и «Адыгэ-урсыс псалъалъэ» лэжьыгъэм сыт хуэдэ
цIыхухъуцIэхэр ит ди зэманми куэдрэ урихьэлIэу?
6. Бзэ дапщэкIэ зэхэт Нэгумэ Шорэ и псалъалъэр?
7. Фэ дауэ феплърэ Нэгумэ Шорэ и псалъалъэм ц1ыхубзыц1э
щ1ыхэмытыр сыту п1эрэ?
58
КIЭУХ ПСАЛЪЭ
Адыгэ лъэпкъыр зэрыбжьыфIэ щIэныгъэлIхэм ящыщ зыщ Нэгумэ Шорэ.
Дунейм зэрехыжрэ илъэсищэрэ щэ ныкъуэм щIигъуа пэтми, гуапэу, Iэф1у
ноби адыгэгум илъщ а цIэ лъапIэр. Лъэпкъ фIылъагъуныгъэр абы езым
къизэужащ и къарукIэ, и псэемыблэж лэжьыгъэкIэ. Аращ лъэпкъ тхыдэр
джыным япэ яужь ихьар, анэдэлъхубзэм тхыбзэ хузэзыгъэпэщар, абы и
ухуэкIэ-гъэпсыкIэхэр
къэхутэным
щIэзыдзар,
адыгэ
IуэрыIуатэр
зэхуэзыхьэсар, лъэпкъ литературэм и япэ лъэбакъуэри лъэпкъ щIэныгъэм и
къежьапIэ япэ еджапIэри зэпхар, ауэ мы тхыгъэ мащIэмкIэ дэ Нэгумэм и
творчествэ псор тхузэпкърыхынкъым. Ар къэтлъытэри, ди лэжьыгъэм
щызэпкърытхащ Нэгумэ Шорэ 1830-1840 гъэхэм итха «Къэбэрдей-урыс
псалъалъэ»
лэжьыгъэм
и
купщIэр
икIи
къэдгъэлъэгъуащ
адыгэ
лексикографиер зэфIэувэнымкIэ абы мыхьэнэуэ иIар, фонетикэм и тхыдэр
джынымкIэ сэбэпышхуэ а псалъалъэр зэрыхъур.
Нэгумэ
Шорэ
итха
«Къэбэрдей-урыс
псалъалъэ»
лэжьыгъэм
къызэщIеубыдэ псалъэу 4253-рэ, абыхэм щыщу 211-р цIэ унейхэщ:
антропоним,
топоним,
гидроним
фIэщыгъэцIэхэщ.
Апхуэдэу
а
зы
псалъалъэрщ щыIэр революцэм и пэкIэ къыдэкIауэ. Нэгумэ Шорэ и
лэжьыгъэм и пщIэр нэхъри ин, лъагэ ещI ар адыгэбзэр зыIурылъ,
къызыдалъхуа икIи фIы дыдэу зыщIэ цIыхум зэриIэдакъэщIэкIым. Мы
псалъалъэр къэбэрдей-лексикэм и купщIэр къызэщIиубыдэу япэу ди тхыдэм
щалэжьа Iуэхугъуэщ. Нэгумэм и псалъалъэр тегъэщIапIэ пщIыуэ улъыхъуэ
хъунущ
икIи
къэбгъуэтыфынущ
епщыкIубгъуанэ
лIэщIыгъуэм
къыщыщIэдзауэ нобэм къэс ди бзэм къыщыхъуа лексико-семантическэ,
фонетическэ зэхъуэкIыныгъэ куэд. Апхуэдэу Нэгумэ Шорэ и псалъалъэр
щIэгъэкъун хъунущ нобэрей ди бзэм жьы (архаизм, историзм, анахронизм)
хэхъухьахэмрэ
хэкIуэдыкIыжыпахэмрэ
гъэбелджылынымкIэ.
Апхуэдэ
мурадкIэ адыгэбзэм иIэ адрей псалъалъэхэр къэбгъэсэбэпыныр дзыхь
щIыгъуэджэщ. Абы IупщIу къегъэлъагъуэ Нэгумэ Шорэ итха «Къэбэрдейурыс
59
псалъалъэ»
лэжьыгъэм
иIэ
культурно-историческэ,
научно-
лингвистическэ мыхьэнэр зэрыиныр, ди адыгэ тхыдэм абы щиIэ увыпIэр
зэрылъагэ дыдэр.
ЛИТЕРАТУРЭ
60
1.Апажэ М. Л., ЗекIуэрей Н.Н. Нэгумэ Шорэрэ адыгэ бзэщIэныгъэмрэ //
Iуащхьэмахуэ, № 8, Налшык, 1994.
2.Апажев М.Л. Кабардино-черкесская лексикография XIX столетия //
Актуальные вопросы адыгских языков. Нальчик, 1981.
3.Апажев М.Л. Лексикография: теория и практика. Нальчик, 2005.
4.Апажев М.Л. Современный кабардино-черкесский язык. (Лексикология, лексикография). Нальчик, 2000.
5.Балкаров Б.Х. Фонетика адыгских языков. Налшык, 1970.
6.Берже А. Краткий биографический очерк Шора-Бекмурзина Ногмова.
Приложение к «Истории Атыхейского народа». Тифлис, 1861.
7.Гишев Н.Т., Таов Х.Т., Унатлоков В.Х. Лингвистическая литература по
адыгским языкам. Нальчик, 2005.
8.Керашев Т.М. Народ его не забудет // Шора Ногмов. Сборник
документаций и статей к столетию со дня смерти. Нальчик, 1944.
9.Кимов Ю.С. Просветительские идеи Ш.Б. Ногмова // Общественнополитическая мысль адыгов, балкарцев и карачаевцев в XIX- начале XX века.
Нальчик, 1976.
10.Кокиев Г. Шора Бекмурзин Ногмов. Нальчик, 1944.
11.Кудашев В.Н. Исторические сведения о кабардинском народе.
Нльчик, 1991.
12.Кумахов
М.А.
Сравнительно-историческая
фонетика
адыгских
(черкесских) языков. М., 1981.
13.Кумахов М.А. Сравнительно-историческая грамматика адыгских
(черкесских) языков. М., 1989.
14.КIуащ БетIал. Тхыгъэхэр. Т. 2, Налшык, 1966.
15.Лавров Л.Н. Об интерпретации Ш.Б. Ногмовым кабардинского
фольклора // Советская этнография. № 2, 1969.
16.Мэмбэт Хьэлым. Лъэпкъыр зэрыгушхуэ // Iуащхьэмахуэ. Налшык,
1994.
61
17.Нечаев С.Д. Отрывки из путевых записок о Юго-Восточной России //
Московский телеграф. М., 1826, ч. 7, отд. 1.
18.Ногма Ш.Б. История адыхейского народа. Нальчик, 1944.
19.Ногма Ш.Б. Филологические труды. Нальчик, 1956 (т. I), 1959 (т. II).
20.Писатели Кабардино-Балкарии. Нальчик, 2003.
21.Предисловие Шоры Ногма к «Грамматике», 1840 (рукопись).
22.Теунов Х.И., Магдебург И.Я. Литература и искусство // Кабардинская
АССР. Нальчик, 1946.
23.Теунов Х.И. Литература и писатели Кабарды. Нальчик, 1955.
24.Тресков И.В. Светильник жизни. Нальчик, 1966.
25.Тресков И.В. Летопись жизни и творчества Ш.Б. Ногмова // КБНИИ,
Нальчик, 1959.
26.Тресков И.В. Шора Ногмов – писатель и деятель просвещения
кабардинцев. М., 1954.
27.Тресков И.В. Этюды о Шоре Ногмове. Нальчик, 1974.
28.Туганов Р.У. Новое о Шоре Ногмове // Кабардино-Балкарская правда.
1980. 11 июня.
29.Турчанинов Г.Ф. Из поэтического наследия Шоры Ногма // Ученые
записки КНИИ. Нальчик, 1948.
30.Турчанинов Г.Ф. О жизни и деятельности Шоры Ногмова // Шора
Ногмов. Сборник документаций и статей к столетию со дня смерти. Нальчик,
1944.
31.Турчанинов Г.Ф., Цагов М. Грамматика кабардинского языка. М.-Л.,
1940.
32.Унатлоков В.Х. Адыгизмы в карачаево-балкарском языке. Нальчик,
2005.
33.Урыс Хь.Щ. Адыгэбзэм и тхыдэ. Налшык, 2000.
34.Хакуашев А.Х. Адыгские просветители. Нальчик, 1978.
35.ХьэкIуащэ А.Хь. Тхыгъэ къыхэхахэр, Налшык, 2000.
62
36.Шагиров А.К. Очерки по сравнительной лексикологии адыгских
языков. Нальчик, 1962.
37.Шагиров А.К. Этимологический словарь адыгских языков. М., 1977.
38.Шаов А.А. Основы адыгской лексикографии. Майкоп, 1988.
39.Glen W. Journal of tour from Astrachan to Karass, north of the mountains
of Caucasus. Edinburgh, 1823.
40.Henderson E. Biblical researches and travels in Russia, including a tour in
the Crimea, and the rassage of the Caucasus. London, 1826.
41.Sjogren A. Dagbok, 1835.
ПСАЛЪАЛЪЭХЭР
42.Адыгэбзэ псалъалъэ. М. 1999.
43.Адыгэ-урыс гущыIалъ. Мыекъуапэ, 1975.
44.Апажэ М.Л., КIуэкIуэ Ж.Н. Адыгэ-урыс псалъалъэ. Налшык, 2008.
45.Емузов А.Г. Англо-кабардино-русский фразеологический словарь.
Нальчик, 1978.
46.Лопатинский
Л.Г.
Русско-кабардинский
словарь
//
Сборник
материалов для описания местностей и племен Кавказа, вып. XII, 1891.
47.Ногма Ш.Б. Кабардино-русский словарь (черновые материалы) //
Филологические труды, т.1. Нальчик, 1956.
48.ХьатIэнэ А.А., КIэращэ З.И. Адыгэбзэм изэхэф гущыIалъ. Мыекъуапэ,
1960.
63
ПСАЛЪАЩХЬЭХЭР
Хэзыгъэгъуазэ……………………………………………………………………..3
1.Нэгумэ Шорэ и псалъалъэр зэрыухуамрэ зэрызэхэлъымрэ………………...14
2.Нэгумэ Шорэ итха псалъалъэм и фонетикэр………………………………...23
3.Псалъалъэм къызэщIиубыдэ тематикэхэр…………………………………...33
4Зи мыхьэнэр къыбгурымыIуэж, адыгэбзэм хэмытыж псалъэхэр…………...41
5.Архаизмхэр,
историзмхэр,
анахронизмхэр
псалъалъэм
къызэрыщы-
гъэлъэгъуар………………………………………………………………………49
6.Псалъалъэм къыщыгъэлъэгъуа щыIэцIэ унейхэр…………………………...55
КIэух псалъэ……………………………………………………………………...62
Литературэ……………………………………………………………………….64
64
Download