Мэшбащ1э Исхьэкъ и

advertisement
ПСАЛЪАЩХЬЭ
ХЭЗЫГЪЭГЪУАЗЭ…………………………………………………………………..…3
ЯПЭ 1ЫХЬЭ. Адыгэ хабзэр романым къызэрыхэщыр…………………..…...8
1.1.Хьэщ1эм хуащ1 гулъытэр…………………………………………………………..9
1.2.Нэхъыжьым хуащ1 пщ1эр………………………………..……………………… 10
1.3.Адыгэ ф1эхъусхэр…………………………………………………………………..12
ЕТ1УАНЭ 1ЫХЬЭ. Романым и художественнэ гъэпсык1эр……………….15
2.1.Тхыгъэм къыхэщыж литературнэ л1ыхъужьхэм тхак1уэм къахуигъуэта
ц1эхэм я1э мыхьэнэр…………………………………………….………………..…….18
ЕЩАНЭ 1ЫХЬЭ. Тхыдэ л1ыхъужьхэр………………….…………………….…26
3.1.Тхыдэм и зы напэк1уэц1………………………………..…………………………26
3.2.Къэбэрдеипщхэр………………………………………….…………………………32
К1ЭУХ ПСАЛЪЭ……………………………………………………………………….36
КЪЭГЪЭСЭБЭПА ЛЭЖЬЫГЪЭХЭР……………..……………………………..39
ХЭЗЫГЪЭГЪУАЗЭ
Илъэс минит1ыр тхыдэ пщалъэщ.
Адыгэ лъэпкъри мыщ1алэ
Дунейм зи къуэпсыр текъухьам
И жьэгу, и маф1э мыужьыха
«Дыгъужь нэщ1ам» имыгъэдзыхэу
и псэр и гъуазэмэ – ар адыгэщ!
[36; 16]
Адыгэ лъэпкъым и къуэпсыр куущ, жыжьэ къыщожьэ. Тхыдэм
елэжьхэм къызэралъытэмк1э, илъэс минитху мэхъу ди лъэпкъыр Кавказым
зэрыщыпсэурэ. Апхуэдиз тхыдэ и щ1ыбагъ къыдэлъщ ди лъэпкъым.
Щылъэпкък1э, дауи, абы и1ащ махуэф1и, махуаи, гуф1эгъуи, гузэвэгъуи. А
псом и гугъу дэ тхуэщ1ынкъым, ауэ нэхъыщхьэр жыт1энщ. Нобэрей
адыгэхэр ди блэк1ам дегъэп1ейтей. Зэрыжа1ащи, уи блэк1ар умыщ1эу,
къэк1уэни уи1энкъым.
Ди адыгэ литературэм увып1эшхуэ щеубыд лъэпкъ тхыдэм, ди блэк1а
гъащ1эм, ди псэук1ам. Зы тхак1уи зы усак1уи блэк1акъым абы, дэтхэнэми и
тхыгъэ сатырхэм къызэщ1аубыдащ ар. Абы и щыхьэтщ Мэшбащ1э Исхьэкъ и
«Адыгэхэр» тхыдэ романыр.
Ауэ, псом япэ, езы Мэшбащ1эм теухуауэ. Кавказ щ1ыналъэ абрагъуэм и
теплъэр, ди тафэ бейхэр, ди ц1ыху телъыджэхэр, абыхэм я зыхэтык1эхэр
къэзыгъэлъэгъуар хамэ щ1ып1э къик1а зек1уэл1къым, ди мылъэпкъ
тхак1уэкъым, ат1э адыгэ лъэпкъым и къуэ пэж Мэшбащ1э Исхьэкъщ. Аращ ди
пащхьэ къизылъхьар ди адыгэхэм я тхыдэ гуауэк1э гъэнщ1ар, лъыпсрэ
нэпск1э тхьэщ1а адыгэ гъащ1эр. Гуры1уэгъуэт ар абы дапщэщми зэритхынур.
3
И 1эщ1агъэк1э илъэс бжыгъэ куэдк1э хьэдзэ зырызурэ зэхуихьэса
лэжьыгъэхэм адыгэпсэ къы1уигъак1эу ди пащхьэ кърилъхьэжауэ аращ мы
тхыдэ романыр.
Мы тхыгъэри, адрей и 1эдакъэ къыщ1эк1а тхыгъэ куэдым хуэдэу, ди
литературэм дежк1э хэлъхьэныгъэшхуэщ, лъэбакъуэщ1эщ, ф1агъ куэд
зыбгъэдэлъщ.
Аращ
Мэшбащ1эм
Адыгейми,
Къэбэрдей-Балъкъэрми,
Къэрэшей-Шэрджэсми и ц1ыхубэ тхак1уэ ц1э лъап1эр, Адыгейми, Урысейми,
СССР-ми я къэрал саугъэтхэм я лауреат, Шолоховым и ц1эк1э щы1э дунейспо
литературэ саугъэтри къыщ1ыхуагъэфэщар.
Лэжьыгъэм и мыхьэнэр
Къыдэк1уэтей щ1эблэм адыгэхэм я гъащ1э блэк1ар, къек1уэк1ык1ар, и
тхыдэм и напэ ф1ыц1эхэр ящ1энымк1э мыхьэнэшхуэ зи1эщ Мэшбащ1э
Исхьэкъ и «Адыгэхэр» романным къыщы1эта 1уэхугъуэхэм. Дуней псом
адыгэхэр ц1эры1уэ зэрыщыхъуа я хабзэ дахащэм, я зэхущытык1э къабзэхэм,
нэмыс, адыгагъэ зыпкърылъ образ лъагэхэм теухуа 1ыхьэхэм гъэсэныгъэ нэс
я1энущ щ1алэгъуалэр абы щ1эп1ык1ынымк1э.
Мурадымрэ къалэнымрэ
Мэшбащ1э Исхьэкъ и тхыгъэмрэ тхыдэмрэ зэпыщ1эныгъэу я1эм
дык1элъыплъыну мурад тщ1ащ мы диплом лэжьыгъэмк1э.
Диплом лэжьыгъэм мыпхуэдэ къалэнхэр щызэхудогъэувыж:
а) тхак1уэм романым адыгэ хабзэр къызэрыщигъэлъэгъуар къэтхутэну;
б) тхыгъэм и темэр, персонажхэр, зэрытха бзэр къэдгъэнэхуэну;
в)тхыдэ л1ыхъужьхэм романым щаубыд увып1эр къыхэдгъэщыну;
Темэр къыщ1ыхэтхар
Зи ц1э къит1уа тхак1уэ, усак1уэ ц1эры1уэ Мэшбащ1э Исхьэкъ критик
куэдым и гугъу ящ1ащ, ауэ нобэр къыздэсым абы и «Адыгэхэр» тхыдэ
4
романым зыми и гугъу ящ1ыну зэрыхунэмысам къыхэк1к1э мы темэр
къыхэтхын хуей хъуащ.
Лэжьыгъэм тегъэщ1ап1э хуэхъуар
Диплом лэжьыгъэм и гъэзэщ1энымк1э сэбэп хъуащ тхыгъэхэу:
Шэвлокъуэ Пётр и «Гъащ1эм и пшыналъэ», 1994 гъэм къыдэк1ар; Шэрджэс
А, Хьэкъун М. я «Адыгэхэмрэ ахэм я хабзэхэмрэ», 2000 гъэм къыдэк1ар;
Къэрмокъуэ Хьэмид и «Тхыгъэхэр», 1997 гъэм къыдэк1ар; Къардэн Ч. и
«Къэбэрдей пщы къудамэхэм я тхыдэ», 1997 гъэм къыдэк1ар., н.
Лэжьыгъэр къыщыбгъэсэбэп хъунур
Мы диплом лэжьыгъэр сэбэп яхуэхъуну къыдолъытэ къэбэрдейшэрджэс
литературэр
зыдж,
Мэшбащ1эм
и
творчествэм
тхыдэр
къызэрыхэщым нэхъ тэмэму щыгъуазэ зыхуэзыщ1ыну хуей студентхэми,
курыт
школхэм,
еджап1э
нэхъыщхьэхэм
щылажьэ
егъэджак1уэхэми,
къэбэрдей-шэрджэс литературэм дихьэх дэтхэнэ зы ц1ыхуми.
Диплом лэжьыгъэм и зэхэтык1эр
Диплом лэжьыгъэр зэхэтщ хэзыгъэгъуазэу, 1ыхьищу, к1эух псалъэу,
къэгъэсэбэпа лэжьыгъэу.
Хэзыгъэгъуазэм къызэщ1еубыдэ лэжьыгъэм и мыхьэнэр, мурадымрэ
къалэнымрэ, темэр къыщ1ыхэтхар, лэжьыгъэр къыщыбгъэсэбэп хъунур.
Япэ 1ыхьэр топсэлъыхь романым адыгэ хабзэр къызэрыхэщым.
Ет1уанэ 1ыхьэр тегъэпсащ Мэшбащ1эм и романым и художественнэ
гъэпсык1эм.
Ещанэ 1ыхьэр Мэшбащ1э Исхьэкъ и «Адыгэхэр» тхыдэ романым
къыхэщыж тхыдэ л1ыхъужьхэм топсэлъыхь.
К1эух псалъэм диплом лэжьыгъэр къызэщ1екъуэж.
Романым тхыдэр гъащ1эм хэпщауэщ ди пащхьэм къызэрырилъхьэр. А
гъащ1эр езыр гъэнщ1ащ л1эщ1ыгъуэк1эрэ псыхьа хъуа адыгэпсэк1э. Мы
романыр куэдым теухуащ куэди къызэщ1еубыдэ. Сэ сызэреплъымк1э,
тхак1уэм ди блэк1ар къит1эщ1ыжурэ гужьгъэжь гуэрхэр дигъэщ1ыну
аракъым, ат1э, япэрауэ, лъэпкъыр дуней псом ц1эры1уэ зэрыхъуа ди хабзэ
5
дахэхэр ди пащхьэм кърилъхьэжу 1эщ1ыб димыгъэщ1ыну аращ. Ет1уанэрауэ,
адыгэм балыхьу, хьэзабу игъэвар, абы къик1уа гъуэгуанэ хьэлъэр ди нэгу
къыщ1игъэувэу аращ. Нобэрей щ1эблэм ар нэсу тщ1эркъым, мы тхыгъэри
икъук1э щхьэпэу дэ къыдолъытэ. 1уэхугъуэхэр романым зэрыщек1уэк1ыр
тхыдэм сурэт трахам хуэдэукъым. Уи блэк1ам акъыл хэпхынырщ нэхъыщхьэр.
Уи блэк1аращ уи къэк1уэнум и лъабжьэри. "Лъабжьэр быдэмэ щхьэк1эр
лъагэщ ",– жа1э адыгэхэм. Пэж дыдэу нобэрей ди къулеигъэм и къежьап1эр
ди блэк1аращ.
Иджыпсту къэт1уэта ди гупсысэхэмк1э дубзыхуащ мы романым и
темэри: лъэпкъым къик1уа гъуэгуанэ хьэлъэм ди адыгэхэм я ф1ыгъуэ
нэхъыщхьэр
–
хабзэ
дахащэр
–
яф1эмык1уэду
налкъутым
хуэдэу
къызэрык1уэц1рахар, а хабзэм тету ягъэса щ1эблэм зэи лъэпкъ напэ
ягъэулъийуэ зэрыщымытар, щ1эблэ дахэ сыт щыгъуи дызэри1арщ. Апхуэдэу
романым гупсысэ нэхъыщхьэм дрешал1э: «Лъабжьэр быдэмэ, щхьэк1эр
лъагэщ».
«Адыгэхэр» тхыдэ романыр 1ыхьийуэ гуэшащ. Дэтхэнэ зы 1ыхьэр
щ1идзэн ипэк1э, щ1эныгъэл1хэм шэрджэсхэм щхьэк1э жа1а цитатэхэр
къок1уэ. Апхуэдэщ, псалъэм папщ1э, Ф. А. Щербина, Эдриси, О. В. Маркграф,
Оммар де Гель сымэ, нэгъуэщ1хэри. Псалъэм папщ1э, Гавани Ксаверно етх:
«Шэрджэсыр пщыгъуэ пщык1упл1 мэхъу, дэтхэнэми и щ1ыналъэмрэ и
гъунапкъэмрэ
гъэнэхуауэ.
Ар
зыми
и
1эмыщ1э
илъкъым.
Зыгуэр
къеныкъуэкъу хъумэ, жыжьэуи зрагъэк1уал1эркъым». [21;300]
Романыр щ1едзэ дунейм и теплъэр къигъэлъагъуэу. «Дыгъэр хуэму къухьэрт
бгымк1э, къухьэрт дыкъэзыухъурейхь псэ зы1ут псоми загъэпсэхун папщ1э».
[21;9]
Пхъэ дакъэм тес Л1ымахуэрэ Зэзийрэ йогупсысыр дунейр зэрыхъуам, я
къуэрылъхухэм жа1э ф1эк1а 1уэху зыри зэрамыщ1эм, езыхэр щ1алэу
6
щыщытахэм зэгупсысу щытар губгъуэрат, хъушэ зэрахуэхэрат. А т1ур
зэпсалъэрт адыгагъэм теухуауэ.
Псом япэ дубзыхунщ «Адыгэхэр» тхыдэ романыр зытегъэпсыхьа
лъэхъэнэр зыхуэдар. Къурей губгъуэм тэтэрхэр мац1эм хуэдэу къиужьгъауэ,
пащтыхьым и дзэр тыркудзэм езауэу Лабащхьэк1э къек1уэк1ауэ и гугъу
зэрищ1ым къыбгурегъа1уэ мы тхыгъэр 18-нэ л1эщ1ыгъуэм и ет1уанэ 1ыхьэм
теухуауэ
зэрыщытыр.
Ц1ыху
ц1ык1ум
ищ1эркъым
апхуэдэ
лейрэ
залымыгъэрэ щызэрахьа лъэхъэнэ, адыгэхэм къатепсыха насыпыншагъэм
хуэдэ къызытепсыха нэгъуэщ1 лъэпкъ. 18 - нэ л1эщ1ыгъуэм Къэбэрдейр
щ1ыналъэшхуэ тесу щытащ. Ищхъэрэк1э Гумкъалэ (иджы Георгиевск)
щегъэжьауэ Кума псыщхьэк1э къек1уэк1ыу, къухьэп1эмк1э Сунжыпсым нэс
и1ыгъыу щытащ. 18 - нэ л1эщ1ыгъуэм урыс пащтыхьыгъуэм и политикэ
гуащ1э ек1уэк1ам и ужьк1э Къэбэрдейм и гъунапкъэхэр нэхъ мащ1э хъуащ.
Абы и щ1ыналъэхэм быдап1эхэр къытращ1ыхьын щ1адзэ – Гумкъалэ,
Мэздэгу, Налшык деж. Апщ1ондэхук1э бгырысхэр бгы лъапэм екъузыл1а
мэхъу. 18 - нэ л1эщ1ыгъуэм Къэбэрдей адыгэхэр мин 200 - м нэблагъэу
щытауэ жа1э. Ауэ, сыт абыхэм я нат1э хъуар?
Абыхэм я нат1э хъуам дытепсэлъыхьын и пэк1э, къыжыт1энщ Кавказым
а лъэхъэнэм нэхъ ныкъуэкъуэгъу нэхъыщхьэу и1а къэралыгъуэхэмрэ
пащтыхьыгъуэхэмрэ.
Куэд щ1ауэ лъэпкъ ц1ык1у зыбжанэу зэхэт, зы къэралыгъуэу щымыт
бгырысхэр, ахэр зэрыс щ1ыналъэ дахэр зы1эрагъэхьэну яужь итт Тыркумрэ
Персымрэ, Инджылызымрэ Франджымрэ, Кърым хъанымрэ Урысеймрэ. Ауэ
зэи зыми и 1эмыщ1э имылъа бгырысхэм я къалэн нэхъыщхьэр лъэгу щ1этын
замыщ1ынырт.
Лъапсэрых маф1эр къапихыу бий бзаджэ куэд къызэрыхьым я
залымыгъэм бгыхэр игъэгызт, лъыуэ ирак1утым псы ежэххэр плъыжьу
7
ири1эрт. Ауэ Кавказыр зэи дзыхакъым. Адыгэм зы 1эмк1э пхъэ 1эщэк1
и1ыгъымэ, адреймк1э джатэр къыбгъурылът. Адыгэм л1ыгъэр къыдалъхуати
къик1уэт жыхуа1эр ищ1эртэкъым.
8
ЯПЭ 1ЫХЬЭ
АДЫГЭ ХАБЗЭР РОМАНЫМ КЪЫЗЭРЫХЭЩЫР
Адыгэ хабзэк1э зэджэм ныбжьышхуэ зэри1эр нарт эпосым къыхощ, абы
и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр; нарт хъыбархэр щыхьэт зэрытехъуэщи, пасэ дыдэу
къежьащ, пасэрей адыгэхэм – синдхэм, меотхэм, керкетхэм, зиххэм я деж
щызэф1эувэри л1эщ1ыгъуэ к1ыхь 1эджэм къыщхьэдэхащ, еф1ак1уэу,
заузэщ1у, щ1эблэхэм щапхъэрэ гъуазэрэ яхуэхъуу. Дэтхэнэ лъэпкъри
ирогушхуэ и хабзэхэм, пщ1э лей хуещ1, иропсэу, щ1эблэхэм къахузэренэк1,
яхъумэнк1э, ягъэбэгъуэнк1э гугъэу. Ц1ыху гъэса ялъагъумэ, адыгэхэм я
гъунэгъу лъэпкъхэм жа1эрт: «Адыгэ хуэдэщ». Аркъудеймк1э гуры1уэгъуэщ
адыгэхэм хабзэшхуэ зэрахэлъар. [16; 196]
Мэшбащ1э Исхьэкъ и «Адыгэхэр» тхыдэ романым къыщыгъэлъэгъуащ
ди лъэпкъыр дуней псом къызэрыщац1ыхуа и зэхэтык1э дахэр, яхэлъ
гъэсэныгъэр, я л1ыгъэ-шыгъэр, я теплъэ уардэр, зэрыпагэ хабзэ-нэмысыр, я
адыгагъэр. А псори псалъэ гъущэ къудейкъым авторым къызэри1уатэр, ат1э
ц1ыху пыухык1ахэм яхэпщауэ дегъэлъагъу. Гъащ1эр зэрыщытауэ ди пащхьэ
кърелъхьэ. Хэт сымэ зи гъащ1э дыхишэр? Ар псом хуэмыдэу сигу ирихьа
л1ыжь губзыгъэ Л1ымахуэ, жаней лъэпкъым я пщы 1умахуэ Сыбэкъуэ,
л1хукъуэл1 Къалэкъутэ, и щхьэгъусэ 1эдэб Нэкурэ, япэм унэ1уту щыта,
иужьк1э Беслъэнейм и Джэмбэчы къуажэ ц1ык1ум я пщым и къуэу
къыщ1эк1а зиусхьэн Хьэтай щ1алэр, абы и щхьэгъусэ Минсурэ, уэркъыл1
Къамболэт сымэщ.
Л1ыхъужь куэд хэтщ романым, ауэ мы зи гугъу тщ1ахэр гум
имыхужхэщ. Адыгэ унагъуэм, абы илъ хабзэм, и псэук1эм и щапхъэу къыдет
Къалэкъутэрэ Нэкурэрэ, Хьэтайрэ Минсурэрэ я унагъуэхэр. Адыгэм гуапагъэу,
къабзагъэу, акъылу, хабзэ дахэу, жьэнахуагъэу яхэлъыр Къалэкъутэ хелъхьэ
9
авторым. Ар хуэныкъуэм хуэгумащ1эщ, игу иримыхь щ1иуфэркъым, и къару
сытк1и щысхьыркъым. И 1ущагък1э хэкуми жылэми щыц1эры1уэщ. Аращ
абы и ужь иту уэркъхэри, лъхукъуэл1хэри, уеблэмэ, языныкъуэ пщыхэри
гъуэгу щ1ытеувэр, абы и жы1э щ1ыщ1этыр.
1.1. Хьэщ1эм хуащ1 гулъытэр
«Хьэщ1эр тхьэм и л1ык1уэщ», - апхуэдэ псалъэжь къадогъуэгурык1уэ
адыгэхэм. Нартхэм я зэман лъандэрэ хьэщ1эм пащ1 щы1акъым адыгэхэм,
тхьэм и пащхьэ къик1ауэт ар зэралъытэр. Нэмысышхуэ зэрахьэрт ди
лъэпкъым. Псоми зэрытщ1эщи, хьэщ1эм гулъытэ хэха и1эу щытащ. И
хьэщ1эщыр пщ1ант1эм щыхухэхат, абы и бжэр хэт дежк1и зэ1ухат: зи ц1и зи
щхьи ямыщ1э гъуэгурык1уэри еблагъэ хъурт абы, еблэгъакъэ – дапщэрэ
исами, къыхуеблэгъам хьэщ1агъэ ирахын хуейуэ адыгэм и пщэ къыдэхуэрт.
Абы нэмыщ1к1э, шыф1эдзап1эри щхьэхуэт, и хьэщ1э нышыр сыт щыгъуи и
1энэм къак1уэрт.
Апхуэдэщ, псалъэм папщ1э, романым
къыхэщыж мы пычыгъуэр:
Къалэкъутэ Псыбэ къуажэ ц1ык1ум щыдыхьам, зы куэбжэ гуэрым л1ышхуэ
къыдэк1ащ, махуэ къэс зэрыдэс къэптал ф1ыц1эмрэ пы1эшхуэ гуэррэ
щхьэрыгъыу, ик1и гуапэу иригъэблэгъащ. Щ1алэ ц1ык1у гуэрым занщ1эу
шхуэ мылак1эр иубыдри
Къалэкъутэ и шыр шэщым ишащ. Ари хабзэт.
Иужьк1эщ ахэр щызэрыц1ыхуар. Здеблэгъар Тлъехъуэч л1ым и дежт.
«Адыгэм и хьэщ1эр быдап1эм исщ», – апхуэдэ псалъэжьи къыщыхьащ
романым.
Адыгэ
къыщ1ыхэщтык1ын
хьэщ1эщым
ихьам
щы1этэкъым:
игурэ
хьэщ1эщым
и
щхьэрэ
исыху,
къытехьэнутэкъым, уеблэмэ, ар зи хьэщ1эм лъык1э и бийми.
10
зэтелът,
абы
лей
Къалэкъутэрэ и шыпхъу закъуэ Дарийрэ пасэ дыдэу зеиншэу къэнат.
Дарий ц1ык1уу сабийхэр зыдыгъуурэ зыщэ Вынэт1ыгу идыгъури ищауэ
щытат. Абы и ужьк1э, куэдрэ лъыхъуащ Къалэкъутэ и шыпхъум. Зэгуэрым ар
Вынэт1ыгу 1ущ1ати, и шыр къытрихри Тыркум иригъэшауэ щытащ. И
шыпхъур къыхуишэжауэ, и бийр бжэ1упэм 1уту къыщилъагъум Къалэкъутэ
къэплъат, ауэ ар абы пежьащ, куэбжэри зэ1уихри мыпхуэдэуи жи1ащ:
«Къеблагъэ, хьэщ1э усхуэхъунщ. Уэри зэрыпщ1эщи, ди адыгэ хабзэмк1э уи
адэр иук1ами, ар уи унэм къеблэгъамэ – хьэщ1эщ, щыхьэщ1эк1э, абы и
гъащ1эмрэ и щ1ыхьымрэ уэ пхъумэну уи къалэнщ уи къарук1эрэ уи
щ1ыхьрэк1э». [21;154]
Хьэщ1эм емык1у къезыгъэхьым, жылэм я напэр трихауэ ялъытэрти
нэмыплъ иратырт, фэи ираплъыжыртэкъым.
Адыгэм и хьэщ1эр сытым дежи жьант1эм дэст, ар ныбжьым
елъытакъым. Апхуэдэу жаней лъэпкъым я пщы Сыбэкъуэ деж къеблэгъат
абазэпщ Дудэрыкъуэ. Мы 1ыхьэм къыхощ ар щ1алэми жьант1эм зэрыдэсыр,
Сыбэкъуэ и ныбжьыр хэк1уэтами абы и гупэмк1э къызэрыщысыр. Сыбэкъуэ и
къуэш нэхъыщ1э Ацэмыкъуэ бжэм деж щытт. Ик1и авторым къыдгурегъа1уэ
и къуэш нэхъыжь щысу зы 1энэм пэрыт1ысхьэну зэрыемык1ур, ари хьэщ1э
щысу.
Мыр нэгъуэщ1 зы 1ыхьэ гуэрым дежи къыщыхощыр: Сыбэкъуэ сымэ
Мэзкуу урыс пащтыхь Иван Грознэм деж щык1уам щыгъуэ, дзэпщ Дмитрий
Вишнивецкэм игъэщ1эгъуат ди адыгэм зэрахьэ хабзэр. Вишнивецкэм
игъэщ1эгъуат Ацэмыкъуэрэ Къудэдокъуэрэ бжэм деж зэрыщытыр, ауэ
иужьк1э Сыбэкъуэ абы къыгуригъэ1уащ ар хабзэм къызэремызэгъыр:
нэхъыжь щыщысым деж, нэхъыщ1эр щытын хуейщ, ик1и мыри дыщ1игъуащ:
«Сэ сщ1эркъым фэ фи хабзэр, ауэ дэ ди хьэщ1эр махуищ унагъуэм исамэ, ар
унагъуэм ящыщ хъуауэ ялъытэ». [21; 101]
11
Хьэщ1эм еупщ1ыртэкъым къыщ1эк1уамк1э, ар езым къригъажьэу
жи1эн хуейт.
1.2. Нэхъыжьым хуащ1 пщ1эр
Нартхасэ хасэм щызэхыхьэми, санэхуафэ ящ1ми, шурылъэс джэгуми,
унафэ яхуэзыщ1ыр я тхьэмадэрщ, абы и псалъэм псори йода1уэ, псори
йочэнджэщ. «Ди нарт хасэм и тхьэмадэр Нэсрэн жьак1эщ» - апхуэдэ псалъэ
халъхьащ Ашэмэз и пшыналъэм. Зек1уэ ежьэн хъуми, нартхэ тхьэмадэрэ
гъуазэрэ яхуохъу Нэсрэн жьак1э - аращ Ашэ илъ зыщ1эж шухэм я шу пашэр:
абы емыда1уэрэ и унафэм емыувал1эрэ яхэткъым зек1уэ ежьахэм. [17;3]
Апхуэдэпщ1э хуащ1 адыгэхэм я нэхъыжьым нартхэм я зэман лъандэрэ.
Нэхъыжьым и пщ1эр апхуэдизк1э лъагэт, инти, абы и пащхьэм емык1у
къыщызыхьыр, и нэмыс зыкъутэр гупым зыхагъэхьэжыртэкъым, ц1ыхуфи
ираплъыжыртэкъым, апхуэдэр адыгагъэм ебэкъуауэ, хабзэм щ1амып1ык1ауэ
ялъытэрти. Дауи, зи пщ1эмрэ зи щ1ыхьымрэ лъагэ нэхъыжьым дуней
илъэгъуауэ, дунейм и п1алъэ ищ1эу щытын хуейт.
Апхуэдэщ романым къыхэщыж Сыбэкъуэ, Л1ымахуэ сымэ, арат абыхэм
я унафэмрэ я псалъэмрэ унагъуэри, лъэпкъри, жылэри щ1еувал1эр.
Унагъуэмрэ, унагъуэр зыщыщ лъэпкъымрэ тепщ1ыхьмэ, нэхъыжьыгъэр
зэлъытар ныбжьырат. Унагъуэми ар зыщыщ лъэпкъми я тхьэмадэр
нэхъыжьыгъэр ныбжьк1э зылъысырат. Жылэм, хэкум тхьэмадэ ящ1 хабзэр
акъылышхуэ зи1э ц1ыху 1ущхэрт ныбжьк1э ар къылъымысми, л1ып1э
иуварэ, и акъылк1э ц1эры1уэ хъуамэ.
Романым къыхощыж адыгагъэр зи псэм, зи 1эплъэпкъым хэт, л1ыжь
губзыгъэ Л1ымахуэ.
12
Ущрихьэл1э елъытауэ нэхъыжьым хуэпщ1ын хуей нэмысымрэ пщ1эмрэ
гъэбелджылауэ къадэгъуэгурык1уащ адыгэхэм. Шууэ гъуэгу техьат Л1ымахуэ,
Зэзий, Л1ымахуэ и къуэ Дзэгъащтэ жи1эу. Л1ымахуэ и къуэ Дзэгъащтэ а т1ум
я ужьым иту к1уэрти, Зэзий еупщ1ащ апхуэдэу щ1эк1уэм, ик1и хабзэм тету и
адэм и ижьырабгъумк1э бгъурышэсыну жри1ащ. Арщхьэк1э, ар Дзэгъащтэ
идакъым, Л1ымахуи къэпсалъэри жи1ащ: «Зэзий, уэ ущыту ар си
ижьырабгъумк1э к1уэну иджыри къытехуэркъым, ар ф1ы дыдэу уощ1э,
жьы1уэщ иджыри». [21; 27]
Л1ымахуэрэ
Зэзийрэ
куэд
щ1ауэ
зэрыц1ыхуу
зэныбжьэгъухэт,
зэгъунэгъухэт. Зэзий илъэсит1к1э нэхъыщ1эт Л1ымахуэ нэхърэ. Я хьэлт а т1ум
къыдэк1ыурэ я гъунэгъуу щылъ пхъэдакъэжьым тет1ысхьэурэ блэк1а
зэманыр къащ1эжыну, адыгэ хабзэм, адыгагъэм иризэдэуэну. Ауэ, псом
хуэмыдэу Л1ымахуэ игу темыхуэр Зэзий сытым щыгъуи ижьырабгъумк1э
зэрыт1ысырат. Хабзэм къезэгътэкъым.
Адыгэхэм я нэхъыжьым и пщ1э езым къалэжьыжауэ, я акъылк1э, я
губзыгъагъэк1э, я л1ыгъэк1э, я ц1ыхугъэк1э къахьыжауэ къек1уэк1ащ.
Нэхъыжьым ф1ыуэ ищ1эрт хабзэр, тхыдэр, дунейм и п1алъэ щыгъуазэт, лей
зэрихьэнутэкъым, нэф1 – ней хэлътэкъым, захуагъэм тек1ынутэкъым, ц1ыхур
зэрызэгуригъэ1уэнрэ ф1ыгъуэ зэрахуилэжьынрэт зыхуэпсэур.
1.3. Адыгэ ф1эхъусхэр
Дунейр къызэриухуэрэ, ц1ыхухэм хабзэ зэрахуэхъуащи, псалъэми
1уэхуми зэрыщ1адзэр ф1эхъус сэламщ. Адэ ижь – ижьыж лъандэрэ зэман
жыжьэм ц1ыхухэр зэрихьэл1амэ 1эщэ зэрамы1ыгъыр, я1ыгъыпэу щытми,
1эщэм хуемык1уэну дзыхь зэрызэхуащ1ым я нэщэнэу 1эубыдыр къыщежьа
13
лъэхъэнэм дыщ1идзауэ ди нобэм къэс къыдек1уэк1ыу лъэпкъ къэс езым и
сэлам ехык1э и1эжщ. Абыхэм ящыщ куэдыр мыхьэнэк1э зэтехуэ пэтми,
дэтхэнэ лъэпкъми и сэлам зэхык1эр абы и дуней тетык1эм, хьэл – щэным, и
гупсысэк1эм, зэрыт диным, къик1уа тхыдэ гъуэгуанэм епхащ. Ахэр
зэмыл1эужьыгъуэ 1эджэ мэхъу.
Адыгэ тхак1уэшхуэ Шортэн Аскэрбий мыпхуэдэу итхыгъащ: «Адыгэ
ф1эхъусхэм, хабзэхэм уащыхэплъэк1э 1эмал имы1эу мыбы гу лъыботэ:
ф1эхъусхэм, хабзэхэм икъу – икъужк1э ц1ыхур ягъэлъап1э, абы и щ1ыхьыр
я1эт, абы нэмыщ1к1э иджырей лэжьыгъэр ц1ыху гупхэм я гуащ1эдэк1ыу
зэрыщытым
унегъэплъыс.
Ф1эхъусхэм,
лэжьыгъэм
ехьэл1а
хабзэхэм
мылъкук1э е класск1э зэхэгъэж ящ1ыркъым: Абы къыдегъэлъагъу адыгэ
ф1эхъусыжьхэмрэ хабзэжьхэмрэ ныбжьышхуэ зэра1эр, ахэр первобытно –
общиннэ псэук1эм зэрыщызэф1эувар, абыхэм я псэук1эм къык1элъык1уэ
патриархальнэ
л1акъуэ
псэук1эри, пщыгъэ
–
пщыл1ыгъэри
я
нэгу
зэрыщ1эк1ар…
Адыгэ ф1эхъусхэр сыт хуэдэ 1уэхугъуэхэми хуэгъэпсащ, хуэхьэзырщ.
Ахэр сыт щыгъуи хабзэм и лъэдийщ, тк1ийщ, дэтхэнэ зыми ищ1эни,
игъэзэщ1эни хуейщ. Дэнэ щ1ып1э укъыщыхутами, жып1энумрэ, пщ1энумрэ
къыбжа1э а ф1эхъусхэмрэ хабзэхэмрэ». [8; 12]
Адыгэхэм я япэрей ф1эхъусымрэ нобэ ди зэманым я ф1эхъус
ехык1эмрэ зэщхьэщок1, зэщхьыжкъым. Ар зэхэбгъэк1ын щхьэк1э, сэ
къэсхьыну сыхуейт щапхъэу романым щыщ зы пычыгъуэ. Л1ымахуэ, Зэзий,
Дзэгъащтэ сымэ шым шэсхэри ежьахэт. Ахэр гъуэгум здытетым къалъэгъуащ
шууеищ къахуэк1уэу. Ик1и хабзэм ипкъ итк1э Дзэгъащтэ абыхэм япежьащ.
Адрейхэми шууеит1 япэ ирагъэщхэри, езыхэр яужь иту къыхуэк1уэхэрт.
Хабзэмк1э, гупит1ри уващ гъуэгум и бгъуит1ымк1э. Ахэр Къэбэрдей
14
адыгэхэрауэ къыщ1эк1ащ. Я ныбжьк1э шухэр Л1ымахуэрэ Зэзийрэ я къуэ
пэлъытэт. Гупым я нэхъыжьым и 1эр къи1этри жи1ащ:
- Гъуэгу махуэ, пщ1э зыхуэтщ1 тхьэмадэхэ.
- Фэри сыхьэтыф1 тхьэм фыхуишэ, - яжри1ащ Л1ымахуэ. Дыныволъэ1у,
фыкъеблагъэ, хьэщ1э фытхуэхъунщ. [21; 30]
Иджырей зэманым апхуэдэ ущрихьэл1энукъым, сыту жып1эмэ шым
шэсыжхэри мащ1э дыдэ хъуащ, уеблэмэ, 1эхъуэ закъуэхэращ. Нобэрей ди
гъащ1эм шыр машинэк1э зэхъуэк1а хъуащи, ахэри щызэблэжк1э, нэхъыбэм
деж ф1эхъус ехык1эр сигналырщ. Къыщыувы1ахэми деж,
нэхъыбэм
машинэм къимык1ыу, щхьэгъубжэр ирагъэжэхри сэлам зэрах.
Ефэ – ешхэу зэхэс
щахыхьэм деж ф1эхъус ехык1эр нэгъуэщ1щ.
Адыгэхэр гуапэхэт, я нэхъыжь ялъытэрт, я нэхъыщ1э ягъэгушхуэрт. Л1ыгъэ
яхэлът, пагэхэт, я щхьэ къудей ягъэщхъынутэкъым, сабий къыщ1ыхьам
хуэтэджрэ пэт.
Куэд щ1ауэ мысабиижми, Къалэкъутэ куэдк1э нэхъыщ1эт Сыбэкъуэ
нэхърэ.
Пщы
Сыбэкъуэ
деж
къеблэгъахэт
Дудэрыкъуэ.
Къалэкъутэ
хьэщ1эщым щыщ1ыхьам, нет1э ищхьэк1э зэрыжыт1ащи, куэдк1э нэхъыжьми
Л1ымахуэ къэтэджри иригъэблэгъащ хьэщ1эр.
Вак1уэм, жыласэм щыбгъэдыхьэм деж:
-Бов апщий! – жра1э. Абы и жэуапу къат:
-Упсэу апщий! Еблагъэ. [8; 16]
Пщы Темрыкъуэ и къуэхэр и гъусэу гъуэгу здытетым къалъэгъуащ
губгъуэм вэуэ хэт Салихь л1ыжьыр, ик1и мурад ящ1ащ сэлам ирахыну.
Вак1уэм деж нэмысыпэу къэувы1эхэри Темрыкъуэ жи1ащ:
15
-Гъавэ бэв пхухъу, Салихь.
-Усэу, зиусхьэн,– жи1эри и 1эр и1этащ вак1уэм, ик1и ехъуэхъуащ:
«Алыхьым ди дэтхэнэ зы махуэри, нобэрейм хуэдэу гуэпэу, уэф1у щигъэт!»
-Упсэу!
-Гъуэгу махуэ, сыхьэтыф1 тхьэм фыхуишэ! [21; 66]
«Ижь – ижьыж къыщежьэу лъэхъэнэ гугъусыгъу 1эджэм къызэприхыу
лъэпкъым
нобэм
къигъэса
адыгэ
ф1эхъусхэр,
1эмал
зэри1эк1э
дымыгъэк1уэдыжу, ди бзэрэ ди щхьэрэ дыщыхуитк1э, къэдгъэсэбэпыпхъэщ.
Л1эужьыр бжьиблк1э мауэ. Дэ ди ф1эхъусхэр нэхъыбэрэ къэдгъэсэбэпыху, а
псалъэ дахэ, псалъэ гуапэхэм я гъащ1эм къыпищэурэ, дяпэк1и гъуэгуанэ
к1ыхь як1унщ», - етх К1урашын Бет1ал. [8; 13]
Нэгъуэщ1 лъэпкъхэм къагурымы1уэнк1э мэхъу, псалъэм папщ1э,
адыгэм нэхъыжьым и гъуэгур щ1ызэпимыупщ1ыр, уахыхьамэ, гупыр
щ1этэджыр, нэхъыжь щыту нэхъыщ1э щ1эмыт1ысыр… Ц1ыхум и пщ1эр
зыгъэлъагэ апхуэдэ хабзэ дахэ къэзыгъэщ1а лъэпкъым игурэ и щхьэрэ
зэтелъу, иригушхуэу жи1эу щытащ: «Сэ сыадыгэщ!»
16
ЕТ1УАНЭ 1ЫХЬЭ
РОМАНЫМ И ХУДОЖЕСТВЕННЭ ГЪЭПСЫКIЭР
«Адыгэхэр»
тхыдэ
романым
идейно
-
тематическэ
ухуэк1эрэ
художественно - нравственнэ щытык1э нэхъыщхьэу и1эр 1ыхьэ - 1ыхьэурэ
ик1и пычыгъуэ щхьэхуэ - щхьэхуэурэ зэрыгуэшар аращ. 1ыхьийуэ зэхэлъ
романыр зэпыщ1эныгъэ пыухык1а зи1э пычыгъуэ - пычыгъуэурэ гуэшыжащ.
Пычыгъуэ къэс хъыбар пыухык1ам хуэдэу щытщ, ауэ абы къи1уатэр
адрейхэми быдэу пыщ1ащ, псори зы 1эпкълъэпкъыу зэроубыд.
Гупсысэ къыщы1этахэм я пэжагъ, кууагъым къыдэк1уэу тхак1уэм абы
къыщигъэлъэгъуащ художественнэ зэф1эк1 хьэлэмэт бгъэдэлъри. Апхуэдэ
зыузэщ1ыныгъэ гъэщ1эгъуэныщэхэр щыболъагъу а тхыгъэм и композицэм и
ухуэк1эми, образхэр абы зэрыщызэф1эгъэувами, пейзажыр, портретыр
къызэрыщыгъэсэбэпами, и бзэм и дахагъ, къабзагъ, нэхуагъми.
«Адыгэхэм» экспозицэ и1эщ, абы щыгъуазэ дыхуещ1 романым и
л1ыхъужь нэхъыщхьэхэм, Л1ымахуэ и бынунагъуэм и псэук1эм, Къалэкъутэ
и щхьэгъусэ Нэкурэ и теплъэм.
Дзэгъащтэ, Къалэкъутэ, Хьэтай сымэ адыгэ лъэпкъыр зы щ1ынымк1э
бэнэныгъэ ирагъэк1уэк1ынымк1э хасэ ящ1у, 1уэхур зы1утыр пщыхэми,
унэ1утхэми къызэрыгурагъа1уэр тхак1уэм иришэжьа 1уэхум и пэщ1эдзэщ, и
завязкэщ. Романым щек1уэк1 1уэхум нэхъ лъагэу зыщи1этыр, абы и
кульминацэр жаней лъэпкъым япщ Сыбэкъуэ урыс пащтыхьым деж
лъэ1уак1уэ щык1уаращ, Кърым хъаныр илъэсым щэ - пл1э и лъэпкъым
къытеуэурэ унэхэр зэригъэсым, 1эщхэр зэридыгъум, щ1ым къытраха
къэк1ыгъэр къызэрищтэм, а псом нэмыщ1ыжк1э, щ1алэ ц1ык1ухэмрэ
хъыджэбз
ц1ык1ухэмрэ
пщыл1ып1э
зэрыришэм
къыхэк1к1э
къыдэ1эпыкъуну, адыгэ лъэпкъыр зы ищ1у и жьауэм щ1игъэувэну. Тхыгъэм
и к1эухыр Урысеймрэ Къэбэрдеймрэ зэрызэгухьэрщ, 1570 гъэм Аф1ыпс
зауэм Темрыкъуэ у1эгъэ хъууэ и псэр зэрыщитырщ, Кърым хъаныр жаней
17
лъэпкъым
къызэрытеуаращ,
адыгэхэр
л1ыгъэ
яхэлъу
абыхэм
зэрапэщ1этыфырщ, а зауэм Къалэкъутэ и псэр зэрыщитырщ.
«Адыгэхэр»
тхыдэ
романым
1уэху
щек1уэк1ыр
къызэрыщыгъэлъэгъуам, къызэрыщетхэк1ам къыдэк1уэу, абы ущрохьэл1э
езы тхак1уэм и гупсысэхэми, къыщыхъу 1уэхухэм хэт л1ыхъужьхэм
зэрыхущытми. Тхыгъэр пц1ы хэмылъу, абы нэхъ куу, пэж, псэм дыхьэ ящ1,
абы и ф1ыгъэк1и 1уэху ек1уэк1ыр тхылъеджэм нэхъ пэгъунэгъу мэхъу.
Апхуэдэщ, псалъэм папщ1э, Сыбэкъуэ и удыным Къалэкъутэ Хьэтай
щихъумэну яужь зэритар авторым къызэригъэлъэгъуэжар.
Художественнэ 1эмал зэмыл1эужьыгъуэ зыбжанэ тхак1уэм и романым
къыщегъэсэбэп. Тхыгъэр нэхъ гурыхь ищ1ын, ар нэхъ игъэщ1эрэщ1эн
папщ1э, тхак1уэм ахэр къихьыркъым, абыхэм языхэзми къалэн пыухык1а
романым щегъэзащ1э. Абыхэм ящыщу нэхъ 1эзэу, къек1уу, тхак1уэм
къигъэсэбэпыр и л1ыхъужьым и теплъэрщ. Абы и къалэн нэхъыщхьэуи
щытыр л1ыхъужьым и теплъэ къудеймк1э ар ф1ыуэ дигъэлъэгъуну е гущык1
худигъэщ1ыну аракъым. Абы къыдэк1уэуи тхак1уэр нэхъыбэм абы
щ1ежал1эр и л1ыхъужьым и гурылъ-гуращэхэр, и хьэл-щэнхэр тхылъеджэм
къыхузэ1уихынырщ, ар зищ1ысыр нэхъ куууэ дигъэлъэгъунырщ. И
л1ыхъужьым и портретыр щ1ынымк1э Мэшбащ1эм 1эзагъэшхуэ зэрыхэлъым
и щапхъэу къэпхь хъунущ Гуащэней, Нэкурэ, Къалэкъутэ, Дзэгъащтэ сымэ я
сурэт телъыджэ и романым щызэригъэпэщар.
Мэшбащ1эм гулъытэншэу къигъанэркъым отрицательнэ образхэм я
теплъэри. Ахэр къыщигъэлъагъуэк1и, авторым хузэф1ок1 зы псалъэк1э е
т1ук1э и л1ыхъужьыр зыхуэдэр, абы и хьэл нэхъыщхьэр сэтей къищ1ыныр,
езыр абы зэрыхущытыр къыджи1эныр. Псалъэм папщ1э, Т1ахъуэ и теплъэр
мыпхуэдэ псалъэхэмк1э тхак1уэм гущык1ыгъуэ къытхуещ1: «а къэпыжь
зэгъэдзэк1ам», «нэгъабэрей банэм хуэдэу зэпкъырыщэщам», «уп1эщ1ауэ,
щ1ыунэм къыщ1эплъым», «напщ1э к1ырыжьым». [21; 162]
18
Лъэпкъым къыдэгъуэгурык1уэ хабзэмрэ нэмысымрэ романым 1эзэу
къызэрыщыгъэлъэгъуар тхак1уэм и ехъул1эныгъэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ
зыщ.
Романым
и
бзэр
зыкъомк1э
къагъэщ1эращ1э
абы
тхак1уэм
1эк1уэлъак1уэу къыщигъэсэбэпа адыгэ псалъэжьхэм, жы1эк1э дахэхэм,
художественно-изобразительнэ
1эмал
зэмыл1эужьыгъуэхэм.
Псалъэм
папщ1э, романым щыкуэдщ адыгэ псалъэжьхэр, псалъэ шэрыуэхэр: («Бажэм
и фэр и бийщ», «Е1эбыхи къашэ, дэ1эбеи ет», «Зауэм иужьыр хьэдагъэщ»,
«Гугъэр адэ щ1эиныф1щ», «Ф1ы щ1эи псым хэдзэ», «Л1эныгъэр жьыгъэ –
щ1агъэкъым», «Адыгэм и иужьрей акъыл», «Пц1ыр лъакъуэ к1ыхьщ», «Уи
джатэр имыгъуэу къыумых, къипхамэ- умыгъабзэу йомылъхьэж», «Адыгэм и
хьэщ1эр быдап1эм исщ.»).
1эзэу, гъэщ1эгъуэну романым къыщыгъэсэбэпащ пейзажри. И Хэкум и
дахагъым ф1ыуэ щыгъуазэ тхак1уэм гулъытэ лей и тхыгъэм абы щыхуещ1,
зэхуэмыдэ къалэнхэр ярегъэгъэзащ1э. Языныкъуэм абы 1уэхур щек1уэк1
щ1ып1эр, зэманыр къагъэлъэгъуэ, адрейхэм деж тхыгъэм хэт л1ыхъужьхэм я
гурылъ-гуращэхэр нэхъ 1упщ1, сэтей къащ1. 1уэхур щыф1ым деж уафэр
къабзэщ, бзыгъэщ, щ1ылъэр щхъуант1эщ, дахэщ. 1уэхур щымыхъумыщ1эм
пшэхэр зэрызохьэ, уафэр уфащ, дунейр щ1ы1эщ, псы1эщ, зэхэутащ. Ауэ
сытым щыгъуи Мэшбащ1эм къигъэлъагъуэ пейзажым псэ хэтщ, удехьэх, гум
къонэж. Псалъэм папщ1э: «Гъэмахуэм и япэ махуэ хуабэхэр къихьат. Пщы
Сыбэкъуэ дамэдазэу 1уха щхьэгъубжэм бгъэдыхьащ, мэзымк1э къриху жьы
щ1ы1эр зыщ1ригъэхуну. Щыбгъэдыхьэм, къилъэгъуащ, тасрэ къубгъанрэ
и1ыгъыу и деж щ1эк1ыжа Хьэтай, абы къыбгъэдэтт Минсурэ. Жьыр
ириджэгурт хъыджэбзым и бостей щхъуэк1эплъык1эу зэхэлъымрэ, и щхьэц и
пл1эм теуэмрэ. Езы тхьэ1ухудри щыгуф1эк1э къилыдык1 и нэ ц1ык1ухэмк1э
ещхьт гъатхэ жьы къепщэм». [21;170]
Сыбэкъуэ и щытык1эр игъэбелджылын папщ1э, тхак1уэм дунейм и
теплъэр мы щытык1эм тету дегъэлъагъу: «Гъатхэ пасэт. Дыгъэр и гъэмахуэ
лъэгап1эм иджыри ит1ысхьатэкъым. Щ1ымахуэ борэнымрэ уаемрэ и ужьк1э,
19
ар щтэ1эщтаблэу к1элъыплъ хуэдэт щ1ымахуэ 1эужьхэм. И щ1ымахуэ фащэр
къыщылыдык1ыу, 1уащхьэмахуэ нэр щыджылу зэщ1эблэрт. Уафэ джабэм
к1эрылъ пшэхэр хьэлъэт, нэщхъейт». [21;111]
Тхак1уэм 1эзагъышхуэ хэлъу къигъэлъэгъуащ, Къалэкъутэ щ1алъхьа
нэужь, дунейм и щытык1эр: « Мып1эщ1ащэми, ищхъэрэжь щ1ы1эм бжьыхьэ
пшэ хьэлъэхэр ирихужьат. Абы къыпежьа щ1ык1эу, хым и бгъэгу иныр
къыпэщ1игъэувэрт и толъкъунхэмк1э нэщ1 хъуа 1уфэм къепыджауэу.
Зи тхьэмпэ гъуэжьхэр къызыпыщэщ къэрэгъэш жыгым и гъуэм ис
дыгъургъуур зэм гущ1эм зигъазэу щэ1урт, зэм дыхьэшхырт, зэми гур
щ1эгъуу гъырт…» [21;724]
2.1.
Тхыгъэм
къыхэщыж
литературнэ
л1ыхъужьхэм
тхак1уэм къахуигъуэта ц1эхэм мыхьэнэ я1эр
Литературнэ л1ыхъужь зыбжанэм тхак1уэм къахуигъуэта ц1эхэм
мыхьэнэ пыухык1а я1эщ. Абыхэм ящыщ куэдым ф1ы е 1ей къок1.
Апхуэдэхэщ
Л1ымахуэ, Дзэгъащтэ, Къалэкъутэ, Вынэт1ыгу, Псэмыт,
Хьэтай, Бжьэмыт, Пэнэхэс, Шыбланэ, Нэрыт, Нэкурэ, Т1ахъуэ, Цахъуэ,
Борэн жыхуи1э ц1эхэр. Гугъу уемыхьу къыбгуро1уэ абыхэмк1э тхак1уэм
жи1эну зыхуейр.
Романым къыхощыж адыгагъэр зи псэм, зи 1эпкълъэпкъым хэт, л1ыжь
губзыгъэ Л1ымахуэ. Адыгэбзэм хэтщ псэм ехуэбыл1э псалъэ дахэ куэд.
Абыхэм
ящыщ
«махуэ»
псалъэри.
Словарышхуэм
«махуэ»
псалъэм
мыхьэнит1 щетауэ къок1уэ. Япэр - дыгъэ къыщ1эк1ыгъуэм щыщ1эдзауэ
дыгъэ къухьэжыгъуэ хъухук1э яку дэлъ зэманырщ. Ет1уанэр- угъурлыгъэ,
насып жи1эу аращ. Дауик1, «Л1ымахуэм» пыт «махуэр» зэпхьэл1э хъунур
ет1уанэращ. А мыхьэнэр и1эу къыдогъэсэбэп мы псалъэхэри: жьыщхьэ махуэ,
гъуэгу махуэ, лъапэ махуэ, 1уащхьэмахуэ, н.
20
ДЗЭГЪАЩТЭ: «дзэ»- войско; «гъэщтэн»- пугать; «пугать войско».
Дзэгъащтэ япэу романым къыщыхэщыр и адэ Л1ымахуэрэ Зэзийрэ и гъусэу
хасэм к1уэуэщ. Мыр хабзэ - нэмыс зыбгъэдэлъ ц1ыхущ, жьэнахуэщ, ерыщщ,
къарууф1эщ, пэжым и телъхьэщ, игу илъ ибзыщ1ыркъым, имы1уэху
зэрихуэркъым. Хасэм къыздик1ыжым ар хуэзащ Къалэкъутэрэ Вынэт1ыгурэ:
Вынэт1ыгу лъа1уэрт иук1ыну, абы ирищ1энумк1э Къалэкъутэ Дзэгъащтэ
щеупщ1ым мыращ жи1ар: «Уи напэм къызэребгъэк1ум хуэдэу щ1ы»,- жери.
[21;36]
Ипэм щыщ1эдзауэ и к1эм нэс Дзэгъащтэ романым къызэрыхэщыр
Къалэкъутэ къызэригъэпэщ хасэхэм к1уэуэщ, ар сытым щыгъуи абы и
телъхьэщ. Кърым хъаныр жаней лъэпкъым къыщытеуам Дзэгъащтэ зы
дружинэм и 1этащхьэу щытауэ къыхощыж, ауэ абы а зауэм щызэрихьа
л1ыгъэм теухуауэ зыри къыджи1эркъым, тщ1эр а зауэм и псэр зэрыщытарщ.
КЪАЛЭКЪУТЭ: «къалэ» - город; «къутэн - разрушать; «разрушитель
города». Романым къызэрыхэщымк1э мыр л1хукъуэл1щ. Пасэ дыдэу и
анэмрэ и адэмрэ дунейм ехыжат. А псом нэмыщ1ыжк1э, и шыпхъу закъуэр
илъэс пщык1уз ф1эк1а имыныбжьу Вынэт1ыгу идыгъури ищат. Къалэкъутэ и
адэм ещхь хъужат - и инагък1и, и хьэлк1и, и гупсысэк1эк1и. Псом хуэмыдэу
къару куэд трегъэк1уадэ дыгъуэгъуак1уэхэм, мыхъумыщ1агъэ зылэжьхэм, зи
сабий зыф1адыгъуахэм къахуегъуэтыж. И хьэлк1э, пэжыр жып1эмэ, гугъущ,
ауэ ц1ыхуф1щ, и пщ1эр ехъумэ, ц1ыхур къигъапц1эркъым, зи 1уэху
хуэмыщ1ам до1эпыкъу. Къалэкъутэ и 1уэху зехьэк1эм зы гъэщ1эгъуэныгъи
хэлъщ. Ар илэжьынур, къыпэщытхэр куууэ зыщ1э, нэсу къызыгуры1уэж,
гъуэгу къыхихам, тэмэму къилъытам зы бжьизк1и щхьэпырымыбэкъук1
ц1ыху ерыщщ, гушхуэ зык1уэц1ылъщ. Романым ипэм щыщ1эдзауэ и к1эм нэс
мыбы бэнэныгъэ ирегъэк1уэк1 адыгэ лъэпкъыр зы щ1ынымк1э, абы папщ1э
21
хасэ зэхишэурэ езым и еплъык1эр ц1ыхухэм яжре1э. Апхуэдэурэ ар
къэзымыц1ыхуа, абы и хъыбар зыхэзымыха зы лъэпкъи къэнэжатэкъым.
Пщ1эшхуэ къыхуащ1ырт Къалэкъутэ, ик1и абы и щыхьэтщ у1эгъэ щыхъуам
щыгъуэ Абэдзэхым къик1ыу Дэур, Беслъэнейм, Нэтыхъуейм къик1ыурэ
щ1эупщ1ак1уэ къызэрыхуэк1уар. Къалэкъутэ зы хасэ гуэрым мыпхуэдэу
щыжи1ат: «Дэ, адыгэхэр лъэпкъ пщык1ут1 дохъу, щхьэж езым хуэдэу
губзыгъэ щымы1эу игугъэжу. Апхуэдизу дыщыгубзыгъэк1э, щхьэ мыхъурэ
псори дызэгухьэу, ди къарур зы тщ1ыуэ дыпсэун. Ик1и дызэкъуэтмэ нэхъ
тынш хъунущ апхуэдизрэ къыттеуэ Кърым хъаным дыпэщ1этын…» [21;357]
Тхыгъэм мыбы и шыпхъур зыдыгъуа Вынэт1ыгу къыхуишэжауэ, езыми
Дзэгъащтэ ипхъу Нэкурэ щхьэгъусэ хуэхъуауэ, зы къуэ ц1ык1уи здагъуэтауэ
къыхощыж. Ауэ ди жагъуэ зэрыхъунщи, романым и к1эм Къалэкъутэ зауэм
хок1уадэ.
«Щ1алъхьэт Къалэкъутэ лъэпкъым и нэпсым къызэпижыхьауэ. Щы1эт
абы и къуэ закъуэ Борэни, Нэкурэ и дэлъхури, Л1ымахуэ и къуэрылъху
Чычани, Жэмборэрэ Вынэт1ыгури, нэгъуэщ1хэри. Къэк1уат пщыхэри,
уэркъхэри, абы и л1эныгъэм иригуф1а гуэрхэри…»[21;723]
Зэман бзаджэм халъхуами, бэлыхь мыухыжхэр имышэчами, абы зэи и
щхьэр залымыгъэм хуигъэщхъакъым, и щ1ыхь и нэмыс ихъумэжыфу дунейм
тетащ- аращ ар тхак1уэм щ1игъэл1ап1эр, къызыхэк1а и лъэпкъым и къуэ
пэрыту и бэнак1уэ псэемыблэжу къыщ1илъытэр.
ХЬЭТАЙ. Романым ипэм пщы Сыбэкъуэ и унэ1уту къыхощыж.
Иджыри ц1ык1уу мэзым и ныбжьэгъу щ1алэ ц1ык1ухэр и гъусэу
гъуэрыгъуапщк1уэ джэгуу Пэнэхэс идыгъуауэ щытат. Ар къащэхури
Сыбэкъуэ къыхуашат. Балигъ хъуауэ ар пщым иут1ыпщыжат. Хьэтай хуейт
Къалэкъутэ хуэдэу адыгэхэр зы лъэпкъыу зэгухьэну. Иужьым Хьэтай и адэм
къигъуэтыжащ, иджы ар Джэмбэчы къуажэ ц1ык1ум япщ Джэмбэч и къуэт.
22
Куэдрэ щ1эбэнащ мыр и насыпым. Сыбэкъуэ ипхъу Минсурэ кърагъэшэн
ядэтэкъым, сыту жып1эмэ, Хьэтай унэ1утт, Минсурэ пщым ипхъут. Хьэтай
пщым и къуэу къыщыщ1эк1ым Сыбэкъуэ фызышэ дахэу ирет ипхъу закъуэр
Хьэтай. Мыр ф1ым, пэжыгъэм, захуагъэм хуоплъэ, псэемыблэжу абыхэм
щ1обэныр. Хьэтай шынэ, къик1уэт зымыщ1э бэнак1уэщ, Къалэкъутэ и
ныбжьэгъу пэжщ.
ПСЭМЫТ: «псэ» - душа; «тын» - отдавать; мы - щымы1эныгъэм и
суффикс; «не отдающий душу»;
Сэ
сызэреплъымк1э,
мы
л1ыхъужьым
апхуэдэ
ц1э
авторым
щ1ыф1ищар, Къалэкъутэ и псэм еджэу щытелъым къызэрыригъэлар аращ.
Хьэтрэм къуажэ ц1ык1ум деж Къалэкъутэ Мэмий сэшхуэк1э иу1ауэ щытат.
Щ1ып1э куэдым кърашурэ къыхуашат абы дохутырхэр, удзым къыхэщ1ык1а
хущхъуэхэр хузыхырагъалъхьэрт, ауэ зыри сэбэп къыхуэхъуртэкъым.
Иужьым Сыбэкъуэ Псэмыт къыхуишэри абы игъэхъужауэ аращ, ик1и
романым и к1эм нэс мы т1ур зэныбжьэгъу пэж зэхуохъур. Псэмыт и
унагъуэм теухуауэ авторым къыджи1эр сабиих зэри1эращ. Зяужь ит,
зыщ1эзэу 1уэхум и пэжагъыр хьэкъыу зыпхык1а а ц1ыху псэемыблэжым
л1ыгъэшхуэ хэлъщ, шынэ жыхуа1эр ищ1эркъым. Ар на1уэ къещ1 жаней
лъэпкъым кърым хъаныр къыщытеуам а зауэм зэрыхэтам, абы и псэр
зэрыщитам.
ВЫНЭТ1ЫГУ: «вы» - мэкъумэш лэжьыгъэм къыщагъэсэбэп гуу; «нэ»
- глаза; «т1ыгу» - обух, тупая часть, тупой конец чего- л;
Вынэт1ыгу и ц1э дыдэр Бырсейщ. Вынэт1ыгу щ1ыф1ащын хуей
щ1эхъуам и щхьэусыгъуэр мыращ: я гъунэгъум хьэщ1э къахуэк1уам и шым и
уанэр къидыгъуати, абы лъандэрэ я гъунэгъухэм къыф1ащат. Романым и пэм
мыр
къыхощыж
сабий
дыгъуу,
ц1ыхугъэншэу,
гущ1эгъу
лъэпкъ
бгъэдэмылъу. И мурад ф1ейхэр къемыхъул1ауи ар увы1энутэкъым,
жеинукъым, псэхунукъым, а зыхуейхэм и 1эр тригъэхуэн папщ1эк1и, абы
23
сыт хуэдэ напэншагъи бзаджэнэджагъи и щхьэм ирипэсынут, илэжьынут. И
теплъэм теухуауэ тщ1эр и лъакъуэ ижьымк1э зэрыщ1акъуэращ. Зэгуэрым зы
щ1алэ ц1ык1у гуэр къидыгъуну хуежьати, и адэр сэк1э къеуэри, абы иужь
щ1акъуэу къэнат.
Къалэкъутэ и ф1ыгъэк1э Вынэт1ыгу къыгуро1уэж а зытет гъуэгум
зэрытек1ын хуейр. Къалэкъутэ и шыпхъур щидыгъуам щыгъуэ, зэман
блэк1ауэ,
абы
Вынэт1ыгу
къиубыдри
Тыркум
ирыригъэшат,
ишри
къытрихри зы тхьэмыщк1э гуэрым иритат. Тырку сулът1ан зращам
игъашхэртэкъым
тэмэму,
пщэдджыжьым
щыщ1эдзауэ
жэщ
хъуху
игъэлажьэрт. Зэгуэрым хуэмыхьыжу зиук1ыжыну хуеят, ауэ сулът1аным и
дохутырым къригъэлащ. Хъужа иужь, уэрамым къыдидзыжащ. Куэдрэ
къилъыхъуащ Вынэт1ыгу лэжьап1э. Абы ныбжьэгъу къыхуохъу Фэхърий,
ик1и абы къыхуегъуэт лэжьыгъэ - хьэлъэзешэу. Махуищ ф1эк1а дэмык1ыу
Вынэт1ыгу къилъэгъуащ Нэрыт. Нэрыт къыдэ1эпыкъури ар къэк1уэжащ и
хэкум. Къыздэк1уэжам япэ дыдэ к1уэри Къалэкъутэ и шыпхъур къищэхужри
и дэлъхум хуишэжащ. А гугъуехь зыхэта псор Къалэкъутэ жри1эжа нэужь, а
т1ур зэныбжьэгъу мэхъу.
Ик1и романым и к1эм нэс Вынэт1ыгу и ц1эр ф1ык1э ф1эк1а 1ейк1э
къыхэщыжкъым. Мыбы и образымк1э тхак1уэм къыдже1э 1ей пщ1ами,
гъуэгу пц1ы утехьами, сытым дежи абы укъызэрытек1ыжыфынур, ухуеймэ,
уи щыуагъэр къыбгуры1уэжауэ щытмэ.
ПЭНЭХЭС: «пэ» - нос; «нэ» - глаза; «хэсын» - сидеть среди чего – кого л;
Мыри Вынэт1ыгу хуэдэу сабийхэр къидыгъуурэ ищэу романым
къыхощыж. Ауэ Вынэт1ыгу зихъуэжами, Пэнэхэс зихъуэжкъым. Пэжщ, зы ф1ы
гуэри
илэжьауэ
къыхощыж
тхыгъэм.
Ар
Хьэтай
и
адэр
къызэрыхуигъуэтыжаращ. Вынэт1ыгу жри1эрт абы зихъуэжыну, ауэ къик1
24
щы1этэкъым. Уеблэмэ, гъэпц1агъэк1э Пэнэхэс Вынэт1ыгу иук1ыну хэтащ, и
щ1ыбагък1э сэ хи1уауа щытат. Хи1уа щхьэк1э, а дакъикъэ дыдэм Бжьэмыт
гъэпц1агъэк1э Пэнэхэс еук1. Куэд гуф1ащ ар щыл1ам. Пэнэхэс и образымк1э
дэ къыдощ1э 1ей пщ1ауэ ф1ы узэрыхуэмызэнур, ар къызэрыпхуэмыгъунур.
БЖЬЭМЫТ: «бжьэ» - рог; «тын» - отдавать; мы - щымы1эныгъэм и
суффикс; «не отдающий рог»;
Бжьэмыт пщы Сыбэкъуэ и пщ1ант1эдэтщ. Унагъуэ и1эу романым
къыхощыж. И теплъэк1э щ1алэ ику итщ, гъурщ, ауэ псынщ1эу мэ1эбэ, пщым
и жы1эр егъэзащ1э. Апхуэдэу Сыбэкъуэ Бжьэмыт къигъапц1эри къыжри1ащ
Вынэт1ыгу щ1ыхуэ къримытыжу, ар абы хуэгъэгъун хуэмейуэ. Бжьэмыт
Пэнэхэс деж к1уэри, 1уэхур зы1утыр жри1ащ, абы пэк1уэн дыщэри хуишиящ.
Дыщэр Пэнэхэс къищтэн идакъым, 1уэхур тэмэму зыф1эк1мэ къы1ихыну
къигъэгугъащ.
Пщэдджыжьк1э Вынэт1ыгу щак1уэ к1уэ и хабзэт, Пэнэхэс ар ищ1эрти,
мурад ищ1ащ абдежым щаук1ыну. Вынэт1ыгурэ Пэнэхэсрэ зэпсалъэу
здэщытым,
жыгым
зыкъуэзыгъэпщк1уа
Бжьэмыт
псчэри
Вынэт1ыгу
зригъэплъэк1ащ, апщ1ондэху Пэнэхэс Вынэт1ыгу и щ1ыбагъым сэ хи1уащ.
Бзаджэу
къыщ1эк1ащ
Бжьэмыт.
И
шыр
щ1игъапхъуэщ,
зыкъытри1этык1ри зэ уэгъуэк1э Пэнэхэсыр иук1ащ. Абы и ужь Пэнэхэс и
сэшхуэр къищтэри Вынэт1ыгу и у1эгъэм хи1уащ. Къыздэк1уэжам абы
Сыбэкъуэ дыщэр иритыжащ, ауэ пэжыр жри1эжакъым.
Сыбэкъуэ
Мэзкуу
урыс
пащтыхьым
деж
щык1уэм
Бжьэмыт
къыздищтахэм яхэтт. Ливон зауэм хэту Бжьэмыт у1эгъэ мэхъури дунейм
йохыж. И псэр щыхэк1ым, абы къыщхьэщыст пщы Сыбэкъуэ. Ар елъэ1урт
пщым и унагъуэм хуэсакъыну, Алыхьым и гуэныхьхэр къыхуигъэгъун
папщ1э Тхьэ хуелъэ1уну. Гъырт пщы Сыбэкъуэ, муслъымэн хабзэм тету ар
25
щ1ригъэлъхьащ щхьэхуэу, адрей урыс хэк1уэдахэм ямыгъусэу. Чристан
диным тету абы и кхъащхьэм Тхьэ щелъэ1уащ Вишнивецкэр, Богучаровыр,
Михаил Черкасскэр.
Т1АХЪУЭ: «т1эхъуэн» - чесаться;
И теплъэк1э к1ыхьщ, щ1ыбышэщ, жьак1э тхъуащ. И ныбжьк1э илъэс
60- м нэблэгъащ, и нэр ф1ыц1афэщ, къыщоплък1э и нэм къыщ1оплъ, абы
щхьэк1э «банэ гъущ1ак1э» псори еджэрт. Езым къызэрилъытэмк1э, нэхъ
губзыгъэ, гъащ1эм нэхъыф1у хэзыщ1ык1 зыри щымы1эу къыщыхъут. И
гъащ1эм и ныкъуэр жаней лъэпкъым япщ хъуным тригъэк1уэдат. Пц1ы
иупсын
ук1ытэркъым,
уеблэмэ,
уасэф1и
иритынут
зыхуей
гуэр
къыхуащ1эмэ. Игук1и и псэк1и пщы Сыбэкъуэ теплъи 1уплъи хъуртэкъым,
къемыхъул1э и 1уэхухэмк1э игъэкъуаншэри арат. Зэрысабийрэ псчэрт.
Кърымыми Тыркуми щыц1эры1уэ дохутырхэм деж щы1ат, арщхьэк1э сэбэп
къыхуэхъуакъым. Ц1ыхухэм жа1эрт и узым ар нэхъ бзаджэж ищ1ауэ. А и
узыращ Т1ахъуэ и к1уэдыжып1э хъуари.
Зэгуэрым Т1ахъуэ Нэчакъ жри1ащ Мэмий и щхьэр пиупщ1ын хуейуэ.
Гъэпц1агъэк1э Мэмий и щхьэр Нэчакъ пиупщ1ат. Т1ахъуэ жи1ащ: «Сыт,
кърым хъаным и зауэл1 пашэ, уи 1уэхур даущыт? - щхьэ пыупщ1ам еплъурэ
дыхьэшхащ,- Иджыри жи1эрт Дэвлэт-Джэрий адыгэхэм япщ уищ1ыну.
Сыбэкъуи мыпхуэдэу гъэупщ1ы1ун хуейщ. 1уэхукъым, абы и дежи
сынэсынщ. Къэпым илъхьэ щхьэри Къалэкъутэ хуэши же1э адыгэхэм ялъ
зэрысщ1эжар». [21;651]
Нэчакъ
къэк1уэжам
хъыбарыф1
къыхуихьатэкъым.
Къалэкъутэ
къыжри1ар мырат: « Уи зиусхьэным же1эж, щхьэ пыупщ1а къысхуригъэхьам
сигъэпудауэ аращи, сэ апхуэдэ дыдэ есщ1эжыну сызэрыхуейр, и щхьэм
хуеижмэ, си нэгу зыкъыщ1ремыгъахуи нэхъыф1щ». [21;652]
А псалъэхэр щызэхихым Т1ахъуэ и нэхэр хъурей хъуат, и 1упэ
п1ащ1эхэр к1эзызат. Къэгубжьауэ и къамэр кърихат, арщхьэк1э а дакъикъэм
и жьэн узыр къэхъейри и жьэм лъыр къыжьэдэжу джэлащ, лъым итхьэлащ.
26
ЦАХЪУЭ: Цей ирахъуэу чы псыгъуэхэм къыхэщ1ык1а чий ней
ц1ык1у/ Специальное плетеное приспособление для ворсования домотканого
сукна для черкески.
Цахъуи Т1ахъуэ ещхьыркъабзэщ хьэлк1э. Мы т1ур зыр зым пщ1э
хуищ1у зыкъагъэлъагъуэ щхьэк1э, т1ури зытеплъэ хъуркъым. Т1ахъуэ
хуэдэуи Цахъуэ зыщ1эхъуэпсыр жаней лъэпкъым япщ хъунырт. Пщы
Сыбэкъуэ
нэхърэ нэхъ къулейуэ, нэхъ щ1ы нэхъыби и1эу къыхощыж
романым, арщхьэк1э жьы хъуа, тек1ыжа фащэ, укъуэя пы1э ф1эк1а
щыгътэкъым.
Тхыгъэм
и
к1ыхьагък1э
Цахъуэ
ныкъуакъуэу,
псори
къызыщ1игъэстыну хуейуэ къыхощ. Пщы Сыбэкъуэ и бжэ1упэм ц1ыхухэр
зэхуишэсри игъэк1уат, абы джэурхэм запищ1ауэ, Вынэт1ыгу иригъэук1ыну
хуэяуэ яжри1эри. Вынэт1ыгу къызэрысу ар щ1эпхъуэжащ. Романым
къызэрыхэщымк1э абы и ужь, Цахъуэ унэм къыщ1эмык1ыурэ и щхьэ
хуэпсэлъэж хъуат. Зэм урыс пащтыхьым деж к1уауэ, а дакъикъэми
шыгъажэм тырку сулът1аным щытежауэ жи1эрт.
Цахъуэ насыпыншэт, узэхъуэпсэн ц1ыхутэкъым, ар егъэлеяуэ нэпсейт,
ц1ыхугъэншэт, гущ1эгъу бгъэдэлътэкъым, и мылъкум тегужьеик1ауэ и
дунейр ихьырт.
Цахъуэ Т1ахъуэ хуэдэ ц1ыху напэншэхэм, мылъкум хэудэфыхьахэм я
дуней тетык1эр, хабзэ ик1э яхэлъахэр гущык1ыгъуэ зыщ1ыр езыхэм леишхуэ
зэрызэрахьэм изакъуэтэкъым, ат1э нэгъуэщ1хэри, я пщыл1хэри, л1ык1уэхэри
зэрагъэсэхъурщ, езыхэм хуэдэу напэншэ, ц1ыхугъэншэ зэращ1ырщ.
Мэшбащ1э Исхьэкъ къехъул1ауэ къэплъытэ хъунущ «Адыгэхэр» тхыдэ
романыр. Мыбы 1уэхугъуэ куэд къыщы1этащ, л1ыхъужь куэди хэтщ: пщыхэр,
уэркъхэр, л1экъуэл1эшхэр, пщыл1хэр, унэ1утхэр, балигъхэр, сабийхэр,
жьык1эфэк1эхэр… Икъук1э гугъущ апхуэдизым я образ зэхэмыгъуащэ
къэбгъэщ1ыну, ауэ тхак1уэм ар и нэхъыбэм къехъул1ауэ жыт1эмэ
дыщыуэнкъым.
27
28
ЕЩАНЭ 1ЫХЬЭ
РОМАНЫМ КЪЫХЭЩЫЖ ИСТОРИЧЕСКЭ Л1ЫХЪУЖЬХЭР
3.1.Тхыдэм и зы напэк1уэц1.Абы теухуауэ щы1э еплъык1эхэр
Тхыдэм къызэрыхэщымк1э, Къэбэрдей пщышхуэ Идар Темрыкъуэ
ипхъу Гуащэнэ япэ дыдэу Мэзкуу щык1уар 1561 гъэрщ, мэкъуауэгъуэм и 15 м, тхьэмахуэ махуэу. Гъуэгуанэ к1ыхь зытетам ц1ыхубзым и къарур щ1ихат,
икъук1э иригъэшати, Урысеижьым и къалащхьэм къыщысам гукъыдэж
зыхуи1э щы1эжтэкъым. Гуащэнэрэ абы щ1ыгъу и 1ыхьлыхэмрэ Кремлым
пэмыжыжьэу щыпсэу Вишняковхэ яхуеблэгъащ.
Махуэ зыбжанэ дэк1а нэужь, Иван Грознэм унафэ ещ1 шэрджэсыпщым
ипхъу Гуащэнэ Кремлым къашэну. Нысаплъэр щек1уэк1ар пащтыхьым езым
и хэщ1ап1эрщ. Абы и пэ къихуэу Иван Грознэм адыгэ пщащэр зэи
илъэгъуатэкъым, щхьэгъусэ хуэхъунуми ищ1этэкъым.
… Иван Василий и къуэм набдзэгубдзаплъэу куэдрэ зэпиплъыхьащ
хъыджэбзыр. Гуащэнэ абы и пащхьэм итт дыщэпск1э хэдык1а адыгэ фащэ
ек1у щыгъыу и нэк1ур шылэхъарк1э щ1эхъумарэ, зэзэмызэ пащтыхьым
къыхукъуэплъу. Пащтыхьым игу ирихьащ шэрджэсыпщым и пхъур…
Бадзэуэгъуэм и 6 – м Благовещенскэ члисэм и протопопым абы
къек1уэл1ахэм хъыбар яригъэщ1ащ Гуащэнэ чристан диным ирагъэхьэну
зэрагъэхьэзырымк1э.
А махуэ дыдэм пащтыхьым ар и къэшэну къигъэлэгъуащ. [25;3]
Иджы къэдгъэлэгъуэнщ Мэшбащ1эм а теплъэгъуэр зэритхыжам, абы
щ1эуэ хилъхьам.
1561 гъэр ек1уэк1ырт. Гъэмахуэ мазэм и пщэдджыжьыпэ дахэт.
Ялъагъур зэрагъэщ1эгъуэныр ямыщ1эу, мэзкуудэсхэр бжьэ къэпщ1ам хуэдэу
зэщ1эвууэрт.
Апхуэдэу
дауэдапщэр
29
зэщ1ыл1ауэ
къалэдэсхэр
зэзыгъэплъыжар, зыгъэп1ейтеяр дарий гуимэк1э урыс пащтыхьым хуашэ
Гуащэнэт. Адыгэпщ Темрыкъуэ ипхъу дахэрат.
Гуимэр Соборнэ утыкум къыщыувы1ат. Игъащ1эм Мэзкуу къыдэмыхьа
бгырысхэм ялъагъухэр зэрагъэщ1эгъуэн ящ1эркъым. Псори зэпаплъыхьри
хьэщ1эр утыкум итщ. И нэр тенауэ абыхэм къеплъу щхьэгъубжэм
къык1эрытщ езы урыс пащтыхьри – итхьэкъуауэ, зэплъыр апхуэдизк1э
ф1эгъэщ1эгъуэнщи, абы нэгъуэщ1 илъагъуи зэхихи щы1эжкъым. Урыс
пащтыхьым и унафэк1э Гуащэнэ щ1ашащ пащтыхь гуащэ пэшымк1э.
Махуищ дэк1ауэ, пащтыхь Иван и къуэшри щ1ыгъуу, щ1охьэ Гуащэнэ и
пэшым. « Щхьэгъубжэмк1э сыщыныдэплъу укъызэрыщыслъэгъуам нэхърэ
унэхъ дахэжщ, - нэк1э ешх абы бзылъхугъэ тхьэ1ухудыр. Еплъ пэтми,
зыщигъэнщ1ыркъым. Нэмысрэ акъылрэ зыхэлъу ягъэса пщащэ ук1ытэхым и
щхьэр къыхуэ1этыркъым. И нэк1ущхьит1ым маф1э бзийр щопщ1ыпщ1.
Хьэк1экхъуэк1эм къагъэщта бжьом хуэдэу, и 1эпкълъэпкъ псор мэк1эзыз.
Ит1анэ псэ хэмытыж щ1ык1эу мэж. Инэри къэувы1ауэ къыпщыхъунщ. Ук1ытэ
зи1э бзылъхугъэм и дахагъэр т1уащ1э мэхъу зэрыжа1эр абы и деж
щынэрылъагъущ.
Дахэщ. Егъэлеяуэ дахэщ. И къабзагъэр-щэ! Гъатхэ пщэдджыжь гуак1уэм
ещхьщ,- йогупсыс щауэ Иван. Абы сыт хуэдэ пащтыхь гуащэ къыхэк1ыну! Ар
ди къэралыгъуэшхуэм и пащтыхь гуащэ хъун папщ1э, сэри слъэк1
къэзгъэнэнкъым…»
Гуащэнэ и нэбжьыцыр пц1ащхъуэ дамэу холъэт. И щхьэри зэрехьэхащ.
Езыр гупсысэм кърахьэк1: « Гъуни нэзи зимы1эу жыхуа1э къэралым и
пащтыхьыр мыращ. Ныбжьышхуи и1э хуэдэкъым. Къудэдокъуэ нэхърэ
нэхъыжьыну къыщ1эк1ынкъым… Ди тхьэ, гуэныхь къысщумыщ1 мыпхуэдэ
ц1ыхушхуэр къыслъыхъурэ пэтк1э, Къудэдокъуэ сигу къызэрызгъэк1ыххар…
Тобэ, тобэ, уэ сыпшэрэ пащтыхь гуащэ сыхъумэ… Абы щыгъуи си адэ-анэр
30
згъэук1ытэнкъым.
Уэри
ук1ытэгъуэ
уизгъэхуэнкъым.
Къабзэлъабзэу
сыпхущытынщ. Си напэр зытесхыжынкъым… Пэжщ, уэ птеухуауэ хъыбар
1эджи зэрахьэ. Утк1ийуэ, угущ1эгъуншэу жа1э. Ауэ, щхьэгъусэ сыпхуэхъумэ,
сэ нэхъ гу щаби, нэхъ гущ1эгъулыи усщ1ынщ. Ди тхьэ, уи гущ1эгъум
сыхыумын, уи губжьыр къыслъумыгъэс, ауэ, сощ1э, мыбы и щхьэгъусэ
сыхъумэ, си динри схъуэжын хуей хъунущ. Узэрызакъуэри, дунейри, ц1ыхуу
хъуари къызэрыбгъэщ1ари пэжщ. Псоми хуитыр уэращи, уи гущ1эгъур
къыслъыгъэс. Сыкъэхъумэ. Сыщумыгъауэ…»
Пащтыхьым а пщыхьэщхьэ дыдэм зыхуегъазэ Гуащэнэ и дэлъху
Думэныкъуэ.
-
Уи шыпхъум хуэфащэу сыкъэплъытэмэ, ар щхьэгъусэ сщ1ынут,
Думэныкъуэ,- зэп1эзэрыту кърегъажьэ пащтыхьым. Думэныкъуи, хабзэ
хэлъу, зэрыц1ыху гъэсар къигъэлъагъуэу, къопсалъэ:
- Ди пащтыхьышхуэ, Гуащэнэ щхьэгъусэ пщ1ымэ, абык1э зи пщ1эр
п1этыр си шыпхъум и зыкъуэкъым – адыгэу хъуам, ди хэку псом ялъысынущ а
щ1ыхьышхуэр.
-
Аращ-т1э,
Думэныкъуэ,
дэ
унагъуэк1э
зэблагъэу
дызэбгъэдоувэри, ди лъэпкъхэри къэралыгъуэк1э зэблагъэ, зэпыщ1а мэхъу. А
псоми ф1ы къытхудэк1уэнущ: нэхъ лъэщи дыхъунурэ ди лъэри нэхъ быдэу
увынущ.
Мыбдеж жы1апхъэщ, пащтыхьыр адыгэл1хэм щеплъам игу къэк1ыжа
Ливон зауэр. Адыгэхэм абы щызэрахьа л1ыгъэм теухуауэ и зауэл1хэм
къыжра1а хъыбархэм йогупсысыж. «Апхуэдэл1хэр си гъусэмэ, полякхэми,
кърымхэми, тэтэрхэми я ней къысщыхуэ!.. Ищхъэрэк1э тыншу, бэ1ут1э1уншэу
ущыпсэуну пф1эф1мэ, ипщэк1э плъэн, абык1э зыщыбгъэбыдэн хуейщ. Ауэрэ,
куэдрэ,
къуэк1ып1эмк1э
дынэсынщи…
Абык1э
зыкъытщ1эбгъэкъуэну
сынолъэ1у, ди тхьэ,- жери к1ыхьу йолъэ1у ар,- тхьэм жи1эмэ абыхэмрэ дэрэ
31
благъагъэк1и зэпыщ1а дыхъунщи… Абы сэбэпынагъи кърик1уэнщ… Си
къэралымк1и. Лъэныкъуит1ымк1и… Ит1анэ хуеиху я щхьэм щ1рет1эхъуэж
инджылызхэри абыхэм я 1упэф1эгъухэри…»
Думэныкъуэрэ пащтыхьымрэ щызэпсэлъа пщыхьэщхьэ дыдэм Мэзкуу и
уэрамхэми и унэхэми хъыбарышхуэ що1у: « Урысейм и пащтыхьышхуэм фыз
къешэ. Къишэр шэрджэсым ящыщщ. Къэбэрдеипщ Темрыкъуэ ипхъущ».
Благовещенскэ члисэм Гуащэнэ чристан диныр къищтэри Марие
ф1ащащ. Урыс хабзэм тету мазэ дэк1мэ я хьэгъуэл1ыгъуэт. [21;559]
Урысей тхак1уэ ик1и тхыдэтх Карамзин Николай урыс пащтыхьым
Марие
зэришауэ
щытам
теухуа
и
тхыгъэхэм
мыпхуэдэ
псалъэхэр
къыщыдогъуэт: « А зэманым Иоан мурад быдэ ищ1ат Сигизмунд и малъхъэ
мыхъуну, Азие лъэныкъуэмк1э нысащ1э щылъыхъуэну… Абы къыжра1ат пщы
ин Темрыкъуэ пхъу дахэ дыдэ зэри1эр. Пащтыхьым унафэ ищ1ащ ар Мэзкуу
къашэну,
занщ1эу
ф1ыуэ
илъэгъуащ,
ик1и
яжри1ащ
абы
хабзэр
ирагъэщ1эну». [25;3]
Академик Соловьёв Сергей мыпхуэдэу етх: «…Дэ долъагъу Иоан и
щхьэгъусэ Анастасие дунейм ехыжа нэужьк1э, абы къуэк1ып1эмк1э
зэригъэзар, ик1и 1561 гъэм Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ, иужьк1э Марие
чристан ц1эр зыф1ащар къызэришар». [25;3]
Толстой Алексей и « Иван Грозный » повестым зы 1ыхьэ хухэхащ урыс
пащтыхьымрэ
Гуащэнэрэ.
Абы
къыщыхощ
шэрджэс
ц1ыхубзым
и
губзыгъагъыр, 1ущагъыр, къэрал 1уэхухэм ар зэрыщыгъуазэр, ик1и Иван
Грознэм ар щхьэгъусэ ек1у зэрыхуэхъунур, пащтыхь нэс къызэрыхэк1ынур.
- Уэ угубзыгъэщ… Ухахуэщ… Сигугъащ умыгъэса гуэру,- зыхуегъазэ Иоан
Марие.
32
Сэ Мцхети члисэм тхылъ 1эщ1агъэм сыщыхуеджащ. Абы и
-
мызакъуэу, нэгъуэщ1 куэдми. Тифлис Грузин пащтыхьым и пщ1ант1эм си
бостей к1апэм ба къыщыхуащ1у щытащ… Сф1эгъэщ1эгъуэнкъым уэ
сынодэ1уэну,- педзыж абы Марие.
Мис
-
ар
дэгъуэщ,
мис
ар
насыпщ.
Дэгъуэщ,
дэгъуэщ
укъызэрыздэгушы1эр. Къеда1уэ, сэ уи адэм деж лъыхъу ныщ1эзгъэк1уар уи
дахагъэм и закъуэкъым…
-
Сощ1эр,
шэрджс
Мэзкуу
къамэхэр
къамэхэращ.
Фыфейхэр
дзагуэ
хъуащи
арагъэнщ.
-
жанщ,
Марие.
Дэгъуэщ,
дэгъуэщ,
къысщ1энак1э, сэ ар сигу ирохь… [25;3]
Абдежым пащтыхьым и къэралыр нэхъ лъэщ хъун щхьэк1э и1э
мурадхэм Мариер щыгъуазэ хуещ1, и щэхухэри хуе1уатэ. 1561 гъэм
шыщхьэ1ум и 21 - м Иван Грознэм Марие нэчыхь хурегъэтх.
Ик1и апхуэдэу хъун хуейуэ къыщ1эк1ынт. Иван Грознэмрэ Мариерэ
щызэдэпсэуа зэманым ирихьэл1эу пащтыхьым зэи ц1ыхухэм ямылъэгъуа
залымыгъагъэ зэрихьэн щ1едзэ. Абы къыдэк1уэу къэралыр зэхэзехуэн хедзэ.
Иван Грознэр ф1ыуэ зымылъагъухэм я к1эн къок1. Абыхэм къэралым
къык1эщ1эзэрыхьа гузэвэгъуэм зи къуэншагъэ хэлъыр Мариеу къалъытэ. Ар
псоми я дежк1э ц1ыху бзаджэщ, гущ1эгъуншэщ, 1уэнт1ащ.
Иван IV Марие фызу ишэн хуей щ1эхъуам хуэфащэ гулъытэ хуищ1у С.
Броневскэм итхащ: « Урысейм и фейдэ зыхэлъ 1уэхут ар, бгырыс лъэпкъхэм,
псом
хуэмыдэу
къэбэрдейхэм
гъунэгъу
захуищ1ын
папщ1э.
Иван
Васильевичыр Лифляндием, Польшэм, кърым тэтэрхэм я бийуэ щезэуам
игъэунэхуауэ ищ1эрт абыхэм яхэлъ л1ыхъужьыгъэр. Иужьрей пащтыхьхэм,
император Пётр дунейм ехыжыху, къэбэрдей пщыхэр, бжыгъэк1э куэд
мыхъуми, шууей хэплъыхьахэу къадэзэуащ». [15;104]
33
Иван Грознэм и хьэгъуэл1ыгъуэм кърихьэл1ауэ щыта англичан Антоний
Дженкинсон дьякым елъэ1уат Мэзкуу къызэрык1уар пащтыхьым жри1эну.
Арщхьэк1э Иван IV « къэбэрдей пщым ипхъу муслъымэн къишауэ
хьэгъуэл1ыгъуэм зыхуигъэхьэзырырти, » ар ямыгъэп1ейтеину, хамэ ц1ыхуи и
пщ1ант1эм ирамыгъэблэгъэну унафэ ищ1ащ. Хьэгъуэл1ыгъуэр щек1уэк1ым,
Мэзкуу и къалэ куэбжэхэр махуищк1э гъэбыдауэ щытащ. А зэманым Мэзкуу
щыпсэухэм я унэхэм къыщ1эк1ыу уэрамым къыдыхьэну хуит ящ1акъым.
Пащтыхьым и гъунэгъу ц1ыхухэм ф1эк1а къалэм къыдыхьэну зыри
хуиттэкъым. [5;199]
Илъэс 450 - рэ блэк1ащ абы лъандэрэ, Иван Грознэмрэ Мариерэ
щызэдэпсэуа зэманым, абыхэм я 1уэхущ1афэхэм кърик1уам ухэплъэжмэ
къэлъытапхъэщ, пащтыхьым ц1ыхухэм як1элъызэрихьа залымыгъэр и
щхьэгъусэми къызэрылъэ1эсар. Марие и л1ым илэжьхэмк1э езыми ихьырт
жэуап. Абы къыхэк1ыу сыт хуэдэ мыхъумыщ1агъэ пащтыхьым имылэжьами,
абык1э ягъэкъуаншэрт и щхьэгъусэри. Ик1и нобэр къыздэсым а 1уэхум
тхыдэтххэри, тхак1уэхэри зэхуэдэу бгъэдыхьэркъым.
« Иван Грознэм ц1ыху куэд мардэншэу и 1элыгъэ хьэк1экхъуэк1агъэрэ
мыхъумыщ1агъэ егъэлеяхэрэ абы и фыз Мариеу ягъэ1урт. Иван Грознэм и
бийхэрт а псалъэ ф1ейхэр зыгъэ1ухэр,» - етх Къардэн Чэлимэт.
Пащтыхьым зэрихьа лей псоми я къежьап1эу Темрыкъуэ ипхъу Марие
къэзылъытахэм ящыщщ Карамзини, Соловьёви, Гельмальти.
П.И. Ковалевскэм « Иоанн Грозный и его душевное состояние »
тхылъым зэрыщитхамк1э, ар пораноикыу къелъытэ. Шхыным щхъухь
халъхьэу ягъэл1эну шынэу псэуащ Иван Грознэр.
Мэшбащ1эм и романым Иван Грознэр гурыщхъуэщ1у, пщыхэр,
боярхэр, дзэпщхэр, ц1ыхухэр пригъалъэу, яригъэук1ыу, лей зэрихьэу
34
къыхощыж. Абы и щыхьэтщ гъэру ц1ыху щищэ зэрыпигъэлъар. А пычыгъуэм
къыхощ Марие ц1ыхухъу фащэк1э зихуэпауэ а хьэк1экхъуэк1агъэм зыуи
къыщымыхъуу еплъу щыту. Унэм къыздэк1уэжам
Иван еупщ1ащ Марие
апхуэдизу щ1эгуф1эм и щхьэусыгъуэмк1э:
-
Уэ уи тек1уэныгъэращ сыщ1эгуф1эр. Утек1уащ, я анэм, я хэкум
епц1ыжахэм, ди къуэ закъуэр зыук1ахэм. [21;713]
Мы пычыгъуэм Марие гущ1эгъуншэу щытлъагъуми, адрей 1ыхьэхэм
деж ар гу щабэ зи1э, гъэса ц1ыхубзу, и щхьэгъусэм и жы1эр игъэзащ1эу,
сытк1и абы дэ1эпыкъуу къыхощ. Тхыгъэм апхуэдэу къыхощыж Мариерэ Иван
Грознэмрэ илъэсийк1э зэдэпсэуауэ, а т1ум щ1алэ ц1ык1у здагъуэтауэ, ауэ
куэд мыщ1у ар дунейм йохыжри Михаил Аристратик члисэм щыщ1алъхьауэ.
Мэшбащ1эм зэритхыжамк1э, Марие и гур и хэкумк1э щы1эу, и адэанэм деж лъагъунлъагъу к1уэжыным махуит1 и1эу 1569 гъэм, сентябрым и 1
- м дунейм йохыж.
… И нэхэр зэтрип1эу, и 1упэр к1эзызурэ, ерагък1э и 1эр къи1этри и
бгъэм трилъхьащ:
-
Мыбдей… ес…
Ахэр Марие и иужьрей псалъэхэрат. [21;715]
Марие теухуауэ Урысейм щызыхалъхьащ уэрэд, хъыбар куэд. Абыхэм
къыхощ Марие и дахагъри, ар Темрыкъуэ зэрипхъури, Мамсрыкъуэ
зэришыпхъури, Кавказ жыжьэм зэрыщыщри, ар чристан диным зэрихьари,
Мэзкуу зэригъэлъэп1ари.
Пащтыхьыр Марие и жы1э закъуэмк1э, абы и чэнджэщхэмк1э
хьэк1экхъуэк1агъэ зэрихьэу щытауэ зытхахэм я тхыгъэхэм лъабжьэ я1экъым.
Абы зы документи къагъэсэбэпауэ я къэхутэныгъэхэм къыщахьыркъым.
35
3.2. Къэбэрдеипщхэр
Адыгэпщхэм ящыщ зыбжанэм ф1ыуэ къагуры1уэрт пщыхэр гуп - гупурэ
зэрызэзауэм лъэпкъым и к1уэдыжыгъуэр къызэришэнур. Абыхэм мурад ящ1
Урысейм зыпащ1эну, ар дэ1эпыкъуэгъу, жэрдэмщ1эгъу хъумэ, адыгэхэр
кърым тэтэрхэм щыхъума хъуну ябжри. Адыгэхэм я пщы щхьэхуэхэр
зэрызэзэуэжым к1э етын зэрыхуейри къагуро1уэж. А зэманым ирихьэл1ащ
Идар Темрыкъуэ Къэбэрдейм пщыгъуэшхуэ щигъэувыну щыщ1экъуар. Ауэ
къэбэрдей пщыхэм ящыщу Къейтыкъуэ Пщы1эпщокъуэ нэгъуей хъан Уракъ
Къазий пыщ1ат. Къазий Долэт-Джэрий и блыгущ1этт. Ахэр Къэбэрдейр
Урысейм пыщ1а хъуну хуейтэкъым. Военно-политическэ зэгуры1уэныгъэрт
зэхуэмеиххэр. Абы къыхэк1ыуи Темрыкъуэрэ Пщы1эпщокъуэрэ я кум дэлъ
зэзэуэныгъэхэр зэщ1оплъэ. Пщы1эпщокъуэ кърым-Нэгъуей Ц1ык1умк1э
екъурт, Темрыкъуэ урысхэр и дэрэгъуу зэзауэхэрт.
Къэбэрдей хэкур пщыхэм я ц1эк1э зэхуэгуэшауэ 1ыхьэ-1ыхьэу
зэрыщытам къыхэк1ырт тхыгъэм къыщыхэщ Пщы1эпщокъуэ и Къейтыкъуейр,
Темрыкъуэ и Идарейр, Щолэхъу и Талъостэнейр, Мудар и Джылахъстэнейр
жыхуа1э хэкуц1эхэр. Хэкуц1эхэм къыжа1э епщык1уханэ л1эщ1ыгъуэм
пщыхэм ящыщу зыри Къэбэрдей хэку псом и пщышхуэу ябжу зэрыщымытар.
Темрыкъуэ лэжьыгъэшхуэ ищ1ащ, тхыдэми увып1э ин щеубыд.
Темрыкъуэ
къэбэрдей
пщыхэм
я
нэхъыбэм
«пщышхуэу»
е
«пщы
нэхъыщхьэу» ябжырт. Ауэ къэбэрдеипщхэм яхэтащ ар къэзымылъытэ, абы
пэщ1эувэ. Темрыкъуэ Урысейм союз ирищ1ыл1эн и пэк1э ипхъу нэхъыжь
Малъхъурыб Нэгъуеишхуэм и хъан Исмаил и къуэ нэхъыжь Тинехмат иритауэ,
ет1уанэ и пхъур, Алтынчач, астрахан хъаныкъуэ Бекбулат и фызу романым
къыхощыж. Грузиемрэ Къэбэрдеймрэ зэпыщ1эныгъэ быдэ зэхуа1эт. Къэрал
щ1ыб 1уэхухэмк1э къихьа тек1уэныгъэт ар Къэбэрдейм.
36
Романым къыхощыж Темрыкъуэ щ1ыгъуу урысыдзэхэр Пщы1эпщокъуэ
зэрезэуар, абыхэм тек1уэныгъэ къызэрахьар.
…Пщы1эпщокъуэ и пщ1ант1эм деж щытт л1ыжьхэр, фызхэр, сабийхэр,
абыхэм уеплъмэ къыпф1эщ1ынут я пщыр яхъумэу. Яхэтт абыхэм у1эгъэ
хъуаи, маф1эм исаи. Утыкум итт воеводэ Плещеевымрэ Темрыкъуэрэ. Абы я
пащхьэм итт зауэл1хэм къаухъуреихьауэ Пщы1эпщокъуэ пщы зэкъуэшхэрАслъэнбэч, Тепщэныкъуэ, Къайтыкъуэ.
Щытт Пщы1эпщокъуэ и фащэр маф1эм зэхисхьарэ и 1эщхьэр пытхъауэ,
Аслъэнбэч и 1эр пхауэ, Тепщэныкъуэ пы1э щымыгъыу, и нэк1ур у1ауэ, я
нэхъыщ1эми пы1э щымыгърэ и щхьэцымрэ и жьак1эмрэ маф1э сахуэр
къыхэлъэлъу… [21;382]
Пщы Къайтыкъуэ Темрыкъуэ йолъэ1ури и къуит1ыр кърегъэут1ыпщыж.
Иван
Грознэм
Темрыкъуэ
къыхуигъэк1уа
зауэ
къарухэм
я
къыдэ1эпыкъуныгъэм тек1уэныгъэ Къэбэрдейм къахуихьащ. Иван Дашковрэ
Матвей Ржевскэмрэ дзэхэр я гъусэу Къэбэрдейм къак1уэхэри шэрджэс
щ1ып1эхэр, Пщы1эпщокъуэ
- и къуэхэмрэ я къуажэ 1эджэ, гъэр куэду
яубыдащ. Темрыкъуэ я пашэу абы и телъхьэхэри хэтащ а зауэм.
1570 гъэм, зы зэман дыдэм, кърым тэтэрхэр Урысейми Къэбэрдейми
теуащ. Къейтыкъуэ и къуэхэу Пщы1эпщокъуэрэ Аслъэнбэчрэ зыхуагъэзащ
хъаныкъуэ Адыл - Джэрий къахуиут1ыпщыжыну «Темрыкъуэ езэуэн папщ1э».
Ар къыщыхъуар гъатхэращ. А зэман дыдэм ирихьэл1эу сулът1аным езым и
чаушыр Бахъшысэрей къигъэк1уащ хъаным зыуэл1 къритын папщ1э
къелъэ1уу, арщхьэк1э а Долэт-Джэрийм сулът1аным и лъэ1ур хуищ1акъым,
Мыхьэмэт-Джэрий «мэзкуу гъунапкъэхэмк1э» зэрыщы1эр щхьэусыгъуэ
ищ1ри.
37
1570 гъэм майм и 21 - м жэщым урысыдзэр бийм ебгъэрык1уащ. Ик1и
гъэр куэд къаубыдащ. Мыхьэмэт-Джэрийрэ Алий - Джэрийрэ Рязанк1э к1уащ,
дзэшхуэр ирашажьэри. Мыбдежми тэтэрхэр къыщызэтраук1ащ, гъэрхэри
къаубыдащ.
А кърым тэтэрхэм я зек1уэри къехъул1акъым, хэщ1ыныгъэшхуэ
ягъуэтауэ иухащ.
Шэрджэсхэр
къизэуну
к1уа
Адыл-Джэрий
и
1уэхури
зык1и
нэхъыф1тэкъым. Къэбэрдей-Шэрджэс шуухэм тэтэр гупхэр зэхакъутат.
Хъаныкъуэр и адэм къелъэ1уащ «фочауэхэр» хуигъэк1уэну. Абы и жэуапу
Долэт-Джэрий унафэ хуищ1ащ и къуэм Бахъшысэрей ик1эщ1ып1эк1э
игъэзэжын хуейуэ. Адыл-Джэрий и адэм емыда1уэу, абазэхэм ятеуащ.
Мэшбащ1эм етх жаней лъэпкъым кърым хъаныр къыщытеуам,
Сыбэкъуэ дэ1эпыкъуну Темрыкъуэ и бынхэр щ1ыгъуу к1уауэ, а зауэм
Темрыкъуэ щэ яу1ауэ. Адыл-Джэрий ар щилъагъум игугъащ Темрыкъуэ
л1ауэ, ик1и Мамсрыкъуэрэ Бебэрыкъуэрэ абдеж щригъэубыдри, езым
щ1ыгъуу кърым хъаным и деж ишащ. Аф1ыпс зауэм щигъуэта у1эгъэм
Темрыкъуэ ил1ык1ащ.
« Ищ1этэкъым а тхьэмыщк1эм Мамсрыкъуэрэ Бебэрыкъуэрэ гъэру
яубыда нэужь, дэнэ яшами, сыт къащыщ1ами. Ищ1этэкъым, и къуэ Сулът1ан,
чристан диныр къищта иужь Михаил Черкасскэр, 1571 гъэм Мэзкуу ягъэса
нэужь, пащтыхьым бжэгъум зэрыф1игъэт1ысхьар. Илъэгъуатэкъым ипхъу
нэхъыщ1э Гуащэней, чристан диныр къищта иужь Марие илъэсийк1э
пащтыхьым дэпсэуауэ щхъухьк1э зэрагъэл1ар, зэрыщ1алъхьар.
Ищ1этэкъым…
38
Ипхъу нэхъыжь Алтынчач, хъан Бекбулат и фызым къуэрылъху СаидБулат къыхуилъхуащ, иужьк1э и бийхэм нэф ящ1ащ. Езы Алтынчач дунейм
ехыжри муслъымэн кхъэм щыщ1алъхьащ.
Ищ1этэкъым абы дэнэ щыщ1алъхьами ипхъу курыт Мылъхъурыб.
Ищ1этэкъым… [21;728]
Зауэр щек1уэк1ар Аф1ыпс псым и 1уфэхэрщ. Ди зэманым къэсащ абы
теухуа уэрэдыжьыр, «Идар и къуэк1э Темрыкъуэ и уэрэдк1э» зэджэр:
Ди Къэбэрдейр махуиблк1э зэдегъэ1эпыкъур,
Пщышхуэм и дзэ къуэдзэхэу 1уэхум и
дэ1эпыкъуэгъухэр
Идар и къуэк1э Темрыкъуэ л1ыхъущ.
Ахъуэхъу шэжьхэр уэсуэ зытрегъасэ,
Къэсмэ къыхихьэу сыгъэр шэ щапхъэм
къыхомыхутэ.
Мыдэк1э къалэу Ботэпщыр хы т1уащ1эм
къыдошэсык1,
Уи махуэм дзэлыкъуее бзаджэхэр Аф1ыпск1эрэ
къыдок1уэщиер.
Мыдэк1э ди Къэбэрдейр бий куэдым
къигъэгумащ1эщ.
Мис дыщэхэр зи пащ1эк1ит1ыр Ел1ыхъу и къуэк1э
Къайдакъ л1ыхъущ,
39
Щэджащэуэ Темрыкъуэпщ л1ыхъур псыхъуэм
къыщырагъэгъых.
Тамбий и къуэк1э Идари л1ыхъум мэгызри джатэр
и дамэщ,
Сыдмэ и къуит1ым зэуэну къагъазэр,
Л1ы хахуит1ым я бзэхэр топышхуэ уэк1эщ,
Шэхэр ик1мэ, уадэр и макъщ. [15;85]
К1ЭУХ ПСАЛЪЭ
Адыгэхэм къагъэщ1ащ акъылрэ 1ущыгъэк1э гъэнщ1а 1уэры1уатэ
къулей. Дэтхэнэ тхак1уэм и дежк1и гъуни, нэзи зимы1э хэхъуап1эщ ар. Зы
тхак1уи зы усак1уи щы1эу къыщ1эк1ынкъым къызыхэк1а лъэпкъыр, абы и
тхыдэр, и къэк1уэнур, и гум щимыгъаф1эу. Мэшбащ1э Исхьэкъ и гущ1э
пшыналъэщ и лъэпкъ мащ1эр.
Мэшбащ1э Исхьэкъ… А ц1эр щыжыт1эк1э ди нэгу къыщ1охьэ езым
хуэдиз ф1агъ, гуапагъэ, щабагъэ зыбгъэдэлъ ц1ыху, ц1ыху 1эсэ, ущияк1уэ
1ущ, чэнджэщэгъу 1эзэ, тхак1уэ гъуэзэджэ.
Адыгэхэм я тхыдэр зымыщ1э дэтхэнэ зы тхылъеджэри Мэшбащ1эм и
«Адыгэхэр» тхыдэ романым еджа нэужь, щыгъуазэ ищ1ыфынущ ди
лъэпкъым къик1уа гъуэгуанэ к1ыхьым, гъуэгуанэ хьэлъэм, я нэгум 1упщ1у
къыщ1игъэувэфынущ ар хьэзабу зыхэтар, абы л1ыгъэу зэуап1э губгъуэ
куэдым щызэрихьар, ди хэкум и хуитыныгъэм зи псэр щ1эзытыфа л1ыхъужь
40
куэдхэм я образхэм. Мы тхыгъэр зытепсэлъыхьыр Кавказми Урысейми я
закъуэкъым. Щы1эщ жызы1э блэк1а зэманым, ди япэк1э псэуахэм я деж
псори къыщытщ1эу, къыщытщтэу. Хьэуэ, ар жыжьэу тэмэмкъым. Дэтхэнэ
щ1эблэри езым и цыпхым зэ ф1охуэж, и къару, и зэф1эк1 къызэрихьк1и
къыф1ок1ыж. Кавказым къыщыхъуам хуэдэ щы1атэкъэ япэми? Ит1ани
къагъэхъуат а зауэр…
Нэгъуэщ1 сытым уригъэгупсысрэ мы романым уздеджэм? Уогупсыс
Тхьэшхуэм зэризакъуэм. Зэгуро1уэри урысхэмрэ адыгэхэмрэ. Ар политикэм
хэтхэм нэхърэ ц1ыху къызэрыгуэк1хэр нэхъ къабзэщи аращ.
Зэмылъэпкъэгъухэр зэбгъэзэгъыну тыншкъым. Сыт щхьэк1э жып1эмэ,
щхьэж езым иф1 зыхэлъыр япэ иригъэщыну хущ1окъу. Сэ мы тхыгъэм дуней
псом щек1уэк1 1уэхугъуэшхуэхэр къыщи1эту къызолъытэ. Сыт 1ущымрэ
губзыгъэмрэ я зэхуакур? 1ущыр мащэм пхуэк1уэнукъым, губзыгъэм абы
къызэрик1ыжыным и 1эмал къигъуэтынущ.
Шэч лъэпкъ хэмылъу Исхьэкъ деж нэрылъагъу щохъу Кавказым ис
лъэпкъхэр зыхуэдар. Романым хэт пщы Темрыкъуэ и псалъэк1э тхак1уэм
къыдже1э адыгэмрэ Урысеймрэ я гъуэгур зыуэ зэрыщытыр.
Зы лъэпкъ пыухык1ам и тхак1уэ къэухьыр къозэвэк1 зи гупсысэрэ зи
зэф1эк1к1э дунейпсо литературэм зи макъыр щызыгъэ1уф Мэшбащ1эм.
Апхуэдэпщ1э абы къызэрилэжьыр жызы1ахэм ящыщщ Михалков Сергей,
Гамзатов Расул, Бондарёв Юрий, Культинов Давид, Исаев Егор, Кулиев
Къайсын, нэгъуэщ1 1эджэхэри, ди К1ыщокъуэ Алими абыхэм яхэтыжу.
Мы тхыгъэм сыщеджэм си нэгу щ1эт зэпытащ, гукъинэ сщыхъуауэ ноби
сщ1ыгъущ бгырыс хахуэхэр, сатхьэкъуащ абыхэм яхэлъ ц1ыхугъэмрэ
л1ыгъэмрэ - апхуэдэ образхэр къэзыгъэщ1ыфынур зи нэр жан, зи акъылыр
бзыгъэ, гъащ1эмрэ зэманымрэ я куууп1эр къыщ1эзыгъалъэ тхак1уэрщ.
41
Ц1ыхум и гурыгъу-гурыщ1эр, абы гузэвэгъуэмрэ и гуф1эгъуэмрэ
къыбгуры1уэрэ ар уэ зэрызэхэпщ1ам хуэдэу а уи тхылъым еджэм зыхащ1эн
хуэдэу пхуэтхмэ, абы щыгъуэ псоми я зэхуэдэ утхак1уэщ, уусак1уэщ.
Апхуэдэщ Мэшбащ1э Исхьэкъ.
Тхак1уэшхуэм нобэрей ди гъащ1эм теухуауэ итххэм 1уэхушхуэ
къыщи1этхэр зытепсэлъыхьыр къызэрыгуэк1 хуэдэу къыпф1эщ1ынущ зэ
еплъыгъуэк1э. Ауэ дэтхэнэ зыми куэд дыдэ къыщыгъэлъэгъуащ. А псоми
тхак1уэм ц1ыхур зыщыхуиущийр нобэ дызыхэпсэук1 гъащ1э гугъум, зэрыхьзэрийм ди псэмрэ ди напэмрэ хъума хъуауэ дыхэпсэук1ынырщ.
Исхьэкъ и тхыгъэк1и езым и щхьэк1и куэд хелэжьыхь Кавказ Ищхъэрэм,
зэрыщыту мы ди къэралышхуэм мамырыгъэр хъума щыхъуным, ц1ыхухэр
зэгуры1уэрэ зэдэ1уэжу мы ди щ1ыналъэ псом щызэдэпсэуным. Мис а псори
зэхызолъхьэжри, шэч лъэпкъ къытезмыхьэжу жыс1эфынущ Шумахуэ и къуэ
Исхьэкъ и романымк1э, и лэжьыгъэф1ымк1э езым и щхьэм и мызакъуэу,
къызыхэк1а и лъэпкъ псом пщ1эрэ щ1ыхьрэ къыхуихьыу, ар лъагэу и1эту.
Дэтхэнэми дэ ф1ыуэ къыдгуро1уэ: ди 1уэху щыдэк1ынури, нэсыпыф1эу
дыпсэун
щытхузэф1эк1ынури
мамырыгъэ
дяку
дэлъмэщ,
дунейм
дызэдытетмэщ. Ахэращ тхак1уэм и плъап1эр, и гъуазэр, зыщ1эбэныр.
Мы романыр зэчиишхуэ зыхэплъагъуэ, тхыдэм теухуа прозэ хьэлэмэтщ.
Тхыгъэр зэман жыжьэм ек1уэк1ахэм теухуами, иджы ек1уэк1 1уэхухэм
поджэж. Сэ къызолъытэ адыгэ лъэпкъым и пхъэ къик1ауэ - абы и1эщ
Мэшбащ1э Исхьэкъ.
Нэхъыщхьэр – лъэпкъ тхыдэр, нэмыгъэсыпами, зэф1эгъэувэжа хъуащ.
Мы лэжьыгъэм и 1ыхьэ нэхъыщхьэхэри абы тегъэпса хъуащ. Мэшбащ1э
Исхьэкъ и творчествэр джыным и зы хэлъхьэныгъэ ц1ык1уу къызолъытэ мы
лэжьыгъэр.
42
43
КЪЭГЪЭСЭБЭПА ЛЭЖЬЫГЪЭХЭР
1.
Алиева А.И. Фольклорные традиции в младописьменном
романе // Современный роман: Новаторство. Поэтика.
Типология. М. , 1978.
2.
Бекизова Л.А. От богатырского эпоса к роману. Национальные
художественные традиции и развитие повествовательных
жанров адыгских литератур. Черкесск, 1974.
3.
Белая Г.А.
позиция
Историзм как нравственная и художественная
писателя
//
Жанрово
–
стилевые
искания
современной советской прозы. М. , 1971.
4.
Гишев Н.Т. Всё об адыгах. Майкоп, 2002.
5.
Джениксон А. Л. Английские путешественники о московском
государстве в XVI веке. М. , 1937.
6.
Ергук – Шаззо Ш.Е. Идеи и человек в романах Исхака
Машбаша. Майкоп, 1995.
7.
Железнов В.Ф. Проблемы жанра исторического романа в
современном литературоведении // Проблемы поэтики. АлмаАта, 1980.
8.
Жиляев Н.Х. Воспитание характера на народных традициях. Н.,
1995.
9.
История адыгейской литературы. Т. 1, Майкоп, 1999.
10.
История адыгейской литературы. Т. II, Майкоп, 1999.
11.
История мгновенного содружества. ИГИ КБР и РАН. Н. ,2007.
12.
Камбачокова Р. Х. Адыгейский исторический роман. Н. , 1999.
13.
Камбачокова
Р.Х.
Некоторые
особенности
адыгских
исторических романов с точки зрения их поэтики и
проблематики. Н. , 2003.
44
14.
Камбачокова Р.Х. Становление и развитие исторического
романа в адыгейской прозе. (Автореферат) Н. , 1998.
15.
Карданов Ч.Е. Родословная кабардинских княжеских фамилий.
Н. , 1997.
16.
Кармоков Х.Г. Избранные произведения. Н. , 1997.
17.
Кармоков Х.Г. Нэхъыжьым и щ1ыхь // Адыгэ псалъэ. Февралым
и 7, 2001.
18.
Мамий Р.Г. Вровень с веком. Майкоп, 2001.
19.
Мамий Р.Г. Вопросы изучения современного адыгейского
романа // Проблемы адыгейской литературы и фольклора.
Майкоп, 1997.
20.
Мамий Р.Г. Пути адыгского романа. Майкоп, 1977.
21.
Машбаш И. Ш. Адыги. М. , 2003.
22.
Мусукаева А. Х. Северокавказкий роман. Н. ,1993.
23.
Надьярных Н.С. Роман и духовная жизнь общества //
Новаторство. Поэтика. Типология. М. , 1978.
24.
Опрышко О. Л. По стопам истории. Н. , 1990.
25.
Опрышко О. Л. Урыс пащтыхьым и щхьэгъусэ // Адыгэ псалъэ.
Сентябрым и 1. 1999.
26.
Сакиева
С.М.
Философско
–
нравственные
аспекты
современной адыгской прозы // Современный литературный
процесс. Герой и время. Черкесск, 1988.
27.
Словарь кабардино – черкесского языка. М. , 1999.
28.
Схаляхо
А.А.
Идейно
–
художественное
становление
адыгейской литературы. Майкоп, 1988.
29.
Схаляхо
Д.С.
Историко-типологический
анализ
образов в фольклоре и литературе. Майкоп, 2001.
30.
Тхагазитов Ю. М. Адыгейский роман. Н. , 1987.
45
женских
31.
Хажироков Х. Х. Жизнь и литература. М. , 2002.
32.
Хакунов М. , Черкессов А. Адыги и их обычаи. Майкоп, 2002.
33.
Шаов К. Г. Адыгские пословицы и поговорки. Н. , 1998.
34.
Шаззо К. Г. Время и герой современной прозы // Дружба. Н. ,
1973.
35.
Шаззо К. Г. Художественный конфликт и эволюция жанров в
адыгских литературах. Тбилиси, 1978.
36.
Шевлоков П. Ж. Мелодии жизни. Н. , 1994.
37.
Шик
Э.Г.
Проблема
историзма
в
литературоведении. М. , 1984.
38.
Юдин В. А. Человек. История. Память. М., 1990.
46
современном
Download